«Эльбрус» тхылъ тедзапIэр илъэс 90 ирокъу
«Эльбрус» тхылъ тедзапIэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 90 ирикъуащ. А зэман кIыхьым къриубыдэу абы сыт хуэдэ увы-пIэ щиIыгъа ди республикэм и гъащIэм, иджы и Iуэху зытетхэр сыт? Абыхэм тедгъэпсэлъыхьыну дыIущIащ тхылъ тедзапIэм и унафэщI Ацкъан Руслан.
ЩХЬЭУСЫГЪУЭ гуэр зимыIэ щыIэкъым. Ди тхылъ тедзапIэри ауэ сытми уафэм къехуэхакъым. Ар къыщыунэхуа зэман жыжьэм ди щIыналъэм щыпсэухэм я нэхъыбапIэр иджыри щIэныгъэншэу зэрыщытам псори дыщыгъуазэщ. ЩIэныгъэм лъагъуэ хупхызыша гуэрхэри диIэт, ауэ абыхэм я зэфIэкIыр цIыхухэм я деж зэрынагъэсын Iэмалыр мащIэт. Абы и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ иIащ игъуэ дыдэу къызэрагъэпэща тхылъ тедзапIэм. Ар къызэрагъэпэщри, тхакIуэхэри, усакIуэхэри къэунэхуу хуежьащ. Мис абдежщ нобэ дызэрыгушхуэ литературэм и щIэдзапIэр. Дунейм къытехьэу хуежьащ лъэпкъ литературэхэм я лъабжьэр зыгъэтIылъа ПащIэ Бэчмырзэ, Мечиев Кязим, ЩоджэнцIыкIу Алий сымэ я тхыгъэхэр, дахэу утыку къихьащ иужькIэ литературэм и классик хъуахэу КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын. Абыхэм къакIэлъыкIуащ нэгъуэщI тхакIуэ, усакIуэ гъуэзэджэхэри, щIэныгъэлI бэлыхьхэри. А псори тхылъ тедзапIэм къекIуэлIэжырт. Абы къигъэувырт тхылъ тедзапIэм и зэфIэкIым зэпымыууэ хигъэхъуэн хуейуэ. Псори зэпыщIащ.
Лэжьэн щыщIидза гъэм тхылъ тедзапIэм цIыкIу-инми адыгэбзэкIэ, балъкъэрыбзэкIэ, урысыбзэкIэ тхылъ 36-рэ къыдигъэкIащ. ГъэщIэгъуэнракъэ, дэтхэнэ зы тхылъри минитI нэхърэ нэхъ мащIэ хъуртэкъым. Нобэ дыщIохъуэпс апхуэдэ бжыгъэм. Пэжщ, сабийхэр зэреджэ тхылъхэр нэхъыбэу къыщыдэдгъэкIи щыIэщ, ауэ художественнэ тхыгъэхэр, ди щIэныгъэлIхэм я лэжьыгъэхэр языныкъуэхэм деж мащIэ дыдэу къыдэдгъэкIын хуей мэхъу. Абы щхьэусыгъуэ зыбжанэ иIэщ. Зэран мэхъу интернетри, абы зи псэр ихьэхуа цIыхухэр тхылъ зэрыхуэмеижри. Ауэ, сэ сызэреплъымкIэ, мыбы нэгъуэщI зыгуэри хэлъщ: япэм щыгъуэ тхылъыр унэлъащIэм щыщу, ар ямыIэмэ, унагъуэм и пщIэр нэхъ лъахъшэ хъууэ къэзылъытэ куэд щыIащ, иджы тхылъ къэзыщэхур абы еджэнуращ. «Унэм сывгъэхьи севгъаджэ, Iэ еIусауэ умыщIэну пщэдей къыфхуэсхьыжынщ», - жаIэу къытхуэкIуэхэри щыIэщ. Ди тхылъхэм я уасэр ма-щIэ дыдэми, ахэр къызыхуэмыщэхухэр щыIэщ. Абы дегъэпIейтей. КIэщIу жыпIэмэ, нобэ мылъку зиIэм щыщу тхылъ хуейр мащIэщ, тхылъ хуейм ар къызэрищэхун къыщыхудэмыгъахуэ къохъу. Тхылъ щапIэ ди къуажэхэм зэрыдэмытыжри хуабжьу зэран мэхъу. ИтIани, тхылъыр зи псэм хэзымыхыр мащIэкъым. Шэч хэлъкъым ди литературэм нобэ зэрызиужьам, къэралпсо утыкум ишэн хуей тхакIуэ, усакIуэ куэд дызэриIэм, ауэ ди зэфIэкIыр нэхъ мащIэ зэрыхъуар абы зэран хуохъу. Тхыгъэ нэхъыфIхэр урысыбзэкIэ зыхуей хуэзауэ зэдзэкIын, къыдэгъэкIын хуейщ, абы текIуэдэну мылъкур дыщимыIэкIэ - IуэхуфIыр лъэхъа мэхъу.
Нобэ ди IуэхущIафэхэмкIэ, тхузэфIэкIхэмкIэ къэдгъэзэжынщ. Ди лэжьыгъэм сыт щыгъуи увыпIэш-хуэ щиубыду щытащ ди сабийхэр зэреджэ тхылъхэр къыдэгъэкIыным, иджыри ар ди къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыуэ къыдолъытэ. Ди лэжьакIуэхэм яхузэфIэкI халъхьэ а тхылъхэр нэхъри егъэфIэкIуэным. Ахэр зыхуей хуэзэн щхьэкIэ, иджыри лэжьыгъэшхуэ егъэкIуэкIын хуейщ, ар зы махуэкIэ зэфIэкIын Iуэхукъым, ауэ Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмкIэ министерствэмрэ ди тхылъ тедзапIэмрэ зэгурыIуэу абы иужь итщ. Мыбдежым мыри щыжысIэну сыхуейт. Адыгэбзэр, балъкъэрыбзэр зымыщIэхэм, ауэ зэзыгъэщIэну хуейхэм щхьэкIэ дэ тхылъ щхьэхуэхэр къыдыдогъэкI, зэрылажьэ тетрадхэри я гъусэу. Ди гуапэ зэрыхъущи, урысхэми къахокI а тхылъхэмкIэ ди бзэхэр зыджхэр. Тхылъ тедзапIэм и ехъулIэныгъэхэм ящыщу къызолъытэ 1957 гъэ лъандэрэ къыдэмыкIауэ къыдэдгъэкIыжа адыгэ-урыс, урыс-адыгэ псалъалъэхэр. Абыхэм хэлэжьыхьыжащ щIэныгъэлI гуп. Апхуэдэу иджыблагъэ ди деж къыщыдэкIащ «Адыгэбзэм и псалъэгъэнахуэ» псалъалъэ гъуэзэджэр, ар зэхилъхьащ щIэныгъэлI БищIо Борис. Дунейм къытехьащ балъкъэрыбзэр зыджхэм щхьэкIэ балъкъэр-урыс, урыс-балъкъэр псалъалъэхэри. А псалъалъэхэм мыхьэнэшхуэ яIэщ ди бзэхэр джынымкIэ, абыхэм зегъэужьынымкIэ.
Дэ урысыбзэкIэ къыдыдогъэкI серие зыбжанэ, тхыдэм епхауэ, щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа ди цIыху щэджащэхэм ятеухуауэ. А тхылъхэм щIэупщIэшхуэ яIэщ. ЕджапIэхэм щхьэкIэ къыдэкI «Школ библиотекэ» серием хохьэ ди усакIуэ пажэхэм я тхыгъэ нэхъыфIхэр, егъэджакIуэхэм, еджакIуэхэм нэхъыбэу къагъэсэбэпын хуей хъухэр.
Художественнэ тхыгъэхэр къыдэгъэкIыным мыпхуэдэ бгъэдыхьэкIэ худиIэщ. Япэрауэ, ди тхакIуэ, усакIуэ нэхъыжьхэм, ди литературэхэр зэфIэзыгъэувахэм, я тхылъхэр щIэх-щIэхыурэ къыдэгъэкIыжын хуейщ. ЕтIуанэрауэ, нобэ къытхуахь тхыгъэщIэхэм я нэхъыфIхэр дунейм къытегъэхьэн хуейщ. Ещанэрауэ, ди литературэхэр япэкIэ зыгъэкIуэтэн щIэблэ къэгъэтэджыным ди зэфIэкI хэтлъхьэн хуейщ. А псоми епIэщIэкIыпхъэщ, а тхылъхэр игъуэу къыдэкIыным мыхьэнэуэ иIэр къэплъытэу щытмэ. Япэ зи гугъу тщIахэм щхьэкIэ дэ къетхьэжьащ «Адыгэ литературэм и лъагапIэхэр», «Балъкъэр литературэм и лъагапIэхэр» сериехэр. Апхуэдэ япэ тхылъыр, Шортэн Аскэрбий и романхэр щызэхуэхьэсар, иджыблагъэ дунейм къытехьащ. А Iуэхугъуэр адэкIи дгъэкIуэтэну ди мурадщ. Тхэн щIэзыдзахэм щхьэкIэ къызэIутхащ «КъудамэщIэ» сериер, апхуэдэ тхылъ хъарзынэ зыбжани дунейм къытехьакIэщ, куэдым ягу зэрырихьами дыщыгъуазэщ.
Ди сабийхэм хуатха усэхэр, рассказхэр щIэх-щIэхыурэ дунейм къытыдогъэхьэ, сурэткIэ гъэщIэрэщIауэ. А тхылъ цIыкIухэм щIэупщIэ зэраIэм егъэлеяуэ дыщогуфIыкI. Ди сабийхэм анэдэлъхубзэр ящIэу къэгъэтэджыныр ди къалэн нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщ зыуэ къыдолъытэж. ЩIэх-щIэхыурэ къыдыдогъэкIыж адыгэ, балъкъэр таурыхъхэр. Дызэрыт гъэм адыгэбзэкIи, балъкъэрыбзэкIи дунейм къытехьэнущ псалъэжьхэр, къуажэхьхэр, нэщэнэхэр, псынщIэрыпсалъэхэр щызэхуэхьэса тхылъхэр. Ахэр еджакIуэхэми къагъэсэбэпын хуэдэу зэхэлъхьащ.
ИтIанэ. Сэ куэдрэ жызоIэ адыгэ, балъкъэр литературэхэр ди къэралым ис адрей лъэпкъхэм я литературэхэм куэдкIэ ефIэкIыу нобэ зэрыщытыр. Ар псалъэ къудейкъым, литературэхэм зэрызаужьым дызэрыкIэлъыплъым къигъэщIа гупсысэщ. А Iуэхугъуэм дэ нэхъыбэж ди пщэм къыделъхьэ дунейм къытехьэ тхыгъэфIхэр и зэманым къыдэгъэкIынымкIэ, ахэр хъума хъунымкIэ. А Iуэхугъуэм мыхьэнэшхуэ иIэщ ди бзэр къызэтена хъунымкIэ, зиужьынымкIэ. КIэщIу жыпIэмэ, лэжьыгъэ ди куэдщ. Къэралым тIэкIу зыкъытщIигъэкъуэжмэ, ди Iуэхур мыIейуэ екIуэкIыну догугъэ. Псори щIэтщIэжыр тхылъеджэхэращи, абыхэм ягу зэрыдгъэзэгъэным и ужь дитынщ.