Псыдзэм зыхуагъэхьэзыр

КъухьэпIэ-Каспий псыгуэн округым и Бассейн советым и зи чэзу зэIущIэр иджыблагъэ КъБР-м и Правительствэм щригъэкIуэкIащ абы и унафэщI Курбанчиев Гусейн.

КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий Псы хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ федеральнэ агентствэмрэ КъухьэпIэ-Каспий псыгуэным и IуэхущIапIэмрэ я унафэщIхэм фIыщIэ яхуищIащ къуажэхэмрэ жылэхэмрэ псыдзэм щыхъумэным, гидротехникэ ухуэныгъэхэр шынагъуэншэу щытыным зэпымыууэ я нэIэ зэрытрагъэтым папщIэ.
КъБР-м щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министр Шаваев Ильяс жиIащ республикэм и къуршыпс Iуфэу километр 744-м псыдзэ къыщехынкIэ шынагъуэ зэрыщыIэр. ЯтIэпсымрэ псымрэ ящIэуэнкIэ хъунущ цIыху мини 150-м щIигъум. 2018 гъэм ирагъэкIуэкIа къэпщытэныгъэхэм къагъэлъэгъуащ псыежэх нэхъ шынагъуэ дыдэхэр. Ахэр - Тэрч, Балъкъ, Шэрэдж, Налшык псыхэрщ. Бахъсэн псыежэхыр нэхъ къыхагъэщхьэхукI Тырныауз къалэмрэ Эльбрус, Нейтринэ, Бахъсэн Ипщэ къуажэхэмрэ я Iэгъуэблагъэм хуэзэу зэрышынагъуэмкIэ.
Мы гъэм министерствэм и мурадщ Бахъсэным Герхожан-Суу псыежэхыр къыщыхэлъадэм деж псыжапIэр щигъэкъэбзэну. Апхуэдэ лэжьыгъэр километр 1,2-м и кIыхьагъкIэ щрагъэкIуэкIынущ.
Министрым къызэрыхигъэщамкIэ, псы Iуфэхэм я быдапIэ 72-м ящыщу 46-м я щытыкIэр щIагъуэкъым. Ахэр зэрызэрагъэпэщыжыну Iуэхур къыщыгъэлъэгъуа дэфтэрхэр ягъэхьэзыращи, мы зэманым хоплъэ.
КъищынэмыщIауэ, 2019 - 2020 гъэхэм министерствэм и мурадщ псы Iуфэхэм я быдапIэ нэхъ шынагъуитхур - Белэ речкэ, Аушыджэр, Старэ Шэрэдж, Псыгуэнсу, Прималкинскэ къуажэхэм хуэзэу - зэрагъэпэщыжыну. Псоми зэхэту километри 6-м щIигъу къызэщIрагъэубыдэнущ, абы щыщу мы гъэм елэжьынущ километр 1,2-м.
- Уэсым и Iувагъыр къапщытэу гъатхэпэ - мэлыжьыхь мазэхэм траха сурэтхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, псы гъэтIылъыгъэр адрей илъэсхэм елъытауэ хуэдэ 1,4-кIэ нэхъ мащIэщ. Ауэ къэлъытэн хуейщ уэсыр зэрыпIащIэм къыхэкIыу, мылылъэхэри нэхъ пасэу ткIункIэ зэрыхъунур. Абы къикIращи, ятIэпсыр къехынымкIэ шынагъуэ нэхъыбэ щыIэщ, - жиIащ Гидрометеорологиемрэ дыкъэзыухъуреихь дунейм кIэлъыплъынымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэр центрым и унафэщI Богаченкэ Евгений.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ Тэрч псыежэхым и къабзагъэмрэ теплъэмрэ зэрелэжьыну проект зэрызэхагъэувэну щIыкIэм. Мы зэманым апхуэдэ программэ щхьэхуэкIэ Псыжь псыежэхым йолэжь. Курбанчиев Гусейн къыхигъэщащ зи унафэщI IуэхущIапIэр а псомкIи щIэгъэкъуэн къазэрыхуэхъунур.
 

КАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.
Поделиться: