Мысырыр тыркухэм я тепщэныгъэ лъэхъэнэм

Профессор Бацэжь Мухьэмэд-Хъер (Иордание)

ТЫРКУ сулътIан Сэлим Езанэм (Шынагъуэм) 1517 гъэм Каир къищтэу адыгэ мамлюкхэм (бурджитхэм) я иужьрей пащтыхьыр щхьэпылъэ ищIа нэужь, Египетым и унафэр тыркухэм къахуэнащ. Бурджит къэралыгъуэм и унафэщIу щыта адыгэхэр, псом хуэмыдэу нэхъ ткIийуэ тыркухэм япэщIэтахэр, Сэлим Езанэм игъэкIуэдат. Ауэ тыркухэм я унафэр игъэбыда нэужь, адыгэхэм дахэ закъыхуищIыжри, я тхьэмадэхэр зришэлIэжу щIидзащ. Арати, Мысырыр Iыхьэ 24-уэ игуэшри, вилайет къэс зы адыгэ тхьэмадэ игъэуващ. ИкIи, къэралым и зэхэлъыкIэу щытынум тещIыхьауэ, абыхэм щыIэну къулыкъухэр къигъэнэхуащ:
Лъахэм и шейхъ - премьер-министрым ещхьт.
Кихъия - Тырку уэлийм и къуэдзэт.
Дэфтэрдар - ахъшэ Iуэхухэр зэригъакIуэрт.
Рузнамджи - налог Iуэхухэмрэ щIы Iуэхухэмрэ я унафэщIт.
ХьэжыщI кIуэхэм я амир. ХьэжыщIхэм я Iуэхур зэрагъэзахуэрт, Мэчэм нэсыху яхъумэрт, къашэжырт.
Хъазындар - налог ахъшэр илъэсым зэ Истамбыл ишэрт.
Къэбуданхэр (капитанхэр) - хы Iуфэм Iут къалэхэм я унафэщIт.
Къэтэхъуа - кхъухьхэмрэ кхъухь тедзапIэхэмрэ я унафэщIт.
Мыхэр зыгъэувыр тырку сулътIан дыдэрат. Адрей къулыкъущIэхэр тырку уэлийуэ Мысырым щыIэм игъэувырт.
Тыркум игъэува мысыр уэлийм Лъахэм и шейхъым унафэ хуищIырт икIи унафэр зэригъэзащIэм кIэлъыплъырт. И нэхъыбитIым уэлийр адыгэт, ауэ абы тыркудзэхэм я унафэщIу Мысырым щыIэхэр къыкIэлъыплъырт. Апхуэдэ тыркудзэхэр хыуэ зэщхьэщидзырт, «уджакъ» цIэр зэрахьэу.
ЗэмылIэужьыгъуэхэр. Шу 1000 - 2000 хуэдиз хъухэрт, уэлийм и хъумакIуэхэри хэту.
Хьэзэбхэр - лъэс зэуакIуэхэт, зауэлI 3000 - 4000 хуэдиз хъууэ.
Исбахьиехэр - шуудзэт, 3000 хуэдиз хъууэ.
Шаушиехэр - лъэс зауэлIхэт, 1000-м нэблагъэу.
Инкишариехэр - я хэщIапIэр Каир быдапIэрт, я унафэщIым тетыгъуэшхуэ иIэт, уэлийм и унафэм щIэттэкъым.
Шэрджэ уджакъ. Сулейман Ал-Къануний и зэманым зэхашауэ, зи унафэщIхэри зауэлIхэри адыгэ защIэ шу гупт.
Мы гупихым я унафэщIхэр зэIущIэрти, арат чэнджэщэгъухэм я мэджлис (парламент) хъужыр, мыхэр тхьэмахуэм тIэу зэхуэсырт. Абыхэм емыупщIу уэлийм унафэ ищIыфынутэкъым, абыхэм я унафэрат къэрал унафэ хъужыр.
Тырку уэлийм къыкIэлъыкIуэу Мысырым иIа унафэщIхэм адыгэ куэд яхэтащ. Нэхъ цIэрыIуэхэм ящыщт Синам-пэщэр, Шэрджэс Искандер-пэщэр. Синам-пэщэм Йеменыр къищтауэ щытащ. Искандер-пэщэр гущIэгъушхуэ зыхэлъ цIыхути, зыхузэфIэмыкIхэм налог къаIихыртэкъым, щIэныгъэмрэ щIэныгъэлIхэмрэ пщIэшхуэ яхуищIырт, еджакIуэхэм ядэIэпыкъурт. ИкIи щытыкIэр дахэу зэтриIыгъэу, къэралыр зыхуей хуигъазэу, лъахэм теплъэ екIу иIэу зэрихьащ. Лэжьыгъэ нэхъыщхьэу зэфIигъэкIахэм ящыщщ Александрие кIэнауэр щIэрыщIэу къызэрыригъэтIыжар. Апхуэдэу абы мэжджытхэр игъэщIэрэщIэжащ, еджапIэщIэ, хьэмэм зыбжанэ къызэIуихащ. Каир къалэм, Булакъ деж уэрамыщIэ, сату щIапIэхэр щищIащ. Абы иригъэухуа мэжджытым нобэр къыздэсым «Шэрджэс мэжджыт» цIэр зэрехьэ.
Мысырым щыщ адыгэ тхыдэтх Рушдий Расым зэрыжиIэмкIэ, тырку сулътIан Сэлим ЕтIуанэм зэтригъэува къэрал гъэпсыкIэм куэд ихьакъым. Тыркудзэ къудамэхэм я тхьэмадэхэм зэрышхыжу щыщIадзэм, ар адыгэ пэщэхэм къагъэсэбэпщ, хуэмурэ унафэр зыIэщIалъхьэжри, тырку уэлийм Iэ щIэдзын фIэкIа нэгъуэщI унафэ имыщIыжу, къэралыр зэрахьэу утыкур яубыдыжащ.
XVII лIэщIыгъуэм и зэхуэдитIхэм щегъэжьауэ, Лъахэм и шейхъым къыхуэнат Мысырым и унафэ псори. Абы щыхуейм деж тырку уэлийр тригъэкIыф хъуат, гугъу демыхьу. Хьэрып щIэныгъэлI Зидан Джирджий зэритхыжымкIэ, Лъахэм и шейхъымрэ абы и дамэщIэтхэмрэ я гур тырку пэщэм ебгъэмэ, зэIущIэшхуэ ящIырти, унафэ къащтэрт. А унафэр тхауэ Iутэпашийм (пощтзехьэм) иратырт, пэщэм хуихьыну. Тхылъыр иIыгъыу, шыдым тесу ар пэщэм деж кIуэрт (хабзэм хуит ищIыртэкъым шы е къыдыр тетIысхьэну). Пощтзехьэр быдапIэм зэрыдыхьэу пэщэм и деж щIыхьэрти, лъэгуажьэмыщхьэу щысу щхьэщэ хуищIырт. Ауэ къызэрызэфIэувэжу зытеса алэрыбгъур занщIэу къызэщIикъуэрти, и макъым къызэрихьу кIийрт: «Пэщэ, къех!» Абдежым къыщыщIэдзауэ пэщэм и къулыкъур фIэкIуэдырти, къыхуащIыр и унафэу къанэрт. Апхуэдэу къулыкъур зыфIэкIуэда пэщэр, сыхьэт 24-рэ нэхъыбэ быдапIэм дэмысыжу къыдэкIырти, Булакъ кIуэрт, Истамбыл къикIыну унафэм пэплъэу. Тырку сулътIаным адыгэ тхьэмадэхэм ящIа унафэр зэи икъутэртэкъым, ахэр зэрылъэщыр ищIэрти, къимыгъэгубжьмэ нэхъ къищтэрт.

Шэрджэс бэчхэр тырку лъэхъэнэм
(1517 - 1811 гъэхэм)

АДЫГЭПЩХЭМ, нэгъуэщIу жыпIэмэ, Iэмирхэм, «бэч» цIэр зэрахьэу щытащ. Абыхэм къалэн пыухыкIахэр ягъэзащIэрт: шынагъуэншагъэр щIыпIэм щыхъумэныр; зэфIэнэхэр, зэрызэгурымыIуэ Iуэхухэр зэфIэхыныр; налог псори къыхэхыныр.
А къалэнхэр ягъэзэщIэфын папщIэ, бэч къэс къуэдзэхэр яIэт, ахэр куейхэм, къуажэхэм ягъакIуэрт - налогхэр къыхахын, шынагъуэншагъэр яхъумэн папщIэ, дзэм щыщхэри я гъусэу. Налогхэр зэхуэмыдэхэу, Iыхьищу зэщхьэщыкIырт.
ЩIыгухэм ятелъ налогыр зыхуэкIуэр тырку сулътIанрат.
ЕтIуанэ налогыр зыхуэкIуэр адыгэ бэчхэрат. Ар я унафэм щIэт районыр зегъэкIуэным, шынагъуэншагъэр хъумэным, дзэм щыщу ящIыгъухэм улахуэ етыным трагъэкIуэдэн хуейт.
Ещанэ налогыр зыхуэгъэзар тырку уэлийрт. Ар къызыхэкIыр «таможнэ» пэлъытэу кхъухь тедзапIэхэм щыхахырт. Абы щыщу тырку пэщэм итын хуейт и унафэм щIэт дзэлIхэм я улахуэхэри.
Налогхэр къыхэзыхыу щыта адыгэ бэчхэм леишхуэ зэрахьауэ зытхыжахэр щыIэщ. Ауэ ар къызыхэкIар Сэлим Езанэм иубзыхуауэ щыта къэрал хабзэхэращ. Абыхэм япкъ иткIэ, Мысырым и щIыгу псори сулътIаным ейуэ къалъытэ хъуат. Арати, мэкъумэшыщIэхэр я щIыгухэм хуитыжтэкъым, ящэфынутэкъым икIи ятыфынутэкъым - бэджэнду яIыгъыу арат хабзэм къызэрилъытэр. МэкъумэшыщIэр лIэмэ, щIыр къэралым къищтэжырти, къыщIэнахэм къагъэсэбэпыжыфыртэкъым, тырку уэлийм ахъшэ ирату хуит къимыщIамэ.
Налог къыхэхынми езым и хабзэ гуэрхэр иIэжт. А Iуэхур адыгэ бэчым е и къуэдзэм имыгъэзащIэу, нэгъуэщI гуэрхэм я пщэ далъхьэрт, къыхахым щыщу процент гуэр къаIэрыхьэу. Апхуэдэ Iуэхур къалъысын папщIэ зэхьэзэхуэ, зэпеуэхэр щыIэт. Псалъэм папщIэ, щIы налогыр къыхихыну хуит ящIмэ, налогыр къыхихын и пэ къэралым ахъшэ гуэр иритын хуейт (налогыу къыхихынум пэкIуэу). Итынур иту хуит ящIа нэужь, адэкIэ, и Iуэхур нэхъ къызэрикIынум хуэдэу, налогхэр къыхихыжырт, пэрыуэгъу имыIэу.
Тхыдэтх гуэрхэм жаIэ тыркухэр щытепща лъэхъэнэм Мысырым и Iуэхухэр зэIызыгъэхьар адыгэхэрауэ. АрщхьэкIэ Мысырым и щхьэхуитыныгъэр зэрыфIэкIуэду и Iуэхур екIакIуэу щIидзат, псом хуэмыдэу IэщIагъэлIу исыр, хъугъуэфIыгъуэу яIэр Истамбыл яша нэужь.
Адыгэ пащтыхьхэм я лъэхъэнэм и тхыдэр зытхыжа Ибн Iиас зэрыжиIэмкIэ, тырку сулътIану «хъалиф» цIэр зыфIэзыщыжа Сэлим Езанэм Истамбыл здишауэ щытащ Мысырым IэщIагъэу илъа псоми я IэщIагъэлI нэхъыщхьэхэр, гъуазджэм и лэжьакIуэхэр, икIи а псори тыркум щагъэлэжьащ. ЗэрыжаIэмкIэ, муслъымэнхэм я хъалиф хъуа Сэлим Езанэм Мысырым щызэщIикъуа хъугъуэфIыгъуэхэр махъшэ минкIэ ишат. Дыщэрэ дыжьынхэмрэ нэмыщIи, хъалифым ишат и нэм къыфIэнэу а лъэхъэнэм Мысырым иIа хьэпшыпхэм я нэхъыфI дыдэхэр. А псом ищIыIужкIэ, тырку зауэлIхэм къэнар яхъунщIэжри, мысыр къэралыр дэхуэха хъуат, илъэсищэ бжыгъэ лъандэрэ зызыужьа IэщIагъэхэм щыщу щэ ныкъуэ кIуэдыжыпат.
Тхыдэтххэм зэрыжаIэмкIэ, тыркухэм я тепщэныгъэ лъэхъэнэми Мысырым адыгэ тхьэ-мадэшхуэхэр щыIэурэ екIуэкIащ, икIи абыхэм я фIыгъэкIэ, адыгэ пащтыхьхэм я лъэхъэнэм зэтрагъэува цивилизацэр хамыгъэкIуэдэжу зэтраIыгъащ. Апхуэдэурэ Мысырым и унафэр зэрахьэурэ къэгъуэгурыкIуа адыгэпщхэм я тхыдэр IыхьитIу бгуэш хъуну къалъытэ тхыдэтххэм.

Шэрджэс тхьэмадэхэр
(1517 - 1775 гъэхэм)

ТЫРКУХЭМ Мысырыр яубыда нэужь, абы и япэ уэлийуэ 1517 гъэм Сэлим Езанэм игъэувар Шэрджэс Хъер-Бэчт, абы «пэщэ» цIэри къыфIащат.
Лъахэм и шейхъ (премьер-министр) цIэр къызыфIащу, къэралым и етIуанэрей къулыкъушхуэр япэу къызылъыса адыгэр Къасым Иуаз-Бэчт. Абы и ныбжьыр а лъэхъэнэм илъэс 16 фIэкIа мыхъуми, ар мысыр адыгэхэм я парт нэхъ ин дыдэ «Къасмием» и тхьэмадэт (а зэманым тхьэмадагъэр адэ щIэинт). ШейхъыщIэр зэрыныбжьыщIэм емылъытауэ, щIэныгъэлI Ал-Джибиртий зэритхыжымкIэ, и тепщэгъуэр насыпыфIэу, цIыхухэр къыхуэарэзыуэ ирихьэкIащ, шынагъуэншагъэр фIыуэ зэтриIыгъащ, дыгъуэгъуакIуэхэр, гъуэгухэм цIыхухэр щызыхъунщIэхэр игъэкIуэдащ. АкъылыфIэт, гулъытэшхуэ хэлът, политик Iэзэти, цIыхухэри Iуэхухэри псынщIэу къыгурыIуэрт. Абы Iуэхушхуэу зэфIигъэкIахэм ящыщ зыщ Ал-Iэзхьэр мэжджыт цIэрыIуэм и унащхьэ жьы хъуар къытрихыу щIэрыщIэу зэрытрилъхьэжар. Абы нэмыщIкIи, щIэуэ мэжджытитI, Дусукъурэ Мэлиджрэ щригъэщIащ. Иуаз-Бэч фIы щIэныр, тхьэмыщкIэхэм кIэлъыплъыныр и гуапэти, цIыху псоми фIыуэ къалъэгъуат.
Iуэхур апхуэдэу щыту, тырку сулътIаным Истамбыл къригъэкIыу Хьэсэн-пэщэ уэлиищIэу къыщигъакIуэм, адыгэ тхьэмадэм къефыгъуэу хуежьащ. Арати, нэгъуэщI партым хэт адыгэ тхьэмадэхэр къригъэныкъуэкъуу щIидзэри, щызэпэщIэувэм, Иуаз-Бэч хэкIуэдащ, Хьиджрэт махуэгъэпсымкIэ 1136 гъэм, и ныбжьыр илъэс 36-рэ фIэкIа мыхъуу. Зидан Джирджий «Мысырым и нобэрей тхыдэ» тхылъым зэрыщитхыжамкIэ, «Ар дунейм щехыжым, цIыхухэм апхуэдизу я гум къеуати, захуагъэм и телъхьэу щыта унафэщI гъуэзэджэр я адэхэр, я къуэшхэр зэрагъеижым хуэдэу ягъеижащ. Сыту жыпIэмэ, гулъытэшхуэ иIэу, захуагъэм и телъхьэу зэрыщытам ищIыIужкIэ, Иуаз-Бэч лIыгъэшхуэ хэлъу, гушхуэ иIэу щытащ. Абы Мысырым щыхуащIа жэнэзышхуэм нэмыщIкIи, Мэчэ, Мадинэ къалэ лъапIэхэми «зи хьэдащхьэ нэгъуэщI щIыпIэм щыIэм» хуащI хабзэ жэнэзы нэмэз щыхуащIащ».
Лъахэм и шейхъыу Мысырым етIуанэу щыхаха адыгэпщыр Къасым-Бэч и къуэ Исмэхьилт. Ари, и адэм хуэдэу, щIалэ губзыгъэти, зэпэщIэувауэ щыта адыгэ гупитIыр занщIэу зэригъэкIужщ, зэкIужынми къыщымынэу, зэкъуигъэувэжри, хьэргъэшыргъэ къахэзылъхьа тырку уэлийр трахуащ. Абы и пIэкIэ тырку сулътIаным къигъэкIуа уэлиищIэри трахуа нэужь, адыгэпщ Исмэхьил-Бэч цIыхубэм дзыхь къыхуащI икIи фIы дыдэу къалъагъу хъуат.
Мы адыгэ тхьэмадэр захуагъэм и телъхьэу, цIыхугъэшхуэ хэлъу зэрыщытам и щыхьэту Зидан Джирджий хъыбаритI итхыжащ.
Япэрей хъыбарым зэрыжиIэмкIэ, тырку уэлийуэ Мысырым щыIэм хьэрычэтыщIэ гуэрым и кофэ къэп 3000 трихат. Ар Исмэхьил-Бэч къыщищIэм, уэлийм епсалъэри къыхуIихыжащ. Арати, хьэрычэтыщIэм дыщэкIэ гъэщIэрэщIа сандыкъ цIыкIурэ фошыгъу лъапIэу къэп зыбжанэрэ фIыщIэ къызэрыхуищIым и нэщэнэу къыхуригъэшащ. Ауэ къыIихын имыдэу, жриIащ: «Си фIыгъэкIэ къыпхуэнэжа мылъкур пэжу ууейуэ, уи хьэкъыу щытмэ, сэ си къалэныр сщIауэ аращ, абы и фIыщIэр Тхьэм деж щызгъуэтыжынущи, уи тыгъэр къасщтэмэ, сэ лей зэсхыжынущ. АдэкIэ, сэ къыпхуэзгъэнэжа мылъкур умейуэ, гъэпцIагъэкIэ къыпIэрыхьауэ щытмэ, а гъэпцIагъэмкIэ Iыхьэгъу сыныбдэхъунущ. Аращи, фошыгъу къысхуебгъэшар къызогъанэ, ауэ и уасэр си къуэдзэм къуитыжынущ»…
ЕтIуанэрей хъыбарым зэрыжиIэмкIэ, Исмэхьил-Бэч нэщI мазэкIэм щIэныгъэлIхэр, дин лэжьакIуэхэр къригъэблагъэрт, Iэнэшхуэхэр яхуигъэувырт. Арати, зы пщыхьэщхьэ гуэрым, нэхъапэкIэ имылъэгъуауэ зылI нэщхъей дыдэ къригъэблэгъахэм яхэту и нэгу къыщыщIэхуэм,  гупым я зэбгрыкIыжыгъуэм деж ар къыхуашэну унафэ ещI. Къыщыхуашэм, КъурIэныр иретри, зы сурэ къеджэну жреIэ. Ауэ лIыр, кIэзызу щIедзэри, къолъаIуэ: «Тхьэм уи гъащIэр кIыхь ищI, зиусхьэн, сэ сыпхъащIэщ, тхэкIи еджэкIи сщIэркъым, егъэза дыдэу сопсэу, си ныбэм из хъуху сышхэнщ жысIэри аращ сыкъыщIэкIуар, къысхуэгъэгъу». Ар щыжиIэм, игу щIэгъури, лIыр лэжьакIуэу къищтащ.
Исмэхьил-Бэч илъэс 16-кIэ тетащ и къулыкъум, ар фIы дыдэу игъэзащIэу.
Адыгэ тхьэмадэ ещанэу Лъахэм и шейхъ къулыкъур къызылъысар Зулфикъар Уэсмэн-Бэчт. Ари захуагъэм и телъхьэт, ауэ хуабжьу ткIийт. И блыгущIэтхэм ящыщ зым район гуэрым лей щызэрихьэу зэхихати, къриджэри, Iуэхур зэхигъэкIащ. ХужаIар пэжу къыщыщIэкIым, и щхьэр занщIэу пригъэупщIащ.
Мы тхьэмадэм и тетыгъуэм къэхъуауэ нэгъуэщI хъыбар гуэри ятхыжащ. Каир дэсхэм ящыщ гуэрым и унэр щызэригъэпэщыжым, дыщэр изу зы кхъуэщын къигъуэтат. Арати, дыщэр и фызым иритри быдэу игъэIущащ: хуэсакъ икIи зыми жумыIэ, дыкъащIэмэ, дыщэр къэралым тIихыжынущ!.. Ауэ, фызыр нэпсейти, щыгъын лъапIэхэмрэ налкъутналмэсхэмрэ къысхуэщэху жиIэри къыщыхьащ. Дыщэм и Iуэхур къыщIэщынкIэ шынэрти, лIым щимыдэм, фызыр Уэсмэн-Бэч деж кIуэри хуэтхьэусыхащ. Арати, лIыр унафэщIым ириджэри къыжриIащ: мы фыз бзаджэр утIыпщыжи, Тхьэм къуита дыщэр къэгъэсэбэп!..
Зулфикъар Уэсмэн-Бэч и лъэхъэнэм Мысырым тало узыр къыщежьауэ щытащ. А зэманым абы шхын гъэтIылъыгъэу, ахъшэ гъэтIылъыгъэу иIахэр щымысхьу цIыхухэм зэрахуигуэшам тхьэмыщкIагъэшхуэр псынщIэ ящищIат. Ауэ, абы и ужькIэ куэд дэмыкIыу, къыхуэдзэлашхэу щыта тырку дзэзешэхэм и къулыкъур IэщIагъэкIри, Каири къыдагъэкIащ.
ЕплIанэрей адыгэпщу Лъахэм и шейхъ къулыкъушхуэр къызылъысар Шэрджэс Алий-Бэчт, «Жин Алий» зыфIащыжауэ щытарт.
Мы адыгэ тхьэмадэр 1728 гъэм Кавказым, Псыжь аузым къыщалъхуащ. И адэр адыгэ щоджэнт, чыристан дин лэжьакIуэт, и цIэр Даутт. ЩIалэ цIыкIу къыщыхуалъхум, Исуф фIищат. Исуф и ныбжьыр илъэс 13-м нэсауэ хъунщIакIуэхэм ядыгъури, Ахьмэд и цIэу сондэджэр гуэрым иращащ. Абы щIалэр Мысырым къишэри, Ибрэхьим Катэхъда кърищащ. Къэзыщэхуам Алий фIищщ, пщылIыгъэри щхьэщихри, хьэрыпыбзэ иригъэщIэну, КъурIэнымрэ нэгъуэщI щIэныгъэхэмрэ иригъэджыну егъэджакIуэхэр къыхуищтащ. Алий и япэ къулыкъур къратауэ щытащ илъэс 22-рэ фIэкIа мыхъуауэ. Абы адэкIэ куэд дэмыкIыу хьэжыщI кIуэхэм я Iэмиру ягъэуври, ахэр иришажьэу щIидзащ хъумакIуэхэм я тхьэмадэу. Мэчэ гъуэгум хьэжыщIхэр щызыхъунщIэу щыта бедуин фыщIакIуэхэм зыкъамыIэтыжыфыну кIэ зэрыритам папщIэ, абы «Жин Алий» цIэр къыфIащат. Нэхъ иужькIэ, Мысырым и тет тырку пэщэм Алий «бэч» цIэр къыфIищри, и къулыкъущIэхэм я тхьэмадэу игъэуващ, адэкIэ Лъахэм и шейхъ къулыкъури къылъысащ. КъызэралъытэмкIэ, Мысырым щызэблэкIа тхьэмадэ псоми Шэрджэс Алий-Бэч хуэдэу лIыгъэ зиIэ, нэхъ губзыгъэ, нэхъ жыжьаплъэ къахэкIакъым. Абы къэрал кIуэцIми къэрал щIыбми щыIэ бийхэр иригъэкIуэту, Мысырыр къэралыгъуэ щхьэхуит щIыныр нэрыгъ ищIауэ щытащ. Сыту жыпIэмэ, фIыуэ къыгурыIуат Уэсмэн къэралыгъуэм и унафэ техьэтекIым щIэту Мысырыр къэрал зэрымыхъунур.
Мысырым и щхьэхуитыныгъэр къигъэблэгъэн папщIэ, Шэрджэс Алий-Бэч Иным япэ лъэбакъуэу ичар езым и ныбжьэгъу дыдэхэм ящыщу лIы тIощIым я къулыкъухэр нэхъ лъагэ ищIу «бэч» цIэр зэрафIищарщ. Абыхэм ящыщу 18-р адыгэт. ЕтIуанэрей лъэбакъуэр шынагъуэншагъэр хъумэным и унафэщI псори ихъуэжу, езым дзыхь зыхуищIхэр зэригъэуварщ. АдэкIэ, тыркудзэу Мысырым щы-Iэхэм я бжыгъэр нэхъ мащIэ ищIын папщIэ, абыхэм дыщэ е дыжьын ахъшэу ирату щытам и пIэкIэ я улахуэр тхылъымпIэу яриту щIидзащ. Ар ахъшэкIэ щахъуэжым деж и уасэ пэжым щыщу процент 90-р яфIэкIуэдырт. Арати, тыркудзэм хэтхэм я улахуэхэр мыхьэнэншэ дыдэ щыхъум, дзэм хэкIыжхэу щIадзащ. Апхуэдэурэ дзэр мыхьэнэншэ зэрыхъур щилъагъум, а зэманым Мысырым и уэлийуэ щыта Мухьэмэд-пэщэ дзэлашхэу щIидзат, ауэ абы емыдаIуэу, Алий Iуэхуу игъэпсар щэхууи нахуэуи игъэзащIэрт. Абы ныбжьэгъу гуэр иIэт Мухьэмэд Бэч-Iэбу Ал-Захьаб и цIэу, икIи и пхъур ишауэ и малъхъэу. Тырку уэлийр абы къелъэIуат Шэрджэс Алий-Бэч Иным епсэлъэну, тырку къэралыгъуэм пэрыуэгъу хуэхъуу иригъэкIуэкI лэжьыгъэхэр игъэувыIэну. Алий-Бэч иригъэжьа Iуэхур абы щхьэкIи имыгъэувыIами, и малъхъэр ахъшэрэ къулыкъукIэ тыркухэм дахьэхыу щIадзат, и щыкъу адэр иукIыжмэ, нэхъыбэж къыхуащIэну къагъэгугъэрт. Ауэ малъхъэ нэпсейр абы хунэмысу Алий-Бэч тырку уэлийр трихури Истамбыл иригъэшэжащ. И малъхъэр къызэрепцIыжари, хэт къыжримыIами, и фIэщ ищIакъым, нэхъри дзыхь къыхуищI хъуа мыхъумэ. ИкIи тыркухэр нэхъ ерыщыжу яужь ихьащ Мысырым и шейхъ (премьер-министр) Шэрджэс Алий-Бэч Иныр укIыным.
Истамбыл дэс тырку сулътIаным Шэрджэс Алий-Бэч Иным и унафэр укIкIэ ищIа нэужь, абы и щхьэр пиупщIу къыхуихьыну унафэ иIыгъыу Мысырым и уэлиищIэу игъэувар къиутIыпщащ. Ар къыщищIэм, Алий-Бэч и къуэдзэр сэлэтипщI и гъусэу пигъэтIысри, унафэр зэрыт фэрманыр уэлийм къытрахащ. ИкIи Алий-Бэч зимыIэжьэу адыгэпщхэмрэ бэчхэмрэ зэхуишэсри яжриIащ: «Мы унафэмкIэ яукIынур сэ си закъуэкъым, фэри фаукIынущ, дэ тщыщ зыри къагъэнэну хуэмейуэ аращ. Аращи, ди щхьэр, ди хьэкъыр тхъумэжын хуейщ!.. Фэ фощIэ иджыри къэс адыгэхэр Мысырым и унафэщIу зэрыщытар, икIи ахэр щIылъэри уафэри зэрыгушхуэ сулътIанхэу къызэрыгъуэгурыкIуар. Нобэ хуэдэ махуэр уасэншэщ, ар блэдвмыгъэгъэкI, игъащIэкIэ апхуэдэ махуэ къытхуимыхуэжынкIи хъунщ. Девгъауи щхьэхуит къэралу дыкъэвгъэув!..»

Мысыр къэралыгъуэ щхьэхуитыр

ШЭРДЖЭС Алий-Бэч и псалъэхэм пэжыгъэу хэлъхэмкIэ псори акъылэгъу хъуащ икIи къимыкIуэту къыдэщIынхэу псалъэ къратащ. Арати, тырку уэлийм хуатхащ сыхьэт 48-м къриубыдэу къэгъазэ имыIэу Мысырым икIыжын хуейуэ, имыкIыжмэ, и судыр щхьэпылъэкIэ ящIэну… Апхуэдэ щIыкIэкIэ хэIущIыIу ящIащ хьижрэт махуэгъэпсымкIэ 1183 гъэм Мысырыр къэрал щхьэхуит зэрыхъуар, уэсмэн къэралыгъуэм зэрыхэмытыжыр. Абы тырку унафэщIхэр хьэжэпхъажэ ищIащ, Истамбыл щIыр щыхъеям ещхьу икIи Сирием щаIыгъ тыркудзэ мин 20 хъур къаутIыпщащ Мысырыр яубыдыжыну. Ауэ Алий-Бэч ныбжьэгъу, гъусэ къыхуэхъуауэ къыдекIуэкI Аккэ и Iэмирыр тыркудзэм пегъуэкIащ. Адыгэ унафэщIыр и къуэхэри, и къуэрылъхуиблри хэту миних фIэкIа мыхъу дзэмкIэ Тэбэрием псы хъурейм деж тыркудзэм щыпэуври, хигъэщIащ. А зэпэщIэувэныгъэм иужь тырку сулътIаным дзэ къигъэкIуэжакъым икIи Мысырыр къэрал щхьэхуит хъуащ.
Дзэ къимыгъэкIуэжами, и IитIыр зэтедзауэ мытIысыжу, тырку сулътIаным нэгъуэщI Iэмал щэхухэр къигъэсэбэпу щIидзащ. Арати, а гъэ дыдэм, хьижрэт махуэгъэпсымкIэ 1183 гъэм, Мысырым и ипщэ лъэныкъуэм щыпсэууэ щыта хьэрып бедуинхэм зыкъаIэтри, къэзэуатышхуэ ящIащ Алий-Бэч Иным хуэмейуэ. Ауэ Алий и малъхъэ Мухьэмэд Iэбу Ал-Захьаб дзэ щIыгъуу игъакIуэри, ахэр я пIэ иригъэзэгъэжащ, тезырышхуэхэри ятрилъхьащ.
Алий-Бэч Мысырым и ипщэ лъэныкъуэм щытыкIэр щызэтригъэувэжа нэужь, мин 20 хъууэ дзэшхуэ къызэригъэпэщри, Мухьэмэд Iэбу Ал-Захьаб и унафэм щIэту Йемэным иутIыпщащ. Дзэшхуэм, хы Плъыжьым и къуэпситIыр зыри къыпэмыувыфу зэпичщ, Йемэным нэсри, ар къи-щтащ. Абы здэкIуэм, Джэддэ къалэри, хы Плъыжь Iуфэхэри иубыдащ. Апхуэдэурэ мазихым къриубыдэу хьэрып щIыналъэшхуэ хытIыгум ещхьыр, Мэчэри хэту, къищтауэ къигъэзэжащ. Абы хиубыдэрт нобэрей Сауд Хьэрыпри, Эмиратри, нэгъуэщIхэри.
Мэчэ къалэр къащта нэужь, абы и тхьэмадэм (бегъымбар унагъуэм къыхэкIам) Алий-Бэч къыхуитхат «Мысырым и пащтыхь» цIэр къыфIищу. А цIэр игу ирихьри, унафэ ищIащ абыкIэ къеджэнхэу, жумыхьэ нэмэз ящIыхуи а цIэр къраIуэну икIи, хабзэу зэрыщытам тету, хьижрэт махуэгъэпсымкIэ 1185 гъэм щегъэжьауэ ящIа ахъшэхэм а цIэ дыдэр традзащ.
Алий-Бэч Иныр Мысырым и сулътIан хъууэ, и къэралыгъуэри нэхъ ин ищIа нэужь, ар уэсмэн къэралыгъуэм щихъумэн папщIэ, Iэбу Ал-Захьаб мин 30 хъууэ дзэшхуэ иритри Сирием игъэкIуащ, ари къищтэу Мысыр пащтыхьыгъуэм къыхигъэхьэжын папщIэ. Тырку къэралым и бийхэми яхуитхащ щхьэщыжэгъу зэхуэхъун папщIэ зэгурыIуэныгъэхэр ядищIыну. Абы и жэрдэмыр зыкъомым къащтащ, урыс пащтыхьыгъуэри хэту.
Алий-Бэч Иным и дзэхэр Сирием здэкIуэм, а гъуэгум тет къалэхэр: Гъэззэ, Рэмлэ, Наблус, Ерусэлим, Фафа Сэида, нэгъуэщIхэри къащтащ. АдэкIэ Щам и блынышхуэм нэсри, къалэр къаувыхьащ. А къалэм зыкъитыну щытащ, ауэ апхуэдиз текIуэныгъэм зи щхьэр игъэунэза дзэзешэр, ахъшэшхуэкIэ, къулыкъу инкIэ къагъэгугъэу щIадзэри, Щам дэмыхьэу игъэзэжащ, и дзэр щIыгъуу. Абы нэрыгъ ищIат Алий-Бэч унафэр къыIэщIихыу Мысырыр тырку къэралыгъуэм хигъэхьэжыну. Ауэ Каир занщIэу кIуэну дзыхь имыщIу, абы АсиутI къалэм пIалъэкIэ зыщиIэжьэри, итIанэ, дзэшхуэ щIыгъуу, Каир екIуэлIащ.
Алий-Бэч и малъхъэр апхуэдэу епцIыжакIуэу къызэрыщIэкIар Iей дыдэу и жагъуэ хъуами, зимыту зэуэн унафэ иIэт. Ауэ абы хэту, Хьэккэ къалэм и уэлий икIи и ныбжьэгъу Шейхъ Дахьир и къуэм письмо къыхуитхащ псынщIэу и адэм деж нэсын хуейуэ. Арати, и дэIэпыкъуэгъу гуэрхэмрэ и унагъуэмрэ щIыгъуу Каир дэкIащ. Хьэккэ щынэсым, абы и тетыр Алий-Бэч дахэ дыдэу къыпегъуэкIат, ауэ езыр хьэлъэу сымаджэт, гъуэгуанэ кIыхьымрэ гукъеуэмрэ зэхаукIауэ.
Махуэ зыбжанэкIэ абы зыщигъэпсэхуа нэужь, урыс кхъухьхэм Iэщэ гуэрхэри къыхуашати, Алий-Бэч унафэ ищIащ Каир ягъэзэжу Iэбу Ал-Захьаб и Iуэхур зэтракъутэну. Арати, пэжу къыбгъэдэт дзэзешэ Ал-ТIэнтIауий и дзэм Сирием и къалэхэр къищтэжу щIидзащ. Къалэ зыбгъупщI яубыдыжри, абыхэм псоми адыгэ унафэщIхэр трагъэувэжащ, Алий-Бэч и телъхьэхэм ящыщу.
Алий-Бэч Иныр Жава къалэм дэсу лIыкIуэхэр къыхуэкIуащ, Каир къикIри. Ахэр Мухьэмэд Iэбу Ал-Захьаб зэрихьэ лейм игъэтхьэусыхэрт икIи къагъэгугъэрт, зэрынэсыжу Каир и куэбжэхэр къыхузэIуахыну, цIыхухэри лей зылъыса я пащтыхьым къыпегъуэкIыну хьэзыру. Ауэ абы гъэпцIагъэ гуэр хэлъ хуэдэт.

Сыт хуэдэу щытми, хъыбарыфIхэм къытрагъэхьэри, Алий-Бэч ежьащ зауэлIу миний хъу дзэ щIыгъуу. Абы щыщу сэлэт 3500-р Мароккэм къришат, ахъшэкIэ игъэзэуэну. Арати, Шэрджэс Алий-Бэч и дзэр Iэбу Ал-Захьаб и дзэ мин 12 хъум хуэзащ. Зауэм щIидзэри, сыхьэт зыбжанэ фIэкIа дэмыкIыу, Алий-Бэч бийм и дзэр хегъащIэри, ирихужьэжащ. Ауэ езыр уIэгъэ хъуащ.

Ар къигъэсэбэпри, Iэбу Ал-Захьаб дзэшхуэ зэрегъэуIуж, езыр япэ иту къожьэ Алий-Бэч и дзэм аргуэру къытеуэну, ауэ, и уIэгъэм щхьэкIэ къимыгъанэу, абыи   и дзэр зэригъэзэхуэжат. ИжьырабгъумкIэ щыIэ зауэлI гупым Ал-ТIэнтIауий, сэмэгурабгъумкIэ Шейхъ Дахьир и къуэр, езыр и кум дэтхэм я пашэу зауэм щIадзэри, бийр щIэпхъуэжыным нэсат, бзаджагъэм хуемыкIуамэ: Iэбу Ал-Захьаб и тIасхъэщIэххэр Мароккэм щыщ ахъшэкIэ ягъэзауэхэм къахэзэрыхьщ, дыщэкIэ дахьэххэри, я лъэныкъуэкIэ яшащ. Арати, етIуанэ махуэм Алий-Бэч       и зауэлIхэр хьэжэпхъажэ     хъуащ, псом хуэмыдэу ТIэнтIауий къаукIа нэужь. Алий-Бэч къелъэIуат зэуапIэм и щхьэр Iуихыу и псэр ихъумэну, ауэ яхуидакъым.
Сыхьэт зыбжанэ нэхъ дэмыкIыу Алий-Бэч и пщыIэм шу щэ ныкъуэ къытелъэдащ, Iэбу Ал-Захьаб и къуэдзэ Ал-Кихъил Мухьэмэд я пашэу. УIэгъэ хьэлъэ телъу пIэм хэлъым, и сэшхуэр иIыгъыу къыщылъэтри, япэ итар иукIащ. Аргуэру тIу щиукIым, къызэтеувыIэхэри и Iэ ижьым шэкIэ къеуащ. Ауэ итIани зимыту, сэшхуэр Iэ сэмэгумкIэ къищтэжри, аргуэру зыбжанэ иукIащ. Апхуэдэу зауэурэ, лъы куэд зэрыщIэжам къыхэкIыу, зыхуэмыIыгъыжу къыщыджалэм, яубыдри Iэбу Ал-Захьаб и пащхьэм ирадзащ. Абы и унафэкIэ Каир яхьыжри, и унэм дашэжащ. Абы и ужь махуиблкIэ псэужри, еянэ махуэм лIащ. ЗэрыжаIэжамкIэ, щхъухь гуэрхэр и уIэгъэм тралъхьат.
Тхыдэтххэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, Шэрджэс Алий-Бэч Иныр и лъэхъэнэгъу къэрал тхьэмадэ псоми ефIэкIыу щытащ, шыфэлIыфэ дахэ иIащ! Гу лъамытэу къэнакъым абы цIыхубэр фIыуэ илъагъуу, къэралым зегъэужьыным елIалIэу зэрыщытами. ЩIэныгъэ бгъэдэлъу, куэдым гу лъитэу, цIыхухэм пщIэрэ щIыхьышхуэрэ къыхуащIу, фIэлIыкI иIэу къекIуэкIащ. Захуагъэм и телъхьэт, цIыхухэм я хьэкъыр мыкIуэдыным, псом хуэмыдэу шынагъуэншагъэр хъумэным елIалIэрт.

Шэрджэс Алий-Бэч зэфIигъэкIахэр

ШЭРДЖЭС Алий-Бэч Иныр Мысырым и унафэщIу зэрыщытар илъэсипщI хуэдизщ, хьижрэт махуэгъэпсымкIэ 1177 - 1187 гъэхэм. А зэманым къриубыдэу абы зэфIигъэкIахэр куэд мэхъу, ауэ нэхъыщхьэхэр жыпIэнумэ, налогхэр нэхъ мащIэ ищIащ, къэрал лэжьапIэхэмрэ Iуэху зехьэпIэхэмрэ щIэрыщIэу къызэригъэпэщыжри, Iуэху зехьэкIэхэр нэхъ псынщIэ ищIащ, псом хуэмыдэу таможнэм ехьэлIахэр. Абы щIыгъуу хамэ къэралхэм сату ядэщIыныр зэпэщ ищIащ. ЦIыхухэр зыгъэгумэщIу щыта бедуинхэр пшахъуалъэхэм иригъэзыхьыжхэри, шынагъуэншагъэр зэтригъэувэжащ. Абы къыхэкIыу «ДыгъуакIуэхэм я лъапсэрых» цIэр къыфIащауэ щытащ.
КъищынэмыщIауэ, Алий-Бэч Мысырым ухуэныгъэ инхэр щригъэкIуэкIащ, а ухуэныгъэхэм ящыщ куэд нобэми къэсащ. Зи цIэ къипIуэ хъунухэм ящыщщ ТIэнтIэ къалэм и мэжджытышхуэр, сату уэрамхэу (бэзэрхэу) Булакъ щищIахэр, Булакъ къалэм кърищIэкIа быдапIэр. А псом и щIыIужкIэ еджапIэу, псы ефапIэу, лъэмыжу, Мысырыр нэхъ хъумэгъуафIэ хъун папщIэ быдапIэрэ дзэ тIысыпIэу ищIахэр…

Мысырым и адыгэ тхьэмадэхэр
(1775 - 1811 гъэхэм)

ШЭРДЖЭС Алий-Бэч Ин, лIэщIыгъуэ бжыгъэкIэ тыркухэм я унафэм щIэта Мысырым щхьэхуитыныгъэр къыхуэзыхьыжауэ щытар, щыхэкIуэдар 1775 гъэрщ. Ауэ абдежым адыгэхэм Мысырым и унафэр щаIэщIэкIауэ къэплъытэ хъунукъым. Сыту жыпIэмэ, тыркухэм бзаджагъэрэ дыщэкIэ ар зрагъэукIыжауэ щытар, ищхьэкIэ и гугъу зэрытщIащи, Алий-Бэч и малъхъэт икIи адыгэт. Арати, абы тетыгъуэр къылъысри, аргуэру Мысырыр адыгэхэм яIыгъыжащ 1811 гъэм нэсыху, арнаут (албан) лъэпкъым къыхэкIауэ Мысырым и уэлийуэ ягъэува Мухьэмэд-Алий Ал-Кэбир адыгэ тхьэмадэхэр «лъыгъажэкIэ» иригъэукIыху. Абы къэсыху Мысырым адыгэ унафэщI зыбжанэ щызэблэкIащ.

ЕпцIыжакIуэ Iэбу Ал-Захьаб и тхьэмадэгъуэр

ШЭРДЖЭС Алий-Бэч Иныр игъэкIуэда нэужь, и лъэпкъэгъухэмрэ и хэкумрэ зэрепцIыжам къыпэкIуэу, тырку сулътIаным Абу Ал-Захьаб Мысырым и унафэр къритат. Арати, «пэщэ» цIэр къыфIащу Уэлий хъуа нэужь, абы Алий-Бэч и гуэгъуу щытахэр хьэлэч ищIри, зэбгрихуащ. Шэрджэс Алий-Бэч къыдэщIу щыта Шейхъ Дахир зи тхьэмадэ Аккэ къалэм дзэшхуэ щIыгъуу зауэкIэ дыхьэри, дэсхэм я ныкъуэм хуэдизыр яукIащ, къэнахэм я мылъкур къытрахащ. Апхуэдэурэ Палестинэм и къалэу къыпэува псори хьэлэч зэтрищIыхьащ. Ауэ ажалыр езыми пэгъунэгъуу къыщIэкIри, зэуэзэпсэу лIащ. ЖызыIа щыIэщ и гур увыIэу лIауэ. Ауэ цIыху хей куэдыщэ зэриукIам къыхэкIыу, и гъуса гуэрхэм щхъухь иратауэ тезыгъэчыныхьхэри щыIэщ. Сыт хуэдэу щытми, епцIыжакIуэр и къулыкъум илъэситI нэхъыбэ тетакъым.

Исмэхьил-Бэч и тхьэмадэгъуэр

IЭБУ Ал-Захьаб лIа нэужь, адыгэ тхьэмадэу Лъахэм и шейхъ къулыкъур зылъысар Исмэхьил-Бэчщ. Арат Iэбу-Ал-Захьаб дзэшхуэ щIыгъуу щежьэкIэ и пIэкIэ къигъанэу щытар. Ауэ абы къулыкъур къылъыса нэужь, Алий-Бэч пэжу бгъэдэтахэм ящыщу, Iэбу Ал-Захьаб зэи гъусэ  хуэмыхъуауэ жиIэу щIидзащ. Iэбу Ал-Захьаб пэжу бгъэдэтахэм ящыщт адыгэ тхьэмадэхэу Мурад-Бэчрэ Ибрэхьим Бэчри, абыхэм Исмэхьил-Бэч жиIэхэм щхьэкIэ дзэлашхэу щыщIадзэм, а тIум зэфIэкIышхуэ яIэти, Исмэхьил-Бэч шынэри лъэныкъуэ зригъэзащ.

Ибрэхьим-Бэч и тетыгъуэр

ИБРЭХЬИМ-Бэч Iэбу Ал-Захьаб и малъхъэт. Бэч цIэр къыфIаща нэужь, ар ягъэув хьэж кIуэнухэм я амиру. Абы къикIыжа нэужь, финанс IуэхухэмкIэ къулыкъущIэ нэхъыщхьэ хъуащ. Iэбу Ал-Захьаб дзэшхуэ щIыгъуу щежьэм, ар Каир къалэм и тету ягъэуват. Исмэхьил-Бэч щIэпхъуэжа нэужь, Лъахэм и шейхъ къулыкъур къылъысащ. Япэрей Iуэхушхуэу мы адыгэ тхьэмадэм къыхукъуэкIар тырку сулътIан Абдулхьэмид, Мысырыр тырку унафэ ткIийм щIигъэувэжын папщIэ, къигъэкIуа дзэм пэщIэувэнырт. Ауэ Рэхьмание деж щекIуэкIа зауэм текIуэныгъэр къыщимыхьыфу икIуэтын хуей хъури, Мысырым и ипщэ лъэныкъуэм щтапIэ кIуэжащ, Мурад-Бэчи щIыгъуу. Тыркудзэу текIуэныгъэр къэзыхьахэм, Каир дыхьэн и пэ, Мысыр къуажэу, къалэу къапэщIэхуахэр зэрапхъуащ. Абыхэм я тхьэмадэ Хьэсэн-пэщэ и унафэкIэ адыгэ тхьэмадэ щIэпхъуэжахэм я мылъкухэри трахри, я сабийхэмрэ цIыхубзхэмрэ пщылIу ящэну, пщылI бэзэрым яшащ.
Апхуэдэу леишхуэ зрахар адыгэ муслъымэнхэм я закъуэтэкъым, - журтхэми чыристанхэми я натIэ хъуар арат.
Тыркудзэм и дзэзешэ Хьэсэн-пэщэ Истамбыл зэригъэзэжу, Ибрэхьим-Бэч Каир къэкIуэжщ Мурад-Бэчи щIыгъууи, Лъахэм и шейхъ къулыкъум пэрыувэжащ. Тырку сулътIаным и лIыкIуэ Мысыр уэлийр быдапIэм къыдамыгъэкIыу, унафэ ирамыгъэщIу, хабзэу зэрыщытам хуэдэу, Мысырым и унафэр адыгэхэм яубыдыжащ. Тырку сулътIану Мысырым дзэшхуэ къэзыгъэкIуауэ щытар щылIэм, къыкIэлъыкIуа сулътIаным Мысырым къыщыхъухэр къыфIэIуэхущакъым.

Мурад-Бэч и тхьэмадэгъуэр

ИБРЭХЬИМ-Бэч щIыгъуу тыркудзэм пэщIэта, абы щIыгъуу Мысырым и унафэри зубыдыжа Мурад-Бэч тхыдэм къыхэнэжащ Мысырым къытеуа Наполеон и дзэм зэрыпэщIэувауэ щытамкIи.
ЩIэныгъэлI Ал-Джибиртий зэритхыжамкIэ, Мурад-Бэч лIы сырыху кIэщI зэIэщIэлът, щхьэцыгъуэт, макъ гъум иIэт, жьакIацэт, и нэкIум сэшхуэ уапIэм и дыркъуэ телът, телъэдэгъуафIэт, лейзе-  хьэт, зыкъыфIэщIыжырт. Зы    сэшхуэ уэгъуэкIэ выщхьэр пиупщIырт, и теплъэр аслъэн теплъэт, зэуапIэм къыщыпэувыф щыIэтэкъым, къэгубжьамэ, и пащхьэ итыр игъэкIэзызырт. Ауэ жумартт, и тыгъэхэр куэдт, къэгубжьыгъуафIэми, теужыгъуафIэт. И бий дыдэми и пщIэр игъэкIуэдынутэкъым, и ныбжьэгъухэм яхуэпэжт, псалъэ итам тебгъуэтэжырт…
Мысырым и унафэр адыгэ амирхэм щаIэщIэлъа лъэхъэнэм а лъахэм и нэгу лъэпощхьэпо куэд щIэкIащ. Къэрал кIуэцI Iуэхухэм я мызакъуэу, къэрал щIыбым къикIхэри хэту. А псоми я нэхъыщхьэжт Наполеон и зауэр.

Наполеон Мысырым къызэрытеуар

НАПОЛЕОН и зауэм 1798 гъэм щIидзэри, 1801 гъэм нэсыху екIуэкIащ. Абы нэхъыщхьэу пэщIэувар адыгэхэрат икIи абыхэм ящыщу а зауэм тхьэмадэ, зауэлI куэд хэкIуадэри, адыгэхэр нэхъ къарууншэ хъуащ. Дауи, адыгэхэм къызэрагъэпэща дзэм и закъуэкIэ Наполеон къэгъэувыIэгъуафIэ хъунутэкъым. Мысырым зыкъом щIауэ къыхукъуэплъ Инджылызыр Iуэхум къыхыхьэщ, тыркухэри гъусэ къищIри, французыдзэр хагъэщIащ. ИкIи а лъэныкъуитIым зэдащIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ, Мысырыр япэм зэрыщытам хуэдэу, Тырку къэралыгъуэм и зы Iыхьэу къэнэжащ… АдэкIэ, Исуф-пэщэ Уэлийуэ, тыркум и кхъухьыдзэхэм я тхьэмадэу Наполеон езэуа Хьэсэн-пэщэ абы и дэIэпыкъуэгъуу ягъэува нэужь, тырку сулътIаныр и фIэщу егупсысу щIидзащ Мысыр адыгэпщхэр (бэчхэр) зэригъэкIуэдыну щIыкIэм. А Iуэхур Тырку къэралыгъуэм ищIа унафэ пыухыкIауэ зэрыщытар адэкIэ къэхъуахэм къахощыж.
Тырку уэлий Исуф-пэщэ Лъахэм и шейхъыу адыгэ тхьэмадэ Ибрэхьим-Бэч    игъэувыжат. Ауэ абы и ужь Мысырым и уэлий хъуа Хьэсэн-пэщэм адыгэхэр иужэгъуати, ятеплъэ хъуртэкъым. Арати, Истамбыл къриха къэрал унафэм ипкъ иткIэ, Ибрэхьим-Бэч, нэгъуэщI   адыгэ тхьэмадэхэри щIыгъуу, лъэхъуэщым щIадзащ, зыкъоми яукIащ, я унэхэр ягъэсащ. Арати, инджылызхэр Iуэхум къыхыхьэу кърагъэутIыпщыжа адыгэхэр щIэпхъуэжын хуей хъуащ.
Хъысро-пэщэ Мысырым и уэлий щащIым, абыи адыгэхэм езэуэн щIидзэжащ. Ауэ ахэр зэтриукIэн мурад иIэу Мысырым и ипщэ лъэныкъуэмкIэ иутIыпща дзэр адыгэхэм Бэни Суеф къалэм деж къыщызэтракъутащ. АдэкIэ адыгэпщхэм Дэмэнхьур къалэм зыщагъэбыдэри, Iуэхур зытетыр инджылызхэм ирагъэщIащ. АрщхьэкIэ, тыркухэр хъийм икIати, аргуэру дзэшхуэ къагъэкIуащ, ауэ Дэмэнхьур зэхэуэми уэсмэныдзэр щыхагъащIэри, ипэкIэ зыIэрагъэхьа текIуэныгъэ псом нэхърэ нэхъ иныж къахьауэ зауэр иухащ.
Инджылызыдзэу Мысырым Наполеон щезэуахэм щыщу къэнэжахэр щикIыжым, адыгэпщхэм я тхьэмадэ Мухьэмэд-Бэч Ал-Алфий пщIэшхуэхэр къыхуащIу здашэри ягъэлъэпIат икIи быдэу къагъэгугъат тырку сулътIаным епсалъэхэу, Наполеон къатеуэным и пэ адыгэхэм Мысырым щаIа тетыгъуэр къалъысыжыным хэлIыфIыхьыну. Ауэ инджылызхэр икIыжа нэужь, Хъысро-пэщэ аргуэру дзэ къызэригъэпэщыжри, Мысырым и ипщэ лъэныкъуэм кIуэжа адыгэхэм ятеуащ. АрщхьэкIэ зэхэуэн щIадзэн и пэ и зауэлIхэр къызэтеувыIащ, мазэ бжыгъэ лъандэрэ кърамыта я улахуэхэр къаIэрымыхьэжауэ зэуэн ямыдэу. Абы ирихьэлIэу, Инкишарий дзэм хэта арнаут (албан) лъэпкъым щыщхэми зыкъаIэтащ. Арати, тырку уэсмэныдзэм щыщ гупитIыр зэпэщIэувэжу щызэзауэм, Мысырым и тырку уэлий ТIэхьир-пэщэ хэкIуадэри, абы и пIэм Инкишарий дзэм и тхьэмадэ Ахьмэд-пэщэ иуващ. Инкишарий дзэм и тхьэмадэу арнаут лъэпкъым къыхэкIа Мухьэмэд-Алий  ягъэуващ. Ар инджылызхэм щIыгъуу къэкIуа тыркудзэм офицер цIыкIуу хэтами, иджы бэкбаши (полковник) хъуат.
Мухьэмэд-Алий адыгэхэм фIы закъыхуищIын хуэдэу щIидзэри, я тхьэмадитIым - Ал-Бэрдиси Уэсмэн-Бэчрэ Ибрэхьим-Бэчрэ - къахуэзащ икIи гъусэ къахуэхъуну къигъэгугъащ, Ибрэхьим-Бэч тырку уэлий Ахьмэд-пэщэр трихумэ. Ауэ Ибрэхьим-Бэч ар щимыдэм, Мухьэмэд-Алий шынэжри зиущэхужащ. Абы фIыуэ къыгурыIуэрт, адыгэ тхьэмадэшхуэ Ал-Алфий-пэщэр инджылыз къэралыгъуэм къикIыжрэ адыгэ тхьэмадэ псори зэкъуигъэувэжмэ лъэщ зэрыхъунухэри, Мухьэмэд-Алий ахэр зэфIэгъэкIуэдыным елэжьу щIидзащ, пэрыуэгъу имыIэу Мысырым бжьыпэр щиубыдын папщIэ.
Ар Ал-Алфий-пэщэм къыщищIэм, дзэшхуэ къызэригъэпэщри, КаиркIэ иунэтIащ, икIи Хъуршед-пэщэми, инджылызхэми хъыбар яритащ. Арати, инджылызхэр тырку сулътIаным епсалъэхэри, абы къэрал унафэ «лъагэ» къыдигъэкIащ Мысырым и адыгэ тхьэмадэхэмрэ абыхэм я цIыхухэмрэ зэрагъэкъуэнша псори ящхьэщихыжу. Абы щхьэкIэ къимыгъанэу, 1805 гъэм Ал-Алфий-пэщэр и дзэр щIыгъуу, Каир дыхьащ. Абы ирихьэлIэу тырку кхъухьыдзэ къэсащ, Мысырым и уэлиищIэу сулътIаным къигъэкIуа Сэлим-пэщэ щIыгъуу. Нэхъыщхьэрати, уэлиищIэм сулътIаным и унафэ тхылъ иIыгът Мухьэмэд-Алий хуэгъэзауэ. А унафэм ипкъ иткIэ, ар Балкъаным Iэпхъуэу, абы къыщыхуигъэлъэгъуа къулыкъум пэрыувэн хуейт, адыгэхэм къалъысыжырт Мысырым щаIа тетыгъуэри, щаIыгъа къулыкъу псори.

Мухьэмэд-Алий зыпэмыплъа унафэм къигъэуIэбжьат, ауэ зыкъыхимыгъэщу, мысыр щIэныгъэлIхэмрэ дин лэжьакIуэхэмрэ закъуидзэри, абыхэм сулътIаным деж тхылъ яригъэтхащ, Мухьэмэд-Алий Мысырым къигъэнэну лъаIуэу. Ар а къэралым къэнэным нэхъыбэу хуейр француз посолу абы щыIэрт, инджылызхэм япэщIигъэтын папщIэ. Арати, Iуэхум тырку кхъухьыдзэм и тхьэмадэр къыхыхьэри, Мухьэмэд-Алий Мысырым и уэлийуэ къэнэн Iуэхур сулътIаным ирагъэдащ. Мухьэмэд-Алий абы зэрыщыгуфIыкIар къригъэлъагъуэу, и къуэ Ибрэхьим тыгъэ лъапIэхэр иIыгъыу сулътIаным хуигъэкIуащ. ИкIи тхылъ хуитхащ сулътIаным и унафэ хэIэтыкIа псоми зэреувалIэмкIэ, адыгэ тхьэмадэхэм папщIэ ищIа унафэри хэту. А псоми и щIыIужкIэ, илъэс къэс тыгъэ ищIын хуейхэм и лейуэ, чысэ 400 итыну, зы чысэм дыщэ ахъшэу тху илъу, апхуэдэуи хьэжыщI кIуэхэм ятекIуэдэну ахъшэри езым и пщэм дилъхьэжыну зэрыхьэзырыр къигъэлъэгъуащ. Абы иужькIэ куэд дэмыкIыу,   тырку сулътIаным и унафэр къэсащ, Мухьэмэд-Алий Мысырым и уэлийуэ игъэуву икIи унафэ къыхуищIащ    адыгэ тхьэмадэхэм я гугъу имыщIыну.
Адыгэхэм я Iуэхур зэфIэувэжу щIидза къудейуэ, щIышылэ мазэм и къихьэгъуэм, 1807 гъэм, адыгэ тхьэмадэ Ал-Бэрдиси Уэсмэн-Бэч лIащ, абы и ужьым иту, а мазэ дыдэм, Ал-Алфий Мухьэмэд-Бэчи дунейм ехыжащ. Апхуэдэу зэкIэлъепсыхыжа адыгэ тхьэмадэхэм я пIэм Шахьин-Бэч иуващ.
Инджылыз къэралыгъуэм къилъытащ Мухьэмэд-Алий Мысырым и унафэр зэрыIэщIалъхьам зэгурыIуэныгъэу къэралитIым я кум дэлъыр икъутауэ, икIи ар инджылызхэм яхуэгъэза жагъуэгъу IэщIагъэу. Арати, гъатхэпэ мазэм, 1807 гъэм инджылызыдзэ Мысырым къагъэкIуащ, зауэлI минибл хъууэ, Франзер я тхьэмадэу. Дзэм и къалэныр Мухьэмэд-Алий IуигъэкIыу, французхэр Мысырым пэIэщIэ щIынырт. Инджылызхэр щыгугъырт    адыгэ тхьэмадэхэм я дэIэпыкъуныгъэм икIи абыхэм яIа тетыгъуэ псори ирагъэгъуэтыжыну жаIэрт, ауэ адыгэхэм ядакъым. Зы лъэныкъуэкIэ, ар МысырымкIэ нэхъыфIу къалъытакъым, адрей лъэныкъуэмкIэ, Мухьэмэд-Алий-пэщэм зыхуей псори къахуищIэну къигъэгугъати, абы адыгэхэр гъусэ щыхуэхъум, инджылызхэр Мысырым икIыжащ. Абы иужькIэ Мухьэмэд-Алий къэрал унафэр, ныкъуэкъуэгъу имыIэжу, къыхуэнащ. Адыгэ тхьэмадэхэми екIужати, Шахьин-Бэч Мысырым и ипщэ лъэныкъуэм къыщикIыжым, дахэ дыдэу пэгъуэкIри, тыгъэ лъапIэхэри хуищIащ икIи Ал-Джизэ хьэблэм унэшхуэ щыхуищIри щIигъэтIысхьэжащ. Ауэ Ибрэхьим-Бэч, Мухьэмэд-Алий дзыхь къыхуищIыртэкъыми, къигъэзэжын имыдэу а къэралым и ипщэ лъэныкъуэм къэнащ.
Адыгэ тхьэмадэхэм я Iуэхур Мысырым щызэтеувэжа хуэдэу зэкIэ къалъэгъуами, ар нэпцI защIэу зэхэлът. Къэралым и адыгэпщхэр щыгъэкIуэдыным теухуа унафэр къэзыщтар хэту щытми, а Iуэху еплъыкIэ ткIийр щыIэт, ар зыгъэзэщIари Мухьэмэд-Алий-пэщэрщ. Абы папщIэ «быдапIэм и лъыгъажэр» къызэригъэпэщри, адыгэ тхьэмадэу къригъэблэгъауэ хъуар зэтриукIащ.
Хьэрып тхыдэтх Ал-Джибиртий къызэригъэлъэгъуэжымкIэ, и къуэ Тосон я пашэу, Сирием дзэ игъэкIуэнути, гъатхэпэ мазэм и 1-м, 1811 гъэм Мухьэмэд-Алий Мысырым и тхьэмадэхэмрэ лIыщхьэхэмрэ я быдапIэм иригъэблэгъащ, псори зэгъусэу абы къыдэкIыу, ежьэным хуэхьэзыру Каир пэмыжыжьэу щыт дзэр гъуэгу трагъэхьэну. Арати, адыгэ тхьэмадэхэм сэлам къарихыу дахэ къажриIа нэужь, Мухьэмэд-Алий япэ иту гупыр къришажьэри, быдапIэм къыдэкIыу щIадзащ. Iуэхур зэрагъэпсам тету, адыгэпщхэрат яужь дыдэу быдапIэм къыдэкIын хуейр. Арати, ахэр къыдэкIын и пэ быдапIэм и куэбжэхэр зэхуащIри, шухэр дэкIыпIэ зэвым даубыдащ. Лъыгъажэм хуагъэхьэзыра сэлэту дэкIыпIэм къыдэплъэу лъагапIэм тетхэр Iэщэу яIыгъ псомкIи къауэу, шэр лъэныкъуэ псомкIи къателъалъэу щалъагъум, адыгэ шухэм щIакIуэ гъэщIэрэщIауэ я плIэм илъхэр зытрадзщ, шыхэм къепсыхщ, я Iэщэхэр кърапхъуэтри, хэт бжэмкIэ жащ, Iуахын я гугъэу, хэт быдапIэ пщIантIэшхуэмкIэ иунэтIащ сэшхуэр игъэдалъэу. Ауэ шэуэ къателъалъэм къанэ щымыIэу иригъэгъуэлъыкIащ. Адыгэхэм я тхьэмадэ Шахьин-Бэч зэрыджалэу, и щхьэр паупщIри, Мухьэмэд-Алий-пэщэм хуахьащ, гуфIапщIэ къыIахыну.
Ал-Джибиртий тхыдэтхым зэрыжиIэмкIэ, а махуэм быдапIэ лъыгъажэм хэтауэ къела адыгэ тхьэмадэ закъуэр Iэмин-Бэчщ. Ар и шым тесу быдапIэ блыным яфIыдэкIуейщ, епкIэри, Щам кIуэжащ.
БыдапIэм и куэбжэр зэхуащIу абы даубыдахэр яукIыу зэрыщIадзэу, нэгъуэщI сэлэтхэр абыхэм я унагъуэхэм ятеуэри, я унэхэр зэрапхъуащ, я цIыхубзхэмрэ сабийхэмрэ леишхуэ къылъагъэсащ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, а махуэм быдапIэм даукIыхьахэмрэ нэгъуэщI щIыпIэхэм бэлэрыгъауэ щаукIа адыгэ тхьэмадэхэмрэ зы мин хуэдиз хъурт.

Пирамидэхэм я деж Наполеон и дзэмрэ адыгэ мамлюкхэмрэ щызозауэ.
1798 гъэ, бадзэуэгъуэм и 21. Сурэтыр Луис Франсуа ищIащ.

 

Мысырым и тет Шэрджэс Алий-Бэч Иныр.

 

ЗэзыдзэкIар КЪУМЫКЪУ Мамдухьщ.
Поделиться:

Читать также: