Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым бжьыпэр щиIыгъщ гъуэгу ухуэнымрэ къалэхэр зэIузэпэщ щIынымкIэКъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек хэтащ Урысей Федерацэм и Правительствэм щIыналъэ зыужьыныгъэмкIэ и комиссэм и президиумым и зэIущIэу Урысейм и вице-премьер Хуснуллин Марат иригъэкIуэкIам. Зэхуэсым и гугъу щащIащ «ПсэупIэмрэ къалэ кIуэцIым и зэIузэпэщагъымрэ», «Шынагъуэншэ икIи фIагъ лъагэ зиIэ гъуэгухэр» лъэпкъ проектхэм щыубзыхуахэр щIыналъэхэм гъэзэщIа зэрыщыхъум. Къэбэрдей-Балъкъэрым «ПсэупIэ» щIыналъэ проектым ипкъ иткIэ дызэрыт илъэсым псори зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мин 5I3-рэ ятын хуейуэ къапэщытщ. Илъэсым зэрыщIидзэрэ метр зэбгъузэнатIэ мини I57-м щIигъу ятащ е илъэс кIуам и апхуэдэ лъэхъэнэм ирихьэлIэу яхузэфIэкIам и проценти 107,7-рэ.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 10:00 →
Улахуэр аргуэру къаIэтынущ
04.05.2024 - 09:00 →
Егъэджэныгъэм и мардэщIэхэм хуокIуэ
30.04.2024 - 11:00 →
Унагъуэр - жылагъуэр зэтезыIыгъэщ
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 13:44 →
ЩытыкIэр я нэIэ щIэтщ
|