«Жьынэпсыр» адыгэбзэкIэ къыдокIИлъэсищэрэ щэ ныкъуэм щlигъуащ Урыс-Кавказ зауэр зэриухрэ. Абы лъандэрэ хэхэс адыгэхэр хамэ щIыналъэхэм щопсэу, я хэкум пэIэщIэу, я хабзэмрэ я бзэмрэ зэрамыгъэкIуэдыным егугъуу. А зэманым къриубыдэу Iэмал куэд къагупсысащ абыхэм, я щIэблэм адыгэбзэр Iуралъхьэн, адэжь щIэинхэр яхъумэжын папщIэ. Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм илъэс 15 хъуауэ къыдагъэкI «Жьынэпс» газетыр, ар мазэ къэс зэ дунейм къытохьэ, напэкIуэцIи 8 - 24-рэ хъууэ зэхагъэувэ, зэрыс къэралым къыщыхъу-къыщыщIэхэр тыркубзэкIэ традзэ, Тыркум щыпсэу кавказ лъэпкъхэм я хъыбархэр абыхэм я бзэкIэ ятх,къыдэкIыгъуэ къэс адыгэбзэкIи зы напэкIуэцI хэтщ.
Поделиться:
Читать также:
08.05.2024 - 13:05 →
ЩIэныгъэлI усакIуэхэр
07.05.2024 - 14:31 →
Къэбэрдейм цеипхъэжь джанэр зэрыщаха щIыкIэр
06.05.2024 - 16:22 →
ФIыуэ флъагъухэм закъевгъащIэ!
06.05.2024 - 13:00 →
ЛIыгъэр зыгъэунэхуар
03.05.2024 - 15:00 →
Гъатхэпежьэ удз гъэгъахэр
|