Гум фIэфI зэштегъэупIэ хуэдэу къыщIидзэу, хьэпшып гъуэтыгъуейхэр зэхуэхьэсыныр IэщIагъэ зыхуэхъужа Тхьэкъуахъуэ Iэуес сыт щыгъуи щIэщыгъуэу дыхешэ дамыгъэхэм я дунейм. Ди нобэрей зэIущIэм щхьэусыгъуэ хуэхъуар Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэси 100 зэрырикъум ирихьэлIэу зэхуэхьэсакIуэм (коллекционерым) тхуигъэхьэзыра хъугъуэфIыгъуэхэрщ.
- Хьэпшып зэхуэхьэсыныр нэхъыбэм къазэрыщыхъур зэштегъэупIэущ. Ар цIыхур зыхуэныкъуэ IэщIагъэу сыт жозыгъэIэр?
- Коллекционер IэщIагъэмрэ ауэ сытми хьэпшып зэхуэпхьэсынымрэ зыгуэркIэ зэщхьэщокI, шэч хэмылъу. ЗэхуэхьэсакIуэм зэманышхуэ трегъэкIуадэ и хъугъуэфIыгъуэхэр Iыхьэ-Iыхьэу игуэшыным, ахэр зыщIахэр, къыздикIахэр, дунейм къытехьэным щхьэусыгъуэ хуэхъуахэр иджыным. ЗыплъыхьакIуэм ещхьу пхужыIэнущ ар. Гъуэгу теувэн ипэкIэ зыхуэныкъуэ гуэр къыздилъыхъуэм, ар здэщылъыр фIыуэ зрегъащIэ, занщIэу а лъэныкъуэмкIэ еунэтIри, зыхуей хьэпшыпыр зыIэрегъэхьэ. Дэтхэнэ цIыхуми езым зыкъыщицIыхуж Iуэху бгъэдыхьэкIэ щиIэкIэ, коллекционерым а мурадыр зэрызригъэхъулIэр мыхьэнэ пыухыкIа зрипх хьэпшыпхэр зэхуихьэскIэрэщ. А дамыгъэ лъапIэхэм епха щIэныгъэр цIыхум къыхуэщхьэпэн хуэдэу зэрызэригъэзахуэмкIэщ. Андроников Ираклий и псалъэ шэрыуэ щыIэщ а псори нэхъ кIэщIу къыдгуригъаIуэу: «ЗэхуэхьэсакIуэр еш зимыIэ музей лэжьакIуэм ещхьщ. Къэрал хъумапIэмрэ гъащIэмрэ зэпызыщIэ лъынтхуэм хуэдэщ ар».
- Коллекционерым хьэпшыпхэр зэхуихьэс къудеймэ, уэ, зэрытщIэмкIэ, махуэшхуэхэм егъэщIылIа дамыгъэщIэхэри къыдэбгъэкI хабзэщ. ФокIадэм дгъэлъэпIэну КъБР-м и илъэси 100-ми зыгуэрхэр хуэбгъэтIыгъуэрэ?
- ЩIыналъэм и махуэшхуэм хуэдгъэхьэзыра хьэпшыпхэр лIэужьыгъуэ зыбжанэу пхуэгуэшынущ: пощт маркэхэр, адэкIэ – письмоулъэхэр, тхылъхэр, бгъэхэIухэр, къинэмыщIхэр. Къудамэ щхьэхуэу щыт «фалеристика»-ми дыхэIэбащ иджы. Ар орденхэр, медалхэр, абыхэм хуагъадэ нэгъуэщI дамыгъэхэр къыщIыдагъэкIа щхьэусыгъуэм тепсэлъыхь дэфтэрхэрщ. Гулъытэншэу къэбгъанэ хъунукъым къэралым и нэпкъыжьэ зытелъ ахъшэжьхэри. Псом щыщи КъБР-р илъэси 100 зэрырикъум хуэдгъэхьэзыращ.
- Иджырей цIыхухэм я тхыгъэхэр интернет IэмалкIэщ нэхъыбэу зэрызэIэпахыр. Пощт маркэхэмрэ письмоулъэхэмрэ я зэманыр имыкIауэ пIэрэ?
- Пощт маркэхэр, зэрыфщIэщи, тхылъымпIэм къыхэщIыкIа дамыгъэ зэпэплIимэщ, къыщыдэкIа пощт администрацэм и цIэр тету. Куэдрэ абы трагъауэ щхьэусыгъуэ гуэрым ехьэлIа сурэтхэр. Псалъэм папщIэ, 1971 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрыр илъэс 50 щрикъум, миллиметр зэбгъузэнатIэ 12 и инагъыу маркэ къыдэкIауэ щытащ, и гъунэхэр дэбзыкIауэ, кIэпIейкIи 4 и уасэрэ и бжыгъэр мелуани 4,6-м нэсу. Ар игъэхьэзырат сурэтыщI Косоруков Юрий.
Республикэр илъэс 60 щрикъум, 1981 гъэм, ардыдэр и инагъыу, бжыгъэкIэ мелуани 3-м нэсу, Колесников Николай игъэхьэзырауэ щыта маркэр къыдагъэкIат. Пощт маркэхэр дуней псом щызэхуахьэс. ЩIэныгъэ хъумапIэу жыпIэ хъунущ ахэр. ЦIыхум и сабиигъуэр, и щIалэгъуэр, езыр щыпсэуа, здэщыIа щIыпIэхэр ягу къагъэкIыж маркэхэм. Пощт IуэхукIэ хуэмыныкъуащэми, зэманым и нэщэнэу щыщыткIэ, гъуэгугъэлъагъуэм ещхьу, дымыщIэ гуэр къэтщIэнымкIэ сэбэп къытхуэхъу адрей Iэмалхэм куэдкIэ къакIэрыхуркъым маркэхэр, япэ имытмэ.
- Письмоулъэхэми ардыдэр яхужыпIэ хъуну къыщIэкIынщ.
- Шэч хэмылъу. Письмоулъэхэр Брайтон инджылыз къалэрщ къыщежьар. 1820 гъэм ахэр къигупсысат Брюэр унэцIэр зезыхьэ гуэрым. ИщхьэкIэ зи гугъу тщIа пощт маркэхэри, письмоулъэхэри, открыткэхэри хеубыдэ «филателие» жыхуаIэ пощт хуэIуэхущIэ тхылъымпIэхэр зэхуэзыхьэс къудамэм.
Ди щIыналъэр сыт хуэдэ щIыкIэкIэ хиубыдэрэ а Iуэхум жыпIэмэ, 1970 гъэм КъБАССР-р илъэс 50 щрикъум ирихьэлIэу, кIэпIейкIи 7 зи уасэ письмоулъэ къыдагъэкIауэ щытащ. Ари зыгъэхьэзырар Косоруковырт. Письмоулъэм дэщIыгъут пощт открыткэрэ тхылъ напэкIуэцIым далъхьэрэ. 1971 гъэм фокIадэм и 1-м письмоулъэм республикэм и ныбжьыр къызытещ мыхъур трагъауэри, яутIыпщауэ щытащ.
Письмоулъэ щхьэхуэ къыхудагъэкIат республикэр илъэс 60 щрикъуми, 1981 гъэм. КIэпIейкIи 5 зи уасэ а конвертри 1981 гъэм фокIадэм и 1-м яутIыпщауэ щытащ.
КъБР-м и Коллекционерхэм я зэгухьэныгъэм и жэрдэмкIэ, 2022 гъэм ипэм «Марка» IуэхущIапIэм къыдигъэкIащ КъБР-р илъэси 100 зэрырикъум егъэщIылIа письмоулъэ.
- Уэ нэхъыбэм укъызэрацIыхур уи тхылъ тыкуэнымкIэщ. ТхылъыщIэхэм нэмыщI, нэгъуэщIыпIэ щамыгъуэт тхылъыжьхэри уи деж къыщалъыхъуэ. Ари зыгуэркIэ епха зэхуэхьэсын Iуэхум?
- Тхылъым гу хуэпщIамэ, абы епха лэжьыгъэ псоми хуэм-хуэмурэ ухэпщIэ къыщIэкIынщ. Тхылъ зэхуэхьэсыным епха къудами иIэщ коллекционер IэщIагъэм. Абы зэреджэр библиофилиещ. Ауэ тхылъхэр фIыуэ лъагъун жиIэм къикIыр ахэр зэхуэхьэсынымрэ зэхэдзынымрэ я закъуэкъым. Ахэр щIэбджыкIынри пфIэфIу щытын хуейщ. Нобэ дызытепсэлъыхь республикэм и махуэшхуэм и гугъу тщIымэ, 1946, 1971, 1981 гъэхэм къыдэкIауэ щытащ республикэм къэралыгъуэр зэрыщызэфIэувам тепсэлъыхь тхылъхэр. 1971 гъэм, КъБР-р илъэс 50 щрикъум ирихьэлIэу къыдэкIауэ щыта «Кабардино-Балкарская правда» газетым и къыдэкIыгъуэр къэдгъуэтыжащ. «Ленин гъуэгуми» долъыхъуэ.
- Махуэшхуэхэм ирихьэлIэу медаль гъэщIэгъуэнхэри къыдагъэкI хабзэщ…
- Пэжщ. НэгъуэщI щхьэусыгъуэхэм папщIэ пщэм иралъхьэ медалхэр къыдагъэкIмэ, мы зи гугъу тщIы махуэшхуэ дыдэхэм ирихьэлIэу, стIолым трагъэувэ тралъхьэ медалхэри къыдагъэкI. Ахэр е блыным фIадзэ (блын медаль), е лэжьапIэ стIолхэм трагъэзагъэ (стIол медаль). Ди республикэм стIол медаль къыщыдагъэкIауэ щытащ «Телемеханика», СКЭП, къинэмыщI IуэхущIапIэхэм. ИнагъкIэ зэхуэмыдэу 1971 гъэм къыдагъэкIат гъущIым къыхэщIыкIа, КъБАССР-р илъэс 50 щрикъум хуэгъэфэща, стIолым тебгъэувэ хъу медаль. Апхуэдэ дыдэу 1981 гъэм – КъБАССР-р илъэс 60 щрикъум. 2001 гъэм къыдагъэкIа медалыр хуагъэфэщат КъБР-м и къэралыгъуэр илъэс 80 зэрырикъум.
- НетIэ зи гугъу пщIа «фалеристика» псалъэм и мыхьэнэр дауэ къызэрыбгурыIуэнур?
- Фалеристикэр щIэныгъэ псо мэхъу. Абы едж орденхэр, медалхэр, дэтхэнэ бгъэхэIу лIэужьыгъуэхэри, абыхэм епха дэфтэрхэри. Псалъэм папщIэ, цIыхум цIэ лъапIэ къызэрыхуагъэфэщам, еджапIэр къызэриухам, къинэмыщI щхьэусыгъуэхэм епха- хэр.
Дамыгъэ куэд хуагъэфэщауэ щытащ КъБАССР-р илъэс 50, 60 щрикъуа махуэхэм. Ахэри фэдгъэлъагъуну ди мурадщ.
- Фэеплъ дамыгъэхэм я гугъу тщIын щыщIэддзэм, хьэпшып зэхуэхьэсыныр цIыхум и гум илъыр къызэригъэнаIуэ Iэмал хуэхъу хуэдэу къыхэщащ уи жэуапым?
- Хьэпшып зэхуэхьэсыныр цIыхум и зэш зэрытригъэу Iэмалхэм я нэхъ зызыубгъуащ жыпIэмэ, ущыуэнукъым. Коллекционерхэм гъащIэм дахагъэу хэтым гу нэхъ лъатэу къысщохъу. Псалъэм папщIэ, фарфорым къыхэщIыкIа хьэпшыпхэр нэхъ лъапIэ дыдэхэм хабжэ. Хэти и унэм фIэфIу щехъумэ езым фIэфI сурэтхэр къызытещ хьэкъущыкъухэр. 1971гъэм КъБАССР-р илъэс 50 щрикъум шей зэрефэ хьэкъущыкъу зэрытрэ Iэгубжьэрэ ящIат. 1981 гъэм – республикэр илъэс 60 щрикъум – а махуэшхуэм и дамыгъэр стэчанхэм нэхъ яхъумэну къафIэщIащ. А псори иджы унагъуэ-унагъуэкIэ щызэрахьэ. Коллекционер зыфIамыщыжми, псоми, мащIэ-куэдми, яхэлъ къыщIэкIынщ фэеплъ зэхуэхьэсыным и Iыхьэ гуэр. ЦIыхур гъащIэм зэрыщыгуфIыкIым и нэщэнэщ ахэр, мыхьэнэ имыIэуи пхужыIэнукъым.
- Коллекционерхэм я нэхъыбэм, сыщымыуэмэ, къызэрыщIадзэр ахъшэжьхэр е ахъшэ жьгъейхэр зэхуахьэсурэщ.
- Ахъшэжь фIэпщми, ахъшэ жьгъейхэр жыпIэми, абыхэм тхыдэри, географиери, лъэхъэнэри къатощ. Уеблэмэ ар къыщыдагъэкIа ахъшэщI IуэхущIапIэм и лъэужь телъщи, абыи куэдым ухуешэ. ЗэхуэхьэсакIуэхэм къаIэрыхьэ хабзэщ щыуагъэ зэраIэщIэкIа къудейм щхьэкIэ банкым къимыщта, лажьэшхуэ зимыIэ ахъшэщIэхэри. Апхуэдэхэм я щапхъэу щыIэщ 2022 гъэм, КъБР-м илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу, ХъумапIэ банкым къыдигъэкIа, 925-нэ пробэр зытелъ дыжьыным къыхэщIыкIа, грамм 31,1-рэ зи хьэлъагъ, соми 3 зи уасэ медалыр.
Сурэтхэм щыволъагъу Тхьэкъуахъуэ Iэуес зи гугъу къытхуищIа щэнхабзэм и хъугъуэфIыгъуэхэр. Ахэр фокIадэм, КъБР-р илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу, утыку кърихьэнущи, зыхэвмыгъэкIыж.