ПСЫМ КЪЕГЪУЭТЫЖ ЕЗЫМ И ЖАПIЭ

Зэгуэр Кулиев Къайсын жиIэгъащ: «И талантыр нэхъ иныху, цIыхум псалъэ гуапэ нэхъыбэ лъос. Абы и цIэр лъагэу Iэтыпхъэщ, дахэкIэ къиIуэн хуейщ, ауэ ар тыншкъым пщIэну». Пэжу, усакIуэфIым утепсэлъыхьыныр  Iуэху гугъущ. Гугъуми, сыхуейщ илъэс щэщIым щIигъуауэ сцIыху,  си ныбжьэгъу пэж, зи IэдакъэщIэкIхэм фIыуэ сыщыгъуазэ Бицу Анатолэ папщIэ псалъэ гуапэ жысIэну.
Анатолэ 1946 гъэм Андемыркъан щэджащэм и жьэгу Аушыджэр къуажэм къыщалъхуащ.
Лъахэм хуэпэж цIыхур сыт щыгъуи лъагъуныгъэ гуащIэкIэ епхащ щалъхуа щIыпIэм. А щалъхуа щIыпIэм деж абы и гум щыхыхьа, Iэпкълъэпкъ псом щыпкърыхьа гурыщIэрщ Хэкум хуищI лъагъуныгъэшхуэм хэкIыпIэ хуэхъур.
И жылэжь Аушыджэрщ Бицум япэ дыдэу щызыхищIар гуащIэдэкIым и къарур, ижькIэрэ вакIуэ пщIэнтIэпс шыугъэр зыщIэзыфа щIылъэ-анэм и IэфIагъыр. Абдежщ къыщищIар абы гуащIэдэкIым нэхъ къарууфIэ, нэхъ жан, гу хьэлэл узэрищIыр.
Бицум пасэу дунейм еплъыкIэ щхьэхуэ хуигъуэтащ. УсакIуэ гуэрым зэ зэрыжиIауэ, «уафэм и хъуаскIэр хьэпцIий пакIэм» хилъагъуэ хъуащ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, и гущIэм усакIуэ къыщыушащ. И гум къыщыхъеящ дунейм и уафэгъуагъуэри и даущ мащIэ дыдэри зэхозыгъэх, плъыфэу щыIэм нэр езыгъэплъ, накъыгъэм къыпих мэ гуакIуэр къыпщIезыгъэхьэ гурыщIэ лъэщ. Абы тхэн щIидзащ етхуанэ классым щIэсу, ебланэм нэсауэ и япэ усэр газетым къытрадзащ.
Аушыджэр курыт еджапIэр къиуха нэужь, Анатолэ ди университетым и адыгэ отделенэм щIотIысхьэ, етIуанэ курсым щIокIри, Горькэм и цIэр зезыхьэу Москва дэт Литературнэ институтым щоджэ. Абы Анатолэ нэIуасэ щыхуохъу усакIуэ цIэрыIуэ Къэшэж Иннэ. Аращ Бицум и усэхэр урысыбзэкIэ зэзыдзэкIыу щIэзыдзар. «Iуащхьэмахуэ щхьэщыт лэгъупыкъу» псалъащхьэм щIэту «Дружба народов» журнал пIащэм 1968 гъэм къытехуа усэ циклышхуэмкIэ Анатолэ Союзпсо тхылъеджэм и пащхьэ ихьауэ щытащ. Усэхэр урысыбзэм шэрыуэу иригъэтIэсат Къэшэж Иннэ. Мы IуэхумкIэ фIыщIэшхуэ бгъэдэлът тедзэныр   къызэзыгъэпэща,  абы псалъапэ гуапэ хуэзытха КIыщокъуэ Алим...
Ещанэ курсым щеджэу Анатолэ Налшык къыщыдигъэкIащ и япэ усэ тхылъыр. Абы фIищауэ щытащ щIагъыбзэ зыщIэлъ цIэ: «ГуфIапщIэ». ЩIагъыбзэу абы щIэлърат: «Сымис, хъыбар фызогъащIэ. ГъащIэм сыпсэуну, сытхэну къызита насыпым и пщIэу си гуащIэдэкIыр фи пащхьэ изолъхьэ». Ар зэхахащ тхылъеджэхэми. Критикхэми гу лъатащ абы усакIуэ цIэр зэрыхуэфащэм. Макъыбэу зэщIэжьыуэ ди  поэзием макъыщIэ, макъ къабзэ къыхэхъуащ.
УсакIуэм и етIуанэ тхылъыр, «Зы дакъикъэ» зыфIищар, усэ фIыуэ зылъагъухэм яIэрыхьащ 1971 гъэм.
ТхылъыщIэр усакIуэм и творческэ Iэзагъэм зэрыхэхъуам и гъуджэщ. Абы еджэм гу лъимытэнкIэ Iэмал иIэкъым ар зи IэдакъэщIэкIыр гъащIэм куу дыдэу зэрыпхыплъыфым, абы лъагъуныгъэшхуэ зэрыхуиIэм, цIыхум и гуфIэгъуи гурыгъуи езым ей дыдэм хуэдэу зэрызыхищIэм.
1971 гъэм Литературнэ институтыр къеухри Бицум Налшык къегъэзэж. ИкIи абы къыщыщIэдзауэ нобэр къыздэсым ар щолажьэ Къэбэрдей-Балъкъэр «Эльбрус» тхылъ тедзапIэм. ЯпэщIыкIэ художественнэ литературэмкIэ отделым и редактору, итIанэ
отделым и унафэщIу, иужьрей илъэсхэм - тхылъ тедзапIэм и редактор нэхъыщхьэу. IэнатIэ гугъу зыпэрытхэм къыдэкIуэу, общественнэ къалэнхэри игъэзащIэу   Бицур къокIуэкI. Псалъэм папщIэ, абы лэжьыгъэ   пыухыкIа хуищIащ и IуэхущIапIэр зыхиубыдэу щыта Налшык къалэм и Ленинскэ районым - партым и райкомым хэту, райсоветым и цIыхубэ депутату. Илъэс зыбжанэ хъуауэ Анатолэ хэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым и ТхакIуэхэм я союзым и правленэм, Къэрал саугъэтхэмкIэ республикэм щыIэ комиссэм. Литературэм зигури зи псэри итхьэкъуа усакIуэм и творчествэм зиужь зэпытщ. 1974 гъэм, и япэ тхылъитIым и фIагъыр къалъытэри, ар хагъэхьэ СССР-м и ТхакIуэхэм я союзым. Абы къыщыщIэдзауи, зым иужь зыр иту жыхуаIэм хуэдэу, зым нэхърэ адрейр нэхъ купщIафIэу дунейм къытохьэ Бицум и тхылъыщIэхэр: «Фэеплъ»,  «Псалъэ быдэ», «Гуэл щхъуантIэ», «Балъкъэр пшыналъэ» (адыгэбзэкIэ); «Стремление», «Человек и небо», «Сквозь сердце», «Мотив», «От весны до весны» (урысыбзэкIэ). Ахэр къыщыдокI Налшыкрэ Москварэ, тхылъ щхьэхуэхэм псалъапэ хуатх Тхьэгъэзит Зубер, Сокъур Мусэрбий, КIыщокъуэ Алим... Анатолэ жыджэру хэтщ республикэм и литературнэ гъащIэм. Мызэ-мытIэу ар кIуащ Винницэ, Ригэ, Липецк, Ростов, Москва щекIуэкIа декадэхэм, ТхакIуэхэм я съездышхуэ зыбжанэм делегату хахащ, Москва, Ереван щызэхэта поэзием и Союзпсо фестивалхэм дипломант щыхъуащ. Бицур Къэбэрдей-Балъкъэр комсомолым и лауреатщ, абы къыфIащащ «КъБР-м культурэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр...
АдэкIэ абы таланту бгъэдэлъым, и дуней еплъыкIэм, и зэхэщIыкIым, и хъэтIыр зыхуэдэм я гугъу пщIымэ, и гупсысэхэр здынэсыр жыпIэмэ - а псори къыхощ усакIуэм и къалэмыпэм къыщIэкIа тхыгъэхэм.
«Литературэм къалэм хуэзыщтэ дэтхэнэми цIыхухэм я ущиякIуэ цIэр зыфIищыжу аращ, - итхыгъащ Сокъур Мусэрбий. - Апхуэдэ борш зи пщэ  дэзылъхьэжым щхьэзыфIэфI «хуитыныгъэр» IэщIыб ещIри цIыхубэ утыкум къохьэ лъэныкъуэ псомкIи зэпэплъыхьыгъуафIэу. Аращ «сызыхуей-сызыхуэфIым» и пIэкIэ «цIыхубэр зыхуей-зыхуэныкъуэр» усакIуэр зэрыпсэу хабзэу щIэувыр, и IэщIагъэм мыувыIэу щIегупсысыр... И IэщIагъэм хуеджэнымкIэ Бицур я гъусэщ тхэкIэм и жьантIэм пэгъунэгъу хъуа нобэрей ди усакIуэ мыкуэд дыдэхэм. Абы Iэзагъэ «гъущэм» зриту псалъэ гъэщIэрэщIэн фIэфIкъым, бухъарыр дэгъуэми игъэпщкIур фагъуэнкIэ мэхъу жыхуиIэу. УсакIуэр дэзыхьэхыр гукъэкI ищIар гупсысэ куум хуишэнырщ, Iуэхугъуэ къищтам лъабжьэ езыт фащэхэр къигъуэтынырщ, и мурадыр щызу къиIуэтэнырщ».
Сыт лэжьыгъи уэ лэжь -
ФIыщ пщIэр цIыхум хуэщхьэпэм.
Дунейм теткъым нэхъ лъапIэ
Къэбгъэнэным лъэужь.

Согъэныкъуэ си жей -    
Нызогъэс си Iуэху Iыхьэ.            
ФIыщIэ лъэпкъ сыхуэмей,
Къэзмылъыхъуэ сэ щIыхьи.

Щабэу жесIэу уэрэд
Сэ сытетщи си щIылъэм,
Щэхуу сиIэщ мурад -
КъысщIэныну зы псалъэ.

Апхуэдэу къыгуроIуэ Бицум и къалэн нэхъыщхьэр. Ар зэрыгугъури, уеблэмэ  зэрышынагъуэри ещIэ. «Усэ зытхыр ихьыжынущ усэм» щIыжиIэри аращ. Ауэ тхэныр насыпу къелъытэри - абы и псэр етащ.
Бицум иубзыхуакIэщ и гъащIэ гъуэгуанэр. Дунейм и зы бжьыхьэкIапэ уи Iэгъуапэ уишхыкIыжу, уи ныбэ изу укIэщIэскIэ зэфIэкIыркъым, ар икIи гъащIэкъым,  гугъуехь умылъагъуу, дэхуэхам удэмыIэпыкъуу, хутыкъуам гъуазэ ухуэмыхъужу, кIэщIу жыпIэмэ, гъащIэм и IэфIри и дыджри цIыхухэм ядумыгуэшу щытмэ, псэ къабзэ уиIэу умыпсэумэ.

Гупсысэу сэ сиIэр
    мычэму - цIыхупсэрщ.
Псэ къабзэу щытыныр
    сыт нэхъри нэхъ Iуэхущ.
Дэушэу бзу дахэ
    пщэдджыжькIэ бзэрабзэм,
ДэхыщIэу
    гъэгъам Iэпыхуа уэсэпс ткIуэпсым
Мыгуапэм уи гущIэр -
    уи гъащIэр мынэху.

Дунейм тралъхуа дэтхэнэ зыри апхуэдэ псэукIэм хуреджэ Бицум. АбыкIэ гъэбелджыла мэхъу езы усакIуэм и гуращэ дахэр, къехъулIэну зыщIэхъуэпсыр, къигъащIэм уасэу хуигъэувыжыр. Аращ абы и дэтхэнэ зы дакъикъэри IуэхукIэ гъэнщIауэ щIрихьэкIыр, псом нэхърэ нэхъ лъапIэу зэманыр къыщIилъытэр.
Бицур жумарту хуоусэ гъащIэм, псэ хьэлэлкIэ абы егъэлъапIэ дунейр зи Iэпэм дэщIэращIэ цIыху гуащIафIэр, уэрэдым я нэхъ дахэр абы хуеIэт лэжьыгъэм, лъагъуныгъэ къабзэм. Ауэ Анатолэ хужыпIэ хъункъым нэщхъеягъуэм, залымыгъэм и щIыб яхуигъэзауэ, ар имылъагъуу, дахагъэ къудейм хуэусэу. Пасэрейм зэрыжиIащи, «гуауэри гуфIэгъуэри зэлъэпагъщ», къэхъуу щытмэ нэщхъеягъуэ, абы щыгъуэми усакIуэр мэлъыхъуэ ар къызэригъэлъэгъуэн псалъэ, мэлъыхъуэ нэхъ ерыщу псалъэхэм хэщыпыхьу, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, гуауэр нэхъ къэIуэтэгъуейщи.
Бицум фIыуэ къыгуроIуэ гъащIэм и зэхэлъыкIэр, мурадым я нэхъыфIхэр и гуращэу ар добакъуэ зэманым, псалъэм я нэхъ IэфIымрэ гупсысэм я нэхъ дахэмрэ хуиIэту. Сыт щыгъуи щIэуэ зыгуэр зэрыжиIэнум, ар щIэщыгъуэу къызэриIуэтэнум хущIэкъу усакIуэм хузэфIокI езым и шыфэлIыфэ иIэжу ди тхакIуэ пажэхэм ябгъурышэсэн.
ГурыIуэгъуэщ ущыусакIуэкIэ, набдзэгубдзаплъэм и мызакъуэу, жыжьаплъэуи ущытын зэрыхуейр. Нобэрей Iуащхьэм дэкIуеяуэ пщэдейрей къуршым и нэгу иплъэн хуейуэ гъащIэм къегъэув. Ар зэманым и бэкъуэкIэщ. Дыгъуасэр нобэм теувапIэ хуэхъуащ, пщэдейр къигъэIэгъуэн папщIэ.  Абы къыхэкIкIэ зэманым къалэн къытщещI нобэм пхыплъауэ пщэдейр къэлъагъун хуейуэ. Аращ Бицум хэкум хуэгъэзауэ щIитхыр:

Уи блэкIа жыжьэм-
    си гур ирохъыжьэ,
Уи къэкIуэн дахэм-
    си псэр ныхуопхъэр.
А тIур сэ нобэ
    быдэу схузэпыщIэм -
Арщ щызлэжьауэ щIым
    схулъэкIыу хъуар.

Абы и закъуэкъым усакIуэм къалэну ихьыр - ар сакъыу и плъырын хуейщ мамырыгъэм, и уэчылын хуейщ захуагъэм, я телъхьэн хуейщ псэукIэщIэм щIэбэнхэм. Сакъыу щытыпхъэщ усакIуэр:

ЗыщIыпIэ уафэр къыщыгъуагъуэм-
УсакIуэм и гур къыхоскIыкI.
ТетыхукIэ мы дунейм шынагъуэ-
ЦIыхупсэм ар
ТемыплъэкъукI.

Уи нэкIэ плъэгъуам хуэдэ щыIэкъым. Бицум и дуней еплъыкIэм зиужьыным, и гупсысэм зиукъуэдииным сэбэп хуэхъуащ ар туристхэм яхэту Тырку щIыналъэм зэрыщыIар. Абы и нэгу щыщIэкIар, тхьэмыщкIагъэу цIыхухэм ядилъэгъуар и гум худэмыгъахуэу и усэхэм къаIуэтащ. Мы тхылъым ихуащ усэ гуп «Тырку щIыналъэ» псалъащхьэм щIэту. Усэхэм къагъэлъагъуэ мылъкур щытепщэ къэралым и дунейр. УсакIуэм шабзэшэу и гум пхокI къыддалъхуа ди къуэшхэм бэлыхьрэ хьэзабу хамэщIым щашэчыр. ГъэщIэгъуэнщ Бицум псом япэу гу зылъитар - ар «плIэкIэ дуней псор зезыхьэ» хьэлъэзехьэхэу кхъухьтедзапIэм зыщыхуэзахэрщ.

Сэ сызэплъыр иджы гуапэу
Уи деж хьэпшып щызэблаххэркъым,
Уи беижь дыщэм иблахэркъым,-
ПлIэкIэ дуней псор зезыхьэхэу,
ГущIэгъулыуэ, псэм къыдыхьэхэу,
ЛэжьакIуэбэрщ - хьэлъэзехьэхэрщ.
Хьэлъэзехьэхэрщ, хьэлъэзехьэхэрщ...

УсакIуэм щхьэусыгъуэншэу гу лъитакъым абы: а хьэлъэзехьэхэрщ ЩоджэнцIыкIу Алий дежкIэ хамэщIым анэ Iэ щабэу щыщытар. Абы къыхэкIкIэ Бицум къыфIощI зи Iэр пхъашэ лэжьакIуэбэм иджыпсту  хьэлъэ щызэблах кхъухь тедзапIэр и нэIуасэу, фIы дыдэу ицIыху хуэдэу. Къулыкъури, нэмысри, напэри, щIыхьри ахъшэкIэ щызэблагъэкI, псори щащэ, къыщащэху къэралым, мэжджыт лъагэхэмрэ дыщэкIэ зэщIэбла къулеижьхэмрэкIэ хущIэуфэнкъым гугъуехьакIуэхэм ятелъ къулейсызыгъэр.
Бицум къызэриIуэтэжымкIэ, зы псалъэ закъуэщ ар а щIыналъэм зышар, икIи а псалъэ закъуэм и щIыIагъымрэ и дыджагъымрэ лъабжьэ яхуэхъуащ хамэщIым триухуа усэхэм.

«Хэхэс» псалъэ жагъуэм къикIри
ЗыхэсщIарэ згъэву псэкIэ
ЕсхьэкIащ жэщ куэд иужькIи,
Нэпсхэр усэм зыщIафыху.
Иджы уи гугъу сщIыуэ щытмэ,
Тырку щIыналъэ,
ЩIэсщIыр уощIэ:
Си къуэш Iэджэу нобэ щIэтхэрщ
Си нэгу,
ЯлъэщIу я нэпс.
Псалъэ закъуэ жысIэм куэдри
Сэ слъэгъуащ и щIыб къыдэтыр:
КъызжьэдэмыкI сэ ар дапщэщи,
Си псэр хэмыту мафIэс...

Бицум и творчествэм увыпIэ хэха щеубыд Хэку зауэшхуэм теухуа темэм. УсакIуэр дунейм къыщытехьар а лъэхъэнэ хьэлъэм иужь зэманырами, абы и сабий лъакъуэ пцIанэхэр теуващ зауэ гуащIэм и яжьэ мыупщIыIужам, абы къыщIихьащ гынымэмрэ Iугъуэмэмрэ, илъэгъуащ, зауэ гъуэзыр щхьэщыкIами, зэхэуIухьауэ гуIэж щIылъэр. УсакIуэ хъуну сабийм а псор и гум ежэлIащ, ар яIуплъащ имытхъугъуэу зи щхьэ тхъуа фызабэу къэна анэхэм, адэ-анэ IэфIагъ зыхэзымыщIа сабий зеиншэхэм, Iуплъащ зи къуэ закъуэр къэкIуэжынкIэ нобэми гугъэ лIыжь тхьэмыщкIэм, гъащIэр зи щIэщыгъуэ сабиинэхэр тедиящ къэзымыгъэзэжахэм я фэеплъу зэбгъурыту щIым «къыщыхэтэджыкIа» мывэ сынхэм.
 «Зауэм и ужьыр хьэдагъэщ». Хэку зауэшхуэм и зэманым мыпсэуами, къулейсызыгъэрэ нэщхъеягъуэу къэнар гущIыхьэ зыщыхъуа щIалэм лъэкIыркъым усакIуэ макъкIэ а псом пэмыджэжу. Зауэм хэта нэхъыжьым абы мыпхуэдэу зыхуегъазэ:

Слъэгъуакъым сэ а мафIэр. Ауэ нобэ
Сытопсэлъыхьыр - къызумыт нэмыплъ:
ЗыщIам уи Iэпкълъэпкъ псор уэ уз тIысыпIэ
Ящыщ шэ гуэр сфIощI сэри си бгъэм хэлъ...

Дауэ къигъэлъэгъуэжыфыну, сыткIэ иIуэтэфыну усакIуэм: зауэ зэманым ди цIыхухэм зэрахьа лIыхъужьыгъэр? Абы егъэпIейтей Бицур. Ар гунэмысщ сыткIи, игъуэтыркъым лIыхъужьхэм яхуэфэщэн псалъэ, ауэ итIани мэныкъуакъуэ псэр, мэгупсысэр щхьэр, къалэмыр мэлъащэ щIэмычэу. УсакIуэнэм къыфIощI пщэдджыжь уэсэпсри уэшх ткIуэпсри фызабэу щIым къытенам я нэпсу, жыг къэс и лъабжьэм сэлэт хьэдэ щIэлъу, икIи дыгъэм  зыхуэзыший къудамэхэр абыхэм я гукъуэпсу, къуршыжьу щIым тетхэр фэеплъ сыну лIыхъужь кIуэдахэм яхуэжауэ.
Мы сатырхэм я купщIэр Бицум и поэзием и гупсэу жыпIэ хъунущ:

Къызоплъыхь сэ фэбжькIэ гъэнщIа
мы ди щIылъэр.
Нобэм и нэщэнэу дэнкIи щызолъагъу:
Итщ и пащхьэм анэр блыным сурэт фIэлъым -
Сурэтыр нэщхъыфIэщ. Анэр гукIэ магъ.

Хэкум папщIэ зи гъащIэ зытахэм я цIэр зэи цIыхум щыгъупщапхъэкъым, анэхэм ягу телъ уIэгъэ мыкIыжхэм хуэхьэфизын хуейкъым, щыIэ хъунукъым зауэ - абы дыкъыхуреджэ усакIуэм. Зи гугъу ищI Iуэхугъуэр IупщIу нэгум къыщIигъэувэфу гъэпсащ абы и усэр. Аращ ар куууэ гум щIыхыхьэр, дыщIигъэпIейтейр. Авторым и макъыр   зэм губжькIэ гъэнщIащ, зэм гущIэгъум доумэзэхри, фызыжьым къуэм и цIэ къиIущэщым дыщIегъэдэIу. Гур мыпIейтейуэ, щхьэфэцыр мытэджу укъеджэфыркъым зауэм теухуа усэхэу «Зауэ», «Гупсысэ»,  «Си къуэш», «Нэф»,  «Анэм   и гур», «Сурэт», «Ди гъунэгъуу а лIыжьыр псэуат...» жыхуиIэхэм, «Фэеплъ» поэмэ кIэщIым, нэгъуэщIхэми. Лей хъуну къыщIэкIынкъым усэ зытIум я гугъу тщIымэ.
«Нэф». Нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр дищI къыщихьам сэлэтыр тэджащ Iэщэ къищтэри, щхьэмыгъазэу зауэурэ, абы дунейр къытеункIыфIащ...

Бийр хисхьэжащ
Езым зэщIищIа мафIэм.
ЩIэрыщIэу ди щIым
Дыгъэр къипсэжащ.
Ауэ къэнащ
И махуэ псори кIыфIу -
Нэфу а зауэм
Сэлэт къикIыжам...

О, сыту гуфIэу
Iуплъэжынт ар нобэ
Зэгуэр мафIэсым
Щихъума дунейм!
...КъекIухьыр нэфым
БашкIэ Iэбэрабэу,
ФIэкIуэда нитIыр
Къилъыхъуэж нэхъей.

«Ди гъунэгъуу а лIыжьыр псэуат...». Зауэм хэкIуэда и къуэ закъуэр унэ къэс Iухьэу къуажэм къыщелъыхъуэж и щхьэм сэкъат игъуэтауэ а зауэ дыдэм къикIыжа лIыжьым.

И къуэ закъуэр лIыжьым имыIэжт -
Хъыбарыншэу хэкIуэдат ар зауэм.
Арат дадэм, и щхьэм къищхьэрыуэу,
КъыщIикIухьыр унащхьэчэзууэ
Къуажэр, лъаIуэу: «Си къуэр къызэфтыж»...

...Ехыжащ дунейм ар и гур ныкъуэу.
Сэ а лIыжьым нобэми сопщIыхь:
ЩIы щIагъ кIыфIым къыщилъыхъуэу и къуэр
СфIощI иджыри хэту ар бэлыхь.

Бицур къэхъукъащIэ псоми - блэкIами, нобэрейми, пщэдей къэкIуэнуми - хуэнабдзэгубдзаплъэщ, абы зэхех дунейм къыщыIу дэтхэнэ зы Iэуэлъауэри - я нэхъ цIыкIу дыдэм къыщыщIэдзауэ хы адрыщIым щагъауэ атомнэ бомбэм и макъым нэсу.
Критик Нало Заур дахэу зэрыжиIащи, усакIуэм и гур антеннэу щIылъэм теухуащ, аращ ар щIэгузавэр цIыху гъащIэм и пщэдейм щхьэкIэ...
Анэм темытхыхьа усакIуэ къэгъуэтыгъуейщ, усакIуэ къэс иIэжщ езым и «краскэ», анэм и сурэт ирищIу. Гугъущ анэм гъащIэм щикъалэныр, абы и щхьэфэр  быным лъэгущIыхь зэрахуищIыр, гу щабагърэ псэ IэфIагъыу бгъэдэлъыр щIэщыгъуэу, зыми емыщхьу къэпIуэтэну. Гугъуми, абы ущыщтэ хъунукъым, арыншамэ пщIэншэщ къалэм щIэпIыгъыр.
Зы усэкъым, уситIкъым Бицум анэм хуиусар. Абы и гур ирогъу анэр жьы зэрыхъум, и щхьэцхэр хужьу тхъууэ, и нэкIухэр зэлъэу кIуэтэхукIи и къарур зэрыкIуэщIым:

СотIысэх уи гъащIэм сегупсысуи,
Хъуам уи теплъэ къызетыр гухэщI.
Зэрешам уэ апхуэдизу уи псэр
Си зэрану куэд хэлъу къысфIощI...
Схупыщэну махуэ сщIам уи гъащIэм,
Мы си гъащIэр пхуэсщIынт щхьэузыхь...

ПхужыIэнкъым анэ гъащIэм Бицур куууэ имыгъэгупсысауэ, арыншамэ мы щапхъэ къэтхьам хуэдэ абы и къалэмыпэ къыщIэкIынтэкъым.
«Телеграммэ» псалъащхьэм щIэт поэмэ кIэщIри зытеухуар анэрщ. УсакIуэр тотхыхь «анэр сымаджэщ» жаIэу хъыбар кърагъэщIа нэужь и гур зыхуэжа псом, Мэзкуу щыхьэрым къилъэтыкIыжу и анэ пIэ лъапэм псынщIэу къызэрысыжым. Ар йогупсыс дэтхэнэ зыми анэ зэриIэм икIи анэу щыIэм фIылъагъуныгъэу яхуиIэр нехьэкI-къехьэкI хэмылъу мы лъэIумкIэ къегъэлъагъуэ:

Сэ щызиIэр зы лъэIущ мы дунейм:
Ныкъуэ мыхъуу зы жэщ я жей кIапэ,
(Ягъэвар ирикъуни хьэзабу!)
Анэу щыIэр IэфIу ирежей!..

УсакIуэм анэр ирегъэщхь жьэгу мафIэм, хуабагърэ гуапагъэу абы пыщIа псори анэм деж щелъагъу.
Сыт щыIэн анэм и гум нэхърэ нэхъ гу пцIанэ, нэхъ гу махэ? Ауэ сыт щыIэн анэм и гум нэхърэ нэхъ куэд зыгъэв, зышэч?

«О, анэ, уи гур гъэбыдэ,
Фызабэ нобэ ухъуащ!»
«О, анэ, уи гур гъэбыдэ,
Биишэм уи къуэр ихьащ!»
Анэми игу игъэбыдэурэ,
И щхьэр хужьыбзэу тхъуащ.
Анэми игу игъэбыдэурэ,
И гур пIащIабзэ хъуащ.
«О, анэ, уи гур гъэбыдэ,
ГуфIэгъуэр хьэщIэу къэкIуащ!»

АбыкIэ Бицум къеIуатэ гуIэгъуэм и жьыбгъэм игъэхыщIэми, гуфIэгъуэр дыгъэпс гуапэу лъэIэсми анэ гу пцIанэм куууэ зэрызыхищIэр, дапщэщи фIым хуэплъэу, гугъэу абы и гъащIэр зэрихьыр... «Зэгуэр уи анэм и джэ макъ зэхэпхмэ, и пащхьэм, псынщIэу нэси, сыну щыж!» - аращ анэм теухуа усэхэмкIэ Анатолэ къыджиIэр.
ФIылъагъуныгъэр - дунейр  зэтезыIыгъэ къарущ. Арауэ къыщIэкIынщ Анатолэ и творчествэм а тематикэм утыкуфI щIыщиубыдри. Темытхыхьа щымыIэми, усакIуэ псоми «ягъэныщкIуурэ» IэфI къыщIэмынэжауэ къыпфIэщIынкIэ хъунуми, а темэр къыгуэпх пэтми зыхэмыщIщ. Нэхъыщхьэр - «екIуэлIапIэ» къыхуэгъуэтынырщ.   АбыкIи Бицур лъэрымыхьу пхужыIэнкъым. Гукъинэжщ, щIэщыгъуэщ абы и гухэлъ усэхэр. ФэрыщIагъ зыхэмылъ гурыщIэ къабзэм и щапхъэкъэ мы сатырхэр:

Къосыр уэс...
Къос жьыбгъэм кърихьэкIыу,
ПIащэу, щабэу...
ЩIылъэ псор еуфэбгъу.
Сэ уэращ,
Уэ зырщ сигу нобэ къэкIыр -
Уэ къыщесыр уэсыр
ФIыуэ плъагъут.

Къосыр уэс...
Къыстосэ ар си закъуэу,
Уэ нэгъуэщIым
Иджы удэщIыгъущ.
Фыхэт хъунщ мы уэсым
Фи щIэщыгъуэу...
Уэ къыщесыр уэсыр
ФIыуэ плъагъут.

Къосыр уэс...
Уэ си гум укъэкIауэ
Гурыгъу мафIэ щэхум
Си бгъэр ее.
Сэ уизгъэхужынут сигу
Куэд щIауэ,
Сэ уизгъэхужынут си гум,
Ауэ -
Къосыр уэс...
Къос пIащэу, щабэу уэс...

Ар лирикэ щыпкъэщ. Мы сатырхэр зи IэдакъэщIэкI цIыхум усакIуэ цIэр къыбгъэдэпхыфынкъым. Урыс усакIуэ цIэрыIуэ Александр Коваленковым Бицум папщIэ жиIэгъащ:
«Бицу Анатолэ псалъэ дахэ зэIущэкъым. Ар тотхыхь езыр фIыуэ зыщыгъуазэ Iуэхугъуэм, аращ ар сыт щыгъуи щIэгурыIуэгъуэр, щIэIупщIыр». Евгений Долматовскэми мыпхуэдэу итхащ: «Бицур гъащIэм хуэнэжанщ. Абы и лирикэм гъунэжу ущрохьэлIэ узыгъэпIейтей, гукъинэж зэгъэпщэныгъэхэм. Къалэн зыщищIыж Iуэхугъуэхэм поэзием и дамыгъэ ятелъщ, къызэрыгуэкIщ».
УсакIуэм бзэ дахэ зэрыIурылъым, ар абы Iэзэу зэригъэшэрыуэм теухуауэ щапхъэ лей къыщIэтхьын щыIэу къыщIэкIынкъым - ар хыболъагъуэ мы тхыгъэм къыщыдгъэсэбэпахэми. Бицум зэи гупсысэр илъахъэркъым, гупсэхуу къыдеIуэтылIэ жиIэну зыхуейр. Бицум и Iэзагъым и щыхьэту урикъунщ адыгэбзэ екIукIэ зэридзэкIа «Балъкъэр пшыналъэ» циклышхуэр.
УсакIуэм теухуа мы тхыгъэ кIэщIыр ныкъуэ хъунт Анатолэ и Iэпэр зубыду поэзие гъуэгум «тезыгъэува» КIыщокъуэ Алим, Сокъур Мусэрбий,  Мысачэ Пётр, Тхьэгъэзит Зубер сымэ я цIэ къидмыIуамэ. Псом хуэмыдэу, езы Бицум зэрыжиIэщи, КIыщокъуэ Алим и дежщ ар щеджар, и творчествэр псыхьа щыхъуар. Абы и дежщ къыщежьэр Анатолэ литературэм щрихьэжьа гъуэгуанэ гугъур. Нобэ зэрынэрылъагъущи, угъурлыуэ ехьэжьа хъуащ ар. Мы тхыгъэм и кIэухыу сыхуейт зы щапхъэ къэсхьыжыну Анатолэ и усэхэм щыщу:

Игъэлъ уигу быдэу
Уи къежьапIэхэр.
Ауэ уи гупэкIи гъуэгу пхыш!
Псым къегъуэтыж езым и жапIэхэр,
Нэсыху тенджызми
Емызэш.

Си гуапэщ си ныбжьэгъуфI, усакIуэ Бицу Анатолэ и «жапIэ» къызэригъуэтыжар.

ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд,
«Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ,
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ.

Бицу Анатолэ и усэхэр

ШУЛЪАГЪУЭ
И къуацэ-чыцэр пхиупщIыкIыу,
Хэт Жыгей мэзым пхырыкIар?
Сэмэгу зыхуищIу ВыщхьэфIэчым,
БырамытэмкIэ екIуэкIар?

Дыгъужьыкъуеймрэ Налшыкрэ
Абы шу лъагъуэ яку дилъхьащ,
Лъэс Iэджи, шу лъагъуэм темыкIыу,
Гъуэгу кIэщIкIэ Налшыкым дыхьащ.

Сэ пщIэ хузощI а цIыхум, хэтми, -
Зи лъагъуэм «Шулъагъуэ» фIащам…
«Шыхулъагъуэ» жытIэу уэгум итри
Апхуэдэ гуэрым къигъэщIащ.

Андемыркъану шэч сощI ар…
Пхызошыр сэри лъагъуэ гуэр.

КIУЭЦIРЫКIЫБЖЭ

ДэнэкIи хуейр къыщыдыхьэу,
ДэнэкIи хуейр щыдэкIыжу,
Iумыту зы куэбжи бжыжьи,
Си пщIантIэр - кIуэцIрыкIыбжэщ…

КъызэмыупщIу сэ зыкIи,
Къыдыхьэу гуауи гуфIэгъуи,
Ар зэIухащи сыт щыгъуи,
Мы сигури - кIуэцIрыкIыбжэщ…

КIуэцIрыкIыбжэр сфIэIейкъым -
КъысхуокIуэ хьэщIэу хэт хуейми.
Ауэ къызет зы гукъеуэ -
СеукIыр сэ жьызэпеуэм.

МОМ

Мому - жэщым и къуэ,
ЦIыху гъэжакъуэу Мом,
КъыхэкIащ ди лъэпкъми
Уэ пхуэдэ зыкъом.

Уи гур фIыцIэщ, уи псэр
ФIейщи - мы дунейм
ЩыщIагъэкIкIэ нэпсхэр,
НэгъуэщI ухуэмей.

Уи бзэр щхъухьщ, уи напэм
Уэ тебзащ къэнжал.
Хуадэркъым уи напIэ
ЩыгуэшкIи ажал.

Уодэ уэ ягъэсми
Хейуэ мысэ пщIар.
Уотхъэ уэ, лъэIэсмэ
Уи Iэр узэщам.

Iей фIэкI зигу имылъу
Бзаджэнаджэ, уд,
Къэбгъэва хъунт и лъыр
Куэдрэ Гесиод.

«Жэщым и къуэ» жиIэу
Уэ аращ къощар.
АбыкIи «цIэрыIуэ»
Гесиод уищIащ.

Алыджхэ япэжкIи
Лъэпкъ куэд щыIагъэнщ.
Ахэми гъунэжу
Пхуэдэ яIагъэнщ.

Арщ щIысхужымыIэр
Уалыджу, Мом.
УщыIащ, ущыIэщ -
Мис ар нэхъ тэмэмщ.

Ауэ «Жэщым и къуэр»
Уэ цIэуэ уокIупс.
Уэ пхуэдэм си лъэпкъыр
Зэреджэр «Нэжэсщ»!

*   *   *
ИгъащIэм зыри сыущэхуакъым,
ЖысIащ сэ нахуэу сигу къэкIар.
«Хьэл мыгъуэ» а къэзмыщэхуам сэ
И зэран Iэджи къызэкIащ.

А хьэлыр къысхилъхьат си адэм,
Си анэм ар сэ къысхилъхьат…
«КърекI къикIынумэ си кIуэдыр!» -
ЖысIэу, мыл Iэджэ сытехьащ.

«ПэжщIэкъухэу» сыкъызыщхьэщыжхэм,
Нэсамэ и нэм Iуэхур, - «садзт»:
ЗэбгырыжыжттхьэкIумэкIыхьуи,
Сэ зесхуэу си мыIуэху къыщIидзт…

ИтIани сэ сытетщ си хьэлым,
Абы къикIынуми си кIуэд!
«ФлъэкIынум тIэкIу сщхьэщыфх си хьэлъэр»,
ЖызыIэу дунейм тетыр куэдщ.

ЦIыху захуэ гуэр хьэIупс ящIакъэ? -
Сэ Iуэху сиIэнкъым афIэкIа.
ИгъащIэм пэжыр схуэбзыщIакъым,
- Къэхъуащ си псалъи щыпхыкIа…

Мы дуней бзаджэм зы цIыхупсэ
Сэ къезгъэлынырщ сыщIэпсэур.
Си усэ тIэкIури сэщхьыркъабзэщ…
Яхурещхьэпэ къахуей псом.

*   *   *
Сымыгупсысэу сыщыпсалъэ,
Зызмыплъыхьауэ сыщытIыс
Сэ къысхуихуами сыщыщIалэм,
Сыхъуа хъунщ нобэ нэхъ зэтес.
Зызгъэгубзыгъэу абы къикIкъым,
Зызгъэбалигъыу аркъудейщ.
Дыгъуасэм сызэреплъа нэкIэ
Семыплъ си нобэм, си пщэдейм.

Сэ сиплъэрейщ иджы уэгу лъащIэм,
ГумащIэу щIыр къэсплъыхьырейщ.
Си нэпс нэхъыбэрэ солъэщIыр,
Сыт сщIэнур - кхъэхэм сихьэрейщ.

Сыхъуапсэ мыхъумэ, сымыфыгъуэ,
Сегугъуу, си щхьэ Iуэху сощIэж.
Ныбжьэгъум къехъулIамэ фIыгъуэ -
Сохъуэхъури IэплIи хузощIыж.

Ирей ар хамэм, ирей благъэм,
Я гуауэр цIыхум си псэм телъщ.
Псом япэ изогъэщ гуапагъэр,
Куэд зыгъэвахэм ар я хьэлщ.

Егъэлеяуэ сымыхъущIэ,
Си фIыщIэ хэти лъызмыгъэс.
Си къалэмыпэри нэхъ кIащхъэу
ТхылъымпIэ напэм хъуащ лъэIэс.

И шыгъур гъащIэм сшхащ сэ путкIэ,
И фоми си гур къиуIэнщ.
ЗыкъомкIэ сымыпIащIэ пэтми,
СопIащIэ - сиIэщи жысIэн.

Сыхоплъэ лIыжь жьакIэху хэплъэкIэу,
Сабийуи Iупэр сфIызэтож…
Сэ есхулIами си бжьыхьэкIэм,
Си гугъэр бланэ жэрым тож.

*   *   *
ЩIы фIыцIэм
Уафэ хужьыр къыщхьэщытщ.
Мыгугъэу тетыфынукъым щIым
ЦIыхур.
Арауэ пIэрэ цIыхур-тIэ
КъыщIалъхур
ЩIыгулъу фIыцIэ
Нэ кугъуитIым щIыгъуу,
И нитIым щIэлъу
Уафэ хужь бзыгъитI?

ЩIым тетщи цIыхур -
Уафэрщ иIэр плъапIэу.
Къэзылъхуа щIылъэр
Абы и псэм пещI.
Ауэ зылъэмыIэсу щыIэр
Iэбэм,
КъыIуидзэр и нэм,
ИIэтам и напIэр,
Уэгу хужьырщи –
Абы пIейтей псэр фIещI.

Мес,
Щос ар нобэ кхъухькIэ
Уэгу адрыщIым.
Мес, къыщекIухьыр кIуауэ
Мазэ щыгу…
ИтIани
Вагъуэ лыдхэм нащхьэ къащIу
Елъагъури -
ЦIыхум псэху дунейм щимыщIэ:
Къелъыхъуэ
Вагъуэ жыжьэхэм я гъуэгу…

ИмыIэ
Зэи кIэ цIыхум и гугъэм.
Уэгу щIэншэр абы и гумм
Пхуигъэхун?
Къытехуэу цIыхур
Хъуми нобэ лIэн:
ЩIыгулъу фIыцIэ
Нэ кугъуитIым щIыгъуу
И нитIым щIэлъу
ЩIылъэ фIыу илъагъум
Уафэ бзыгъитIи
Абы здыщIихьэнщ!
                                          1969 гъэ

УДЗ ГЪЭГЪА ЩХЪУАНТIЭ

Уэ жэщым пщIыхьу узолъагъур,
Уэ махуэ псом ущIэтщ си нэгу.
Зэм уафэ лъащIэм ущогъагъэ,
Утетщ зэм Iуащхьэмахуэ щыгу.

ГугъапIэ щэхур цIыху къэс епту
Уэращ щагъафIэр я гухэлъ.
Уэ ури-Беатричэт Данте,
Петраркэ и псэр Лаурэу пхэлът.

Новалис псэкIэ къыпщIэбэгыу
Iэрамэ и гумм уэ ущищIт…
АрщхьэкIэ уду уэ ущищIт…
Къыплъыхъуэ псори мэхъу IэнэщI.

Укъыпысчыныр си нэрыгъыу,
Сэ гъуэгущхьиблыр зэпызоч.
Укъитщи уэ си гупэм гугъэу,
СынэIэбэхукIэ - усIэщIокI.

«Насып щIэкъуныр - арщ насыпыр».
Емышу си псэм укъелъыхъу.
СынакIуэм уэ сыпкIэлъыIэбэу -
СыптеIэбэну сэ къысщохъу…

Ныплъыхъуэ защIэу цIыхум гъащIэр,
Уи гъуэгум тетурэ, еух.
Щытар зи гъащIэр мурад защIэу -
Уэ уи лъыхъуакIуэ щIылъэм йох.

Абдеж уи щэхуу хъуар къэптIатэу, -
Хуэдэу езым укъыхэкIыж, -
Уэ къызэрыкIуэ розэ щхъуантIэу
И кхъащхьэм лIам укъытокIэж.
                                                      1967 гъэ

СОНЕТ
«Суровый Дант не презирал сонета»
                                                    Пушкин А. С.

Сонетым зэи сэ сыдихьэхакъым.
«Ибгуэныр» уи гупсысэр къупхъэм гугъущ.
ИтIани усэ зытххэм уахыхьакъэ, -
СонеткIи мэхъу бгъэлъагъуэ и Iэзагъ.

Шекспир, Петраркэ, Данте хъуа къафIэщIу,
Сонетым нобэ щыIэщ ириджэгу.
Уэ зы «Евгений Онегин» къэгъэщIи,
Сонетыр къыпхудэшэм еплъ уи жьэгъу.

УсэфIым къегъуэтыж езым и къупхъэр.
СылъэщIэмыхьэу си гупсысэр щIэпхъуэм, -
Къыжьэдэскъуэну сэ ар сыхуэмей.

Сэ къыпысхыну сызыхуейр Iэзагъэм -
Стхар цIыхум и псэм дыхьэу и гур загъэмщ,
«И гъэр» - Iэзагъэм сремыхъу къудей.

ЗЫЗЫГЪЭЗЭЧИЙ УСАКIУЭ ГУЭРЫМ ДЕЖ

Зытумыгъауэ апхуэдэфэ -
Ухэткъым зыкIи уэ бэлыхь.
«СыкъывгурыIуэ!» - жыпIэу, уефэу,
Утхьэусыхэу къыумыкIухь.

Умы-Есенин, жыпIэм пэжыр,
ИкIи умы-КIуащ БетIал.
Уи лъэпкъ «ущIэгъым»: «МэкIуэдыжыр!»
ХуэпщIар зэрыхъур зы мэскъалщ.

Уи лъэпкъ цIырхъ тIэкIур зэман-благъуэм
КъалэмкIэ пфIэфIмэ къебгъэлын,
Уэ и Iущагъи и Iэзагъи
Зыхэлъхьэ КIыщокъуэ Алим.

ФэрыщIу куэдрэ умытхьэджэ,
Бэшэчщ уи лъэпкъыр - зыдегъэкIу.
Утхэнум, тIыси - уи бзэм щхьэкIэ,
Уи лъэпкъым щхьэкIэ уи псэр гъэткIу!

*   *   *
Сыщегупсыс сэ къохъу жэщ гуэрхэм:
«КъитIэщIыжынщ зэгуэр зыгуэрым
Мы щIым сэ гъащIэ щызгъэщIар.
КъызикIыхын щытхъупсыр уэру?
Е ищIын лъахъшэ и пщIэр сщIам?

Сыхуейкъым тIуми сэ - пэж дыдэрщ
КъысхужаIэну сызыхуейр.
Пэж дыдэр - сщIар зэрымыкуэдырщ,
Мыкуэдми, ар зэрымыIейрщ».

Къохъу сыщегупсысыж иужькIэ:
«Сыт мыгъуэ сэ зи Iуэху къесхуэкIыр,
Щхьэ жыжьэ сыплъэу сехьрэ гугъу?
Мы гъащIэр тетмэ зэрекIуэкIым,
Сын те туи кхъащхьэм? - зэгъэзэгъ!»

СИ ГЪАЩIЭР ЗЫРИКIТ, УЭ УХЭМЫТАМ
Людэ и фэеплъу

*   *   *
Телъакъым уи цIэр махуэ къэс си Iупэ -
Апхуэдэр си щхьэ къысхуемыгъэзэгът
КъысхуегъэкIуакъым мыпхуэдэ си напэ -
Уи Iэблэр сэ уэрамхэм щызмыIыгът…

ИтIани сэ уэ сызэрыпхущытыр
Гухэлъ уэрэдкIэ куэдрэ къэсIуэтащ.
ЖызоIэр нобэ, зыкIи сымыукIытэу:
«Си гъащIэр зырикIт, уэ ухэмытам!»

2. КъБР-м и тхакIуэхэм Iуащхьэмахуэ лъапэ зыщагъэпсэху. 1975 гъэ;


3. КIыщокъуэ Алимрэ Бицу Анатолэрэ ПсыкIэху зэпрокI. 1984 гъэ,


4. Налшык къеблэгъащ МэшбащIэ Исхьэкъ. Абы бгъэдэтщ: (ижьымкIэ къыщыщIэдзауэ) МафIэдз Сэрэбий, Къэрмокъуэ Мухьэмэд, Зумакулов Борис, Бицу Анатолэ. 1987 гъэ;


5. Бицу зэкъуэшхэр: Георгий, Бэбий, Юрэ (щысхэщ); ПIотIэрэ Толэрэ (щытхэщ). 1965 гъэ;


6. Бицу Толэрэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ. 1975 гъэ;


7. Шэджэм аузым зыщагъэпсэху Урысей Федерацэм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и япэ секретарь Ляпин Игорь, ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, Бицу Толэ сымэ. 1987 гъэ.

Зыгъэхьэзырар ТЕКIУЖЬ Заретэщ.
Поделиться:

Читать также: