Мэрем пшыхь

Тхыгъэ кIэщIхэр

Жырымрэ гъущIымрэ

ГъущIым жырым жриIэрт: «Дэ тIури дыкъызыхэкIар зыщ икIи дызэщхьщ. АтIэ сыт уэ нэхъ лейуэ ущIагъэлъапIэр? Захуагъэкъым ар».
Абы и жэуапу жырым жиIащ: «Пэжщ, дэ дыкъызыхахар зыщ икIи дызэщхьщ. Ауэ сэ джатэ къысхащIыкI, уэ къыпхащIыкIыр къыдырым щIалъхьэ налщ».

Хьэрэм имыгъэкIуэну

«Мы уи тэрэзэр тэмэму зэтеухуакъым, щIалэ», - жраIати, яхуэукIытакъым: «Фи дежкIэ хьэрэм нэзмыгъэкIуэну аращ, армыхъумэ абы къысхудидзэнум зыкIи сыхуейкъым», - жиIэри.

Зыщигъэгъупщэркъым

ПIэм хэлъ адэ сымаджэм и къуэм жриIэрт: «Си Iуэхур щIагъуэкъым, си щIалэ. Нэхъыбэрэ къыщIыхьэ».
«Сыт жыпIэр, дадэ! Уэлэхьи, уи пенсэр къыщыпхуахь махуэр къысхуэмыгъэс ухуеймэ!» - жиIащ «къуэ гумащIэм».

Гъуэгу бгынэжа

Илъэс IэджэкIэ абы цIыхум Iуэхутхьэбзэ яхуищIащ. Щыгъэмахуэми щыщIымахуэми еш иIакъым. Иджы зыкъом щIауэ абы цIыху теувэжыркъым. Гъуэгум ищIэркъым къэхъуар. ЦIыхухэм яхуозэш.

Бэдж

Бэджым и хъыр жэщ псом гугъу ехьу зэIуищат. Ар трактор рулырт зытрищIар. Пщэдджыжьым трактористыр и жырышым тетIысхьэжащ, бэджыхъыр илъэщIри, ежьэжащ лэжьакIуэ. ЩIым къехуэха бэджым зишхыхьыжырт:
- ГущIэгъуншэхэ!

Нэпсымрэ уэсэпсымрэ

Уэсэпсым нэпсыр щилъагъум жиIащ:
- Уа, сыту дызэщхьыIуэ дэ тIур! Зы анэм дыкъилъхуа хуэдэщ. Ди инагъри зыщ. КъабзагъкIи дызэхуэдэщ. КъызгурыIуэркъым: цIэ зырыз щхьэ къытфIаща дэ?!
Нэпсым жиIащ:
- Пэжщ, дэ тIур куэдкIэ дызэщхьщ. Ауэ уэ сыт пхэлъ си шыугъагъым щыщу!
Къагъырмэс Борис.

Фэ фщIэрэ?

КъэкIыгъэцIэхэр
ТхуейнэпцI - хмелеграб обыкновенный
Тхьэгъэгурым - подбел
ТхьэкIумэкIыхьудз - росичка
ТхьэкIумэкIыхьIунэ - дубровник
ТхьэмпитI - любка двулистная
Тхьэмпищ - клевер
Тхьэрыкъуэф - лопух
Тхъурымбей - хмель обыкновенный
ТIалыбэ - овсяница
ТIалыбэмэкъу - овсяница луговая
ТIалыбэмэкъущабэ - овсяница овечья
ТIомпIыш - красавка-белладонна
ТIуп - колокольчик
ТIурецэ - можжевельник
Уэздыгъей - сосна
Уэкъуэ - донник
Уэкъуло - ракитник
УэсмэракIуэ - снежноягодник
Удзбжьамий - гладиолус
Удздэгу - лебеда
УдззэрыкI - хвощ
Удзкъэдабэ - канатник
Удзкъэс - звездчатка
Удзлыгъуэж - ясинец
Удзлъэрыжэ - очиток
Удзхьэлэл - белена черная
Удзхъэрамэхъищэ - спаржа
Удзтхьэлэ - заразиха
Удзуэрыжь - водянка
Удзшыугъэ - солянка

Гупсысэр - псалъэкIэ

Удз гъэгъа

Апхуэдизу уелIалIэу, уахуэнэхъуеиншэу си псэм и губгъуэм удз гъэгъа щхъуэкIэплъыкIэ къомыр щхьэи щыбгъэкIат, я къуэпси, я лъэдакъи, я жэпкъи, я купкъи зэрызэщIыгъуу къиптхъыжу нэгъуэщIым ахэр саугъэт щыхуэпщIыжынум? Ауэ уэ пщIэххэркъым икIи зыкIи ущыгъуазэкъым псынэпс къабзэм хэбэукIыу хэхъукIа а удз гъэгъахэм гур зыгъэфI, зыгъафIэ мэ гуакIуэ гуэри къазэрыпимыхыжыр – къинащ ахэр си пкъым, къыщынащ си деж игъащIэ псокIэ уи фэеплъу. ПщIэрэ, щIэх дыдэ гъуэлэнущ сакIэлъыIэбэурэ, сакIэлъыпыхьэурэ степхыжу уежьэжа а гъэгъахэм я къапщIий телъыджащэхэр. ГъащIэ мащIэ дыдэщ абыхэм къапэплъэр – си нэпс шыугъэу ятелъэдам псынщIащэу щIигъэлIэнущ я пкъыр, щIиудынущ я лъэр. Хьэуэ, буныкъум къыщымынэу, ныкъуэдыкъуэу къэбгъэна си гум къыпхуэкIыу аракъым Iей гуэри. Ар хуейкъым уэ гъащIэм и дахапIэ дыдэр къыплъысыну фIэкIа. Къыпхуохъуапсэ насыпым и курыхыр, и уэрыпIэр толъкъуну къыбжьэхидзэну. Ауэ лIо сыбгъэщIэнур - схуэшыIакъым, схуэубыдакъым си нэпс?!
Хэт и гугъэнт, теплъэкъукI лъэпкъ уимыIэу, IэфIагърэ гуапагъкIэ упсыхь зэпыту апхуэдиз зэманкIэ, нэ фыгъуэ зытрамыгъаплъэми ярейуэ, къэбгъэкIа, къэбгъэхъуа удз дахэ къомым зэуэ лъапсэрыхыр къахуэбгъэкIуэжыну, уIэгъэ тебдзам ухуемыплъэкIыжу IэплIакIуэу зэщIэпкъуэу уежьэжыну?! Ауэ, итIани, си гур пхуэмыгъуэщ, пхуэпIейтейщ – сыхуейкъым си нэпс схуэмышыIам и зэран гуэри къокIыну. Сигу къикIэзызыкIым мы дуней псор зэрыщIиупскIэр зыхыумыщIэу къанэркъым уэ, дауи. Абыи сегъэгумэщI, сытошыныхь удз гъэгъа тхьэмпэхэр игъуэ нэмысу къыпигъэлъэлъыжынкIэ, къудамэ джафэхэр уи IэмыщIэм къринэнкIэ. Си деж гурыфIыгъуэу къыщыбнар зы закъуэщ - епэрымэ гуакIуэу си Iэпкълъэпкъ псом къинарщ, мащIэ-куэдми, сыпсэуху сыкъэзымыбгынэнурщ, щIы IэнэщIу къэбгъэна си псэр банэ кIыпIэм хуэкIуэныр ауи хуэзымыдэнурщ.
Жэмбэч Рабия.

Хабзэ

Къурагъ еупсей

Адыгэм къыдекIуэкIыу щыта хабзэ хьэлэмэтхэм ящыщ зыщ «Къурагъ еупсей» жыхуаIэр. Иджыпсту ди нэхъыжьхэм я нэхъыбэм ар зэращIэжыр адыгэ хьэгъуэлIыгъуэм и зы пкъыгъуэ цIыкIуущ. Ауэ пасэм щыгъуэ абы хьэгъуэлIыгъуэм пыщIэныгъэ хуиIакъым. Нэхъыбэу ар зэпхар атэлыкъым и къаныр щитыжырт, зэрыхабзэмкIи, езыр-езыру къызэрагъэпэщрэ екIуэкIыу арат.
Ди нэхъыжь дыдэхэм зэрыжаIэмкIи, языныкъуэ тхыгъэхэм къызэрыхэщымкIи «Къурагъ еупсейм» и Iуэхур къызэрекIуэкIыр мыпхуэдэут. Зы куейм къедза жылэхэм, е зы псыхъуэхэм, е зыпщ и унафэ щIэт къуажэхэм зэгурыIуауэ зы махуэ хахырт, балигъыпIэ иува я щIалэхэм (илъэс пщыкIух-пщыкIублым итхэм) я зэфIэкIымрэ хабзэ зэращIэмрэ ягъэунэхуну. Мыбдежым пщыти, пщылIти жаIэу, зэхэгъэж щыIэтэкъым. Хабзэр псоми зэращIэн хуейм ещхьу ягъэзэщIэнуи я къалэнт.
ЩIрагъэкIуэкIыр щIалэхэр арат. Абы я ныбжьым, илъэс пщыкIух-пщыкIублым уеплъмэ, ар ирихьэлIэрт атэлыкъхэм я къан тыжыгъуэм. НэгъуэщIу жыпIэмэ, къурагъ зраупсеин хуейхэм хыхьэрт атэлыкъхэм ятыж къанхэри. Абы къыщахутэрт дэтхэнэ зы атэлыкъым (быфыкъу адэм) и къаным хилъхьа хьэлымрэ ирита гъэсэныгъэмрэ.
ЩIалэхэм я зэфIэкIыр зэхагъэкIыну нэхъыжь гуп хахырт. Абыхэм яубзыхурт зэрагъэунэхуну Iуэхугъуэхэр: шы тесыкIэ, шы гъэджэгукIэ, шы игъэлъыкIэ, уанэ телъхьэкIэ, щIопщ IыгъыкIэ, нэхъыжь блэкIыкIэ, фIэхъус тыкIэ, хьэщIэ къегъэблэгъэкIэ, хьэщIэ егъэжьэжыкIэ, нэгъуэщI Iэджэхэри. ЩIалэхэр зэпрагъэуэнкIэ хъунут мывэ зэдадзу, дамэкъуэшэс зэдэджэгуу, хьэлъэ къызэдаIэту, нэщанэ зэдеуэу. Абы щыгъуэми нэхъыщхьэр нэхъ лъэщ дыдэр, хьэмэрэ нэхъ шэрыуэ дыдэр къащIэныр аратэкъым, атIэ псоми я зэфIэкIымрэ я къарумрэ зы пщалъэ гуэркIэ къахутэнырт.
ЩIалэхэм ягъэзэщIэн хуейм хыхьэрт адыгэ хабзэм ехьэлIа Iуэхугъуэхэри – щхьэгъэрытым и къалэнхэр, къуэдзэм ищIапхъэхэр, щыхьэкIуэ зэрыкIуэр, нэгъуэщIхэри. Абы щыгъуэми куэдрэ къэхъурт псалъэ гъущэкIэ тепсэлъыхьу зэфIамыгъэкIыу, зэращIэм, зэрахузэфIэкIым кIэлъыплъу. Апхуэдэ гъэунэхуныгъэхэр зэфIэкIа иужькIэ ахэр псори нэсу зыгъэзэщIэфахэм нэхъыжьхэм къурагъ ираупсейуэ арат, лIы ухъуащ, кърагъэкIыу. А щIалэхэм щхьэкIэ нэхъыжьхэм батырыбжьэ яIэтырт, джэгуакIуэхэм къебжэкIхэр зэхалъхьэрт, абы я шынэхъыжьхэр къехъуэхъурт, шынэхъыщIэхэр къехъуапсэрт. Псом нэхърэ нэхъыщхьэу ябжырт къурагъыр зраупсеям къурагъыбжьэ щратыр. Ар хабзэу мыхъумэ, фалъэм фадэу ит щыIэтэкъым. Апхуэдэу къурагъыбжьэ зрата щIалэм и адэ-анэм, и унагъуэм зэрыхузэфIэкIкIэ ерыскъы Iэнэ къищтэрти, нэхъыжьхэр игъэхъуахъуэрт, сабийхэри хамыну зыгуэрхэр хуагуэшырт.
ГуфIэгъуэр джэгурэ къафэкIэ яухырт. Къурагъ зраупсея щIалэхэр, я адэ-анэ къилъхуауэ шынэхъыжь къэзымыша яIэми къамыгъанэу, мобы сыкъыдэфащэрэт, жыхуиIэ хъыджэбзым и гъусэу утыку къихьэну хуит ящIырт. А зэрат ахэр я шынэхъыжь пIэщхьагъыншэм къишэхункIэ, абы къалъагъуу джэгум къызэрыщыфэнур. Я шынэхъыжьым къиша иужькIэ ахэр хуит хъурт джэгу хыхьэну, къэфэну, къэуджыну. Арагъэну къыщIэкIынущ мы хабзэр хьэгъуэлIыгъуэм щIэкIуари, щхьэхуэу зэрахьэныр цIыхум щаIэщIэхужым.
МафIэдз Сэрэбий.

ГушыIэ

Хъуэжэ и кIий макъыр уэрэд зэрищIыжар
 
Хъуэжэ джэгум къыхэкIыжауэ зы уэрам кIыфI гуэрымкIэ къэкIуэжырт. Ар бэлэрыгъауэ бжыхь лъабжьэмкIэ къыздрикIуэжым, зы хьэ гуэр пабжьэм къыхэцIэфтри, и цеикIэм къепхъуэри блэжащ. Хъуэжэ абы къигъащтэри, и къарум къызэрихькIэ «Уа-а-а!» - жиIэу, кIийуэ щIидзащ.
Хъуэжэ и кIий макъыр мыужьыхыж щIыкIэ, дыхьэшх макъ и щIыбагъымкIэ къыщыIуащ. КъеплъэкIри, къилъэгъуащ езым кIэщIу и ужь иту къэкIуэж зыпылъ хъыджэбзымрэ абы и ныбжьэгъумрэ. Ахэр къызэрилъагъуу Хъуэжэ и кIий макъ «уа-а-а»-м нэхъри зригъэIэтри, «рау-ри-ра-рий!» - жиIэу пищэжащ, къащтэу зэрыкIияр уэрэд жиIэ хуэдэу хъыджэбзхэм къафIигъэщIыну икIи зыфIимыгъэIуэхуу лъэбакъуэ хуабжькIэ ежьэжащ.

Сэ апхуэдиз сиIэкъым

Зы гъусэ иIэу Хъуэжэ бэзэрым кIуэри, нартыху къэп къащэхуат. Езыхэм къэпыр къахьыжын щхьэхри, хьэлъэзехьэу бэзэрым дэт гуэрым гурыIуащ. Зэгъусэу къыздэкIуэхэм, зэрымыщIэкIэ цIыху Iувым яхэзэрыхьри, нартыху къэпыр зрагъэхь лIыр яфIэкIуэдащ Хъуэжэ сымэ.
Абы лъандэрэ махуипщI дэкIауэ, Хъуэжэ кIуат аргуэру бэзэрым, япэм и гъуса дыдэр щIыгъуу. Абы щызэрахьэ хъугъуэфIыгъуэхэм хэплъэу къыздакIухьым, и гъусэр плъэри, къицIыхужащ нартыху къэпыр езыхьэжьа хьэлъэзехьэр. Зэуэ къэгуфIэри, ар Хъуэжэ щригъэлъагъум, абы и нэщхъыр зэхиуфэри щIэпхъуэжащ. И гъусэри кIэлъожэ. ЩылъэщIыхьэм еупщIащ:
- Уа, Хъуэжэ, езыр къэбубыдыным и пIэкIэ, уэ щхьэ ущIэпхъуэжа?
- Уэ егупсысыт, махуипщI хъуауэ си нартыху къэпыр къысхуезылъэфэкIым ахъшэ дапщэ естын хуейуэ къыстехуа уи гугъэрэ?! Сэ апхуэдиз сиIэкъым, - жэуап къитыжащ Хъуэжэ.

ПщIэну щхьэпэщ

Сыт лъыр зыгъэкъабзэр, фIыуэ зезыгъакIуэр?

ПIастэ хуабэ убар зэщIэбуфэмэ е зыгуэр тупIэмэ, ар уцIынынущ, псыр къыщIэжу.

* * *
Лъы зи мащIэ цIыхум нэхъ ишхырейуэ щытын хуейщ бжьыныху шыпсыр. Абы лъыр егъэкъабзэ, фIыуэ зэрегъакIуэ.

* * *
Шыпс, кхъуейжьапхъэ щащIкIэ куэдрэ зэIащIэмэ - шыпсри кхъуейжьапхъэри зэпышу мэхъу.

* * *
Адыгэ джэш хужь пIащIэр мыгъэвауэ махуэм щэ бжэмышх изурэ яшхмэ, фошыгъу узыр мэхъуж.

* * *
Бабыщ бзагуэр кIэцIа нэужь абы и джэдыкIэм уеIусэмэ, ар зейр а абгъуэм тетIысхьэжынукъым, джэдыкIэм цIыхумэ щыуащи.

* * *
Тхъур нэхъыбэрэ бгъэвэжыхукIэ, нэхъ къабзэ икIи нэхъ IэфI мэхъу, куэдрэ зэIыхьэркъым.

Къубатий Борис.
 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

19.03.2024 - 10:01 НОБЭ
18.03.2024 - 10:55 НОБЭ
15.03.2024 - 11:29 НОБЭ
14.03.2024 - 09:00 НОБЭ
13.03.2024 - 15:50 НОБЭ