Си адэ Ацкъан Хьэсбий

Си адэр куэдрэ си нэгу къыщIохьэ мыпхуэдэу: ар щIым хоплъэ, пхыплъыну хэт фIэкIа умыщIэну. ИужькIэ уафэм ходэIухь, зэми и нэр быдэу зэтрипIэу. Апхуэдэм деж сэри уафэм сыходэIухь, ву макъ гуэр зэхэсхыу къысфIэщIу. Нэхъыжьхэм къызжаIауэ сощIэ си адэр зауэм лIыгъэ зэрихьэу зэрыщыIар, кхъухьлъатэзехуэхэм зэрахэтар. Абы теухуауэ езым зыри къыбжиIэнукъым, сэ абы и гум щызэблэкI псор щызыхэсщIэнум сынэсакIэкъым. Ву макъ гуэр къэIуауэ къыщыхъуа – си адэр уафэм ходэIухь, и нэ ­къуэлэнышхуитIым, зэщIэлыдэу, зыгуэр щызолъатэ, зэми хьэндырабгъуэ къысщыхъуу. ЩIылъэмрэ уафэмрэ яку щызоуэ зым емыщхь абы и плъэкIэр. Иджыпсту зыгуэр жиIэнущ жысIэу соумэзэх, сыпоплъэ, ауэ зыри жиIэркъым, хэщэтыкI фIэкIа. ХощэтыкIри - зыщIыпIэкIэ егъазэ, зыхуэкIуэр езыми имыщIэу. Сэ сысабийщ, иджыри псори къызгурыIуэркъым, ауэ куэд псэкIэ зыхызощIэ, зэшыгъуэ мыгурыIуэгъуэ гуэр къыстригъауэу. ЗыхэсщIэ хуэдэщ си адэм и псэр зезыхуэр. Илъэсхэр макIуэ, сэ сыкъыдокIуэтей, си адэм и гум щызекIуэм нэхъри пыщIа сохъу. Мыпхуэ­дэ зы махуэ нобэ си гупсысэр хэтщ, усэм хуэкIуэжауэ. Адэм и гъусэу губгъуэм сыпхрокI. Езыр-езыру си щхьэм къохьэ мы сатыр-                хэр:

ЩхъуантIагъэр джабэхэм къожэх,
къриIэу мащIэу къуршыпс уэрхэр.
УкъагъэуIэбжьу зыбгъэзэху,
щыщIонэ губгъуэм гъэгъа гуэрхэр.

Ар дуней псорщ. Иджы къызогъэзэж ди къуа­жэбгъум, мэз Iувым пыхьэж губгъуэм, си адэмрэ сэрэ дызытет лъагъуэм. КъокIуэ мыпхуэдэ сатырхэр:

Гъатхэм и мафIэ зэщIэстам
И щхьэцыр къызэпхыщри Iугъуэу,
Сэ нобэ япэу гу лъыстащ
Жьы сядэр зэрыхъуам имыгъуэу.

ИужькIэ си тхьэкIумэм къоувэ:

ДыздэкIуэм сядэр сяпэ итщ,
Егугъуу и плIэр иузэхужу.
Хуэдэт и IитIымкIэ Iуигъэщт
Губгъуэм щызекIуэр гукъэкIыжу.
.......................................
Сэри си адэм ситт и ужь,
ЩхъуантIагъэм си нэхэр щIисыкIыу.
Дэ ди гупсысэхэр гъуэгу зырыз
ТетынкIэ хъуну сигу къэмыкIыу.

Ауэ щхьэж и нэкIэ деплъыжт
Нобэ зи бзухэр ушэ губгъуэм:
Зым бий лъэужьхэр тригъэкIыжт,
Зыр гъатхэу щыIэр щхъуантIэу гугъэрт…

Куэд дэкIа нэужькIэ сэ къызгурыIуэнущ мис а зэтемыхуэныгъэр си гъащIэм и IэфIыпIэхэм ящыщ зыуэ зэрыщытыр. АрщхьэкIэ ари игъащIэ псокIэ зэзгъэзэхуэн хуейхэм ящыщу къыщIэкIынущ.
Си анэр егъэлеяуэ фIыуэ слъагъурт, ауэ си адэм нэхъыбэу псэкIэ сыпыщIат, нэхъ мащIэу сыкъридзэу къысщыхъу пэтми, языныкъуэм и деж сызэхимыщIыкIыу, пхъашэIуэу къысхущыту къысфIэщIми:

Бжыхь схурт си адэм щIыгъуу. Сабиигъуэр
Сэ страхауэ къэслъытэжт имыгъуэу.

Мы Iуэхум зыкIи си гур химыгъахъуэт,
Ауэ чы лантIэу къагъэшт си пагагъэр!

Щызухуэрти си пщIыхьхэм сэ чэщанэ,
Бжыхь хунырт къысхуэнэжыр, нэхур щамэ.

Си  адэ  Ацкъан  Хьэсбий

Си адэм ибжт захуагъэм я нэхъыщхьэу
Балигъ сыхъухукIэ си пщIэнтIэпс мыгъущым.

Бжыхь тхурт, си сабиигъуэр хэдухуанэу,
Iэнэ лъакъуищыр къигъэувыхукIэ нанэ!

Чыхэр хуэсшийт си адэм, сигу пымыкIыу,
Абыхэм сышэсыну си нэ къикIыу…

Сэ сщIэжыркъым зи гугъу сщIа уситIым щыщу дэтхэнэр япэ къэкIуами, ауэ, дэнэкIэ къыщез­гъажьэми, си адэм епха гупсысэхэр зы гурыщIэ иным хуокIуэж. Абы хэтщ си адэм пщIэуэ хуэсщIри, абы къикIуа гъуэгуанэ гугъум сызэрыпыщIари, дунейм сызэрытетым щхьэкIэ хуэсщI фIыщIэри, нэгъуэщI Iэджи. Абы игъащIэм ину псалъэ къызжиIакъым, ауэ псори зэхэсхащ. Абы зэи сигъэIущакъым, езым дэслъэгъуам и нэхъыфIыр зэрызыхэслъхьэнум и ужь ситащ. Сэ сщIэркъым ар сыт хуэдизу къысхуэарэзыуэ щытами - абыкIэ дауэ сеупщIынт. А упщIэр сыпсэуху илъыну си гум къинащ. А упщIэм и жэуапыр си адэм и нэм щIэслъэгъуэну сыхэтащ куэдрэ, арщхьэкIэ къызэхъулIакъым. Ар зауэлI хахуэт, адыгэлI нэст, гурыщIэр зыгъэпщкIуфхэм ящыщт. ГъащIэшхуэ къигъэщIащ абы. Илъэс бгъущIым фIыуэ щыщIигъуами, и акъылыр нэхут, и гупсысэр убзыхуат, и лъым хэт а и хьэл быдэри зызмы­хъуэжт. Ди иужьрей зэIущIэхэм ящыщ зым къэкIуат мы сатырхэр:

Хъуащ гъащIэр и пIэм иуджыхь.
Си адэр къыщIэкIыжкъым унэм.
Абы и махуэхэр нэхъ кIыхьщ,
и жэщхэрщ зимыIэххэр гъунэ.

Къепсыха жьыгъэм иубыдащ
щытар дунейр зыхуримыкъуу.
ЛIы гъащIэм ари уигъэдэнщ,
абыи уесэжынщ пхуэмыхъуу.
Нэхъыбэм нэкIэ къызоупщI,
жэуапыр щызгъэпщкIун симыIэ.
И нитIым щIызолъагъуэ гъущI,
ара хъунщ езыгъэсыр щIыIэм…

Ар лIыгъэ зыхэлъ цIыхут. Абы и псэм пкъы быдэ иIэт, хуэмыхъуу и гущабагъэри къызэпхыщу. Ар сфIэгуэныхь мэхъуж, и гум щызэпекъуу щыта псор иджы зыхызощIэри. Си адэр дунейм ехыжа нэужь мы сатырхэр къэкIуащ:

Уахътыншэу къысщыхъути, си адэ.
СыкъегъапцIэ мы гъащIэм аргуэру.
Сыпсэуныр уэрыншэу сегъадэ, -
ар лъэщыгъэкIэ хэти текIуэнущ.

Сыт-тIэ пщIэнур, дунейр мэкIэрахъуэ,
къэбзыхьащ къыщытлъысыр мы щIылъэм.
КъэбгъэщIар мис иджыщ сэ щыслъагъур,
хъуа нэужькIэщ хьэрш жыжьэмкIэ сыплъэ.

СощIэ, жыжьэ IукIакъым уэ уи псэр, -
хуогузавэ утыку къринахэм.
Къелъэтыхь хьэндырабгъуэ хужьыбзэм,
щхьэ къысщыхъурэ ар уипсэрауэ?

Зэхихынум, жысIэнт зигъэпщкIуну
хьэндырабгъуэ уи гъащIэм пызыщэм.
КIуэрэ пэт жэр зищIыну хуей гуэрым
ар и лъэгум щихуэныр зым щыщкъым…

Си адэр сфIэкIуэда нэужьщ сыкъэзыухъуре­ихь дунейр зэрыгущIэгъуншэр нэсу щызы­хэсщIар. Ауэ а дунейр фIыуэ слъагъу сызыщIари си адэрт - ар дэнэ пхьыжын?..

 

АЦКЪАН Руслан, КъБР-мрэ КъШР-мрэ я цIыхубэ усакIуэ.
Поделиться: