Шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным теухуауэКъБР-м Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек видеоконференц жыпхъэм иту хэтащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм щыIэ Чайкэ Юрий и нэIэм щIэту екIуэкIа, шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным, коррупцэм пэщIэтыным, хабзэр хъумэным теухуауэ ЗэзыгъэуIу зэхуэсым и зэхыхьэм. ЗэIущIэм хэтащ УФ-м цIыхубэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и министрым и къуэдзэ Корнеев Андрей, Террорым пэщIэтынымкIэ лъэпкъ комитетым и аппаратым и унафэщIым и къуэдзэ Новиков Андрей, КИФЩI-м и щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр. Абы щытепсэлъыхьащ щIыналъэм и егъэджэныгъэ IуэхущIапIэхэр террорым щыхъумэнымкIэ ирагъэкIуэкIхэр щIэгъэхуэбжьэным и лъэныкъуэкIэ щыIэ хэкIыпIэ нэхъыщхьэхэм, Iэпхъуэшапхъуэ IэнатIэм хабзэр къыщызэпемыгъэудынымкIэ хабзэхъумэ органхэм я лэжьыгъэм кърикIуахэм.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 10:00 →
Улахуэр аргуэру къаIэтынущ
04.05.2024 - 09:00 →
Егъэджэныгъэм и мардэщIэхэм хуокIуэ
30.04.2024 - 11:00 →
Унагъуэр - жылагъуэр зэтезыIыгъэщ
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 13:44 →
ЩытыкIэр я нэIэ щIэтщ
|