«Си анэбзэ, си адыгэбзэ!»

Зэпеуэхэр

ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэ купщIафIэхэм ящыщу «Си анэбзэ, си адыгэбзэ!» тхыгъэ зэпеуэм и гъэфIэж пшыхь ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу щекIуэкIащ «Акрополь» рестораным.
АдыгэбзэкIэ укъызэреджэфым, абы узэрыритхэфым, узэрырипсэлъэфым, узэрыригушыIэфым и мызакъуэу, уи гупсысэр тхыгъэм екIуу ибгъэзэгъэфыныр щыкъалэн нэхъыщхьэу щытащ мы зэпеуэм. Абы хэтащ 9 - 11-нэ классхэм щIэсхэр. Иужьрейуэ екIуэкIа тхыгъэ зэпеуэр нэхъ гугъут, сыту жыпIэмэ абы хэтынухэр темэхэм щыгъуазэтэкъым. ЕджакIуэхэм я пащхьэ иралъхьар сурэтт, абы итым щхьэж и гум, и псэм зэрызыхищIэм хуэдэу тетхыхьыну. Къыхэгъэщыпхъэщ дэтхэнэ еджакIуэми гупсысэ гъэщIэгъуэнхэр, зыр адрейм емыщхьу щIэщыгъуэу, зэратхар.
Лъэпкъыр зыщыгугъ ныбжьыщIэ зэчиифIэхэм ехъуэхъуну, ягъэлъэпIэну зэIущIэм зыкърагъэхьэлIащ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ фондым и унафэщI ЩоджэнцIыкIу Леонид, жылагъуэ лэжьакIуэ, юрист Хьэгъэжей Беслъэн, филологие щIэныгъэхэм я кандидат Къардэн Мусэдин, «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ Къаныкъуэ Заринэ, уэрэджыIакIуэ Бэч Азэмэт сымэ.
Пшыхьыр къызэIуихащ ХьэтIохъущокъуэ Къазий и цIэр зезыхьэ Адыгэбзэ Хасэм и хасащхьэм хэт, филологие щIэныгъэхэм я кандидат ХьэцIыкIу Рае. Абы псалъэ гуапэхэмкIэ захуигъэзащ тхыгъэ зэпеуэм жыджэру хэта ныбжьыщIэхэми абыхэм я егъэджакIуэхэми. Рае къыхигъэщащ тхыгъэ зэпеуэм хэта еджакIуэхэм я сочиненэхэр купщIафIэу зэратхам зэрыщыгуфIыкIыр, бзэр, абыхэм яхъумэну адыгэ Iуэхухэм жыджэру хэтыну зэращыгугъыр.
9-нэ классым щIэсхэм щыщу япэ увыпIэр хуагъэфэщащ ЛIыхъугу Альбинэ (Къугъуэлъкъуей дэт 2-нэ еджапIэ), етIуанэ увыпIэр зэдагуэшащ ФочыщIэ Даянэрэ (Борыкъуей къуажэ дэт еджапIэ) Махуэ Даринэрэ (КъШР-м хыхьэ Хьэбэз къуажэм дэт еджапIэ), ещанэ увыпIэр иратащ ГъукIакъуэ Миланэрэ (Абейкъуажэ) Щомахуэ Iэминэрэ (ХьэтIохъущыкъуей Ипщэ).
10-нэ классым щеджэхэм ящыщу пажэ хъуащ Къардэн Лаурэ (Шэджэм къалэ дэт 1-нэ курыт еджапIэ), 2-нэ увыпIэр зэдагуэшащ Дэбагъуэ Лянэрэ (КъШР-м хыхьэ Жьакуэ къуажэм дэт еджапIэ) Думэн Дианэрэ (Къармэхьэблэ дэт 1-нэ курыт еджапIэ), 3-нэр хуагъэфэщащ Лу Ренатрэ (Налшык, «ДыгъафIэ къалэ» лицей) Къардэн Дианэрэ (Шэджэм 2-нэ дэт 3-нэ еджапIэ).
11-нэ классым щIэсхэм ящыщу япэ увыпIэр иубыдащ Ерыджокъуэ Азидэ (Къэсейхьэблэ дэт 2-нэ курыт еджапIэ), етIуанэ увыпIэр зэдагуэшащ Джэду Камиллэрэ (Абейкъуажэ) Къардэн Лианэрэ (КъШР-м хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэ), ещанэ увыпIэхэр иратащ Къуныжь Камиллэрэ (Зеикъуэ къуажэм дэт 1-нэ еджапIэ) Дзэгъащтэ Дианэрэ (Тэрч къалэ дэт 1-нэ лицей).
Гулъытэ хэха хуащIащ ныбжьыщIэхэр тхыгъэ зэпеуэм хуэзыгъэхьэзыра егъэджакIуэхэми. Апхуэдэхэщ Мэрзей Зое, Дэжыг Iэсият, Сидакъ Светланэ, Хьэгъур Светланэ, ШыкIэбахъуэ Мадинэ, ХьэIупщы Маринэ, Мамхэгъ Залинэ, Лыхь Людмилэ, Щоджэн Iэминат, Ахъуэхъу Марие, Блий Марьянэ, Ерыджокъуэ Марэ, Куэшбий Жаннэ, Хьэщэ Тосэ, Iуэхъу Аллэ сымэ.
ФIым я фIыжу зи лэжьыгъэр къыщIэкIа Хьэнэ Даринэрэ абы и егъэджакIуэ Блий Марьянэрэ я гуфIэгъуэр къыдагъэлъэпIащ Къып Мыхьмуд и унагъуэм. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, иджыблагъэ дунейм ехыжащ зи хэкум къэзыгъэзэжыну щIэхъуэпсу псэуа Къып Мыхьмуд. Дадэ Iумахуэм и фэеплъу абы и бынхэм фонд къызэрагъэпэщащ. Къып Мыхьмуд и цIэр зезыхьэ фондым дяпэкIэ тхыгъэ зэпеуэм щытекIуэ еджакIуэмрэ ар зыгъэхьэзыра егъэджакIуэмрэ Лондон къэралыгъуэм зыщрагъэплъыхьынущ.
Апхуэдэу ныбжьыщIэ зэчиифIэхэр ягъэлъэпIащ Тырку щIыналъэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэу Щауэ Гул, ГъукIэ Уфук, Рахъуэ Йылдыз, Мисост Айшен, Чылар Несрин, Чылар Нежла, Выщхьэ Пэрыт, Выщхьэ Нэрыс, Выщхьэ Нэсыж, Лондон щыпсэу ди лъэпкъэгъухэу Сындыку Эргун, Акайбэ Сэрдар, Шыбзыхъуэ Эрвин, Адзэ Азми-Нарт сымэ.
Пшыхьыр ягъэдэхащ «Бзэрабзэ» гупым.

ТАБЫЩ Динарэ.
Поделиться: