Зи псэр къабзэм уеузэщI

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и щIыхьэпIэ нэхъыщхьэм деж иджыблагъэ гъэлъэгъуэныгъэ хьэлэмэт щекIуэкIащ. «Уэшхым и цIыху» зыфIаща жэрдэм дахэр Аутизмым теухуа хъыбарыр хэIущIыIу щIыным и дунейпсо махуэм ирихьэлIэу къызэрагъэпэщат. ЩIалэгъуалэм я пащхьэ иралъхьащ дизайнымкIэ колледжым и гъэсэн ныбжьыщIэ Иуаз Амир и лэжьыгъэ 20 хуэдиз.
ЖэрдэмщIакIуэхэм ящыщ, КъБКъУ-м Егъэджэныгъэ Iэмалхэр къызэгъэпэщынымкIэ и къудамэм и унафэщI Настуевэ Людмилэ зэрыжиIамкIэ, гъэлъэгъуэныгъэм и къалэн нэхъыщхьэхэм хохьэ аутизм зиIэ цIыхухэм ябгъэдэлъ щхьэхуэныгъэхэр гъунэгъуу щIалэгъуалэм егъэлъагъуныр, абыхэм я дуней тетыкIэм, я гупсысэкIэм хэлъ хьэлэмэтхэм щыгъэгъуэзэныр.
«ЦIыху къэс езым и натIэ къритхауэ зы щыIэкIэ гуэрым къыхуегъэщIри, ар зэригъэнщIынум, абы хилъхьэну купщIэм и къарур здынэсынум дэтхэнэри хуитыжщ. ГупсысэкIэ зиIэ цIыхум фIыуэ къыгуроIуэ псэ зыIут дэтхэнэри зыр адрейм къыщхьэщыкIыу зэрыщытыр. Армырамэ, дызытет дунейр зэшыгъуэ къытщыхъунт. Хэти хуиту и гупсысэхэр къеIуэтэф, хэти нахуэу егъэлъэгъуэф, хэти и IэщIагъэхэмкIэ ар хэIуIщIыIу ещI. Аутизм зиIэ цIыхухэми дуней зыхэщIэкIэ гъэщIэгъуэн яIэщ. Уеблэмэ ахэр мынэхъ набдзэгубдзаплъэу пIэрэ, гукIэ зыхащIэр мынэхъ куууэ пIэрэ, жыпIэу уогупсысэ. Аутизмыр узыфэу къэзылъытэ щыIэщ. Ауэ иджырей къэхутэныгъэхэм къагъэлъэгъуащ ар сымаджэм ефыкI узыгъуэ лIэужьыгъуэу зэрыщымытыр, ар цIыхум и щIыкIэу, апхуэдэу къалъуху зэрыщытыр – абы урисымэджэфынукъым, ар бгъэхъужыфынукъым. Щхьэ куцIым иIэ патологие щытыкIэщи, абы удекIуэкIыну аращ. Аутизмыр зиIэхэр а зэрыщытым хуэдэу къэщтэным хуэгъэпсащ мы гъэлъэгъуэныгъэри. Дыхуейт ар зи Iэдакъэ къыщIэкIа щIалэм зэчий зэрыбгъэдэлъыр, гупсысэ куу зэриIэр, гузыхэщIэ ин дыдэ къызэрыпкърыкIыр псоми нэрылъагъу ящытщIыну, щIалэгъуалэр апхуэдэ щытыкIэм емыпэгэкIыныр щэнхабзэ дахэу зыхалъхьэным хущIэдгъэкъуну», – жиIащ Настуевэ Людмилэ.
СурэтыщI ныбжьыщIэм и анэм, Узыншагъэр зэгъэпэщыжынымкIэ икIи егъэфIэкIуэнымкIэ «Индиго» центрым и унафэщI Сэхъу Ренатэ къызэрыхигъэщамкIэ, зи IэдакъэщIэкIхэр ягъэлъагъуэ Амир зэрысабийрэ сурэт щIыным дехьэх.
«Амир нэхъыбэу зыIэпызышэр полимер псыIагъэр зыхэлъ лапхъэ лIэужьыгъуэхэращ, ауэ дагъэ лапхъэхэри IэщIыб ищIыркъым. Итхар кIэрымыкIыжмэ, зытритхыхь чэтэным кIэрымыкIыжмэ, абы и гур егъэзагъэ. Нэхъыбэу хымрэ псыщIагъ дунеймрэ епха Iуэхугъуэхэращ къиIэтыр. Сызэрыанэрауэ къыщIэкIынщ, ауэ абы хилъхьэ лъагъуныгъэр къыспкърыхьэу пIэрэ жысIэу куэдрэ сыщеплъ къохъу, итха теплъэгъуэр къызыхихамрэ зытрищIыкIа гупсысэмрэ къэсхутэну иужь ситу. «Уэшхым и цIыху» зи фIэщыгъэ гъэлъэгъуэныгъэр илъэсиплI ипэк1э япэ дыдэу ирагъэкIуэкIауэ щытащ. Абы щыгъуэщ Амир и IэдакъэщIэкIхэри япэу щыдгъэлъэгъуар. Ди гуращэ нэхъыщхьэр зыт зыхуэгъэпсар – цIыхум и гум фIыр къыщыгъэушынырт. Дэ къытщIэхъуэ щIэблэр зыхэтщIыкIын, ахэр зыщIэхъуэпсымрэ зыхуэпабгъэмрэ дыщыгъуэзэн хуейуэ хьэкъ диIэщ. Амир бгъэдэлъ щхьэхуэныгъэм хуэдэ зиIэхэр апхуэдэ гулъытэм тIуащIэ-щащIэу хуэныкъуэщ. ЕмыкIу къысхуамыщIыну сыщогугъ, ауэ щIалэм си щытыкIэр куэдкIэ нэхъыфI ищIащ, си щэным фIы и лъэныкъуэкIэ зригъэхъуэжащ. Иджы сэ иужь ситщ аутизм зиIэ сабийхэм я адэ-анэхэм садэлэжьэну, ахэри сэ насыпыфIэу зызэзыгъэлъытэжа гъуэгум къытесшэну. Хуабжьу сыхуейщ «Уэшхым и цIыху» гъэлъэгъуэныгъэм и гъунапкъэхэр нэхъ бгъуэуэ зэлъыIукIуэтыну, ар зищIысымрэ щIыщыIэмрэ нэхъыбэм къагурыIуэну, нэхъыщхьэращи, дызэхащIыкIыну», – жиIащ Сэхъу Ренатэ.
Гъэлъэгъуэныгъэм кърихьэлIащ КъБКъУ-м и лэжьакIуэхэр, егъэджакIуэхэр, студентхэр. Апхуэдэу КъБКъУ-м сабий узыфэхэмрэ лъхугъэ IуэхухэмкIэ и кафедрэм и профессор, психолог Теммоевэ Лейла тригъэчыныхьу жиIащ Иуаз Амир и сурэтхэм арт-Iэзэгъуэ жыхуаIэм и къарум хуэдэ зэрыхэлъыр.
«Сыт хуэдэ сурэт уемыплъми, зыгуэр уигу къокIыж, къызэбнэкIа гъащIэ гъуэгуанэм ухуоплъэкIыж, уиIэжхэмрэ уимыIэжхэмрэ гур языгъэхуэбылIэ гурыщIэхэр къызэщегъэу. Амир щIалэщ. Щ1алэу щытми, зытет дунейр фIыуэ зыхещIэ, къыгуроIуэ, къегъэлъагъуэ. Абы чэтэным трилъхьэ лапхъэ щхъуэкIэплъыкIэр игъэджэгу къудейкъым, атIэ къагъэщI дэтхэнэ зы теплъэгъуэри бауэу къыпфIегъэщI, моуэ уи нэр тIэкIу ятебгъэплъызэ къудеймэ, къопсэлъэну къыпщегъэхъу. Щхьэхуэныгъэ хэхахэр зиIэ щIалэщIэм къэзыухъуреихь дунейр апхуэдэу хьэлэмэту къызэригъэлъэгъуэфыр езыр хьэлэмэтлажьэщ. Сурэтхэм къапкърыкI хущхъуэгъуэр узыфитIым я Iэзэгъуэщ: зы лъэныкъуэкIэ мыпхуэдэр зыхузэфIэкI щIалэм и къарур сэри къыслъыкъуэкIын хуейщ, жыбоIэри, хъуапсэу гур игъэпхъэр мэхъу, уи зэфIэкIыр здынэсынур нэхъ нэрылъагъу пщещI; нэгъуэщI лъэныкъуэкIэ укъыбгъэдыхьэмэ, мы дуней зэхэзэрыхьам и даущым укъыхеш, узэплъ теплъэгъуэр здэщыIэм укIуэну ухуейуэ мамырыгъэ уи пкъым къыхелъхьэ. Зи псэр къабзэм Iэпкълъэпкъри гупсысэри имыузэщIынкIэ Iэмал иIэкъым. Арт-Iэзэгъуэ жыхуаIэр езыр аращи, абы и лъэныкъуэкIэ Иуаз Амир и къалэнхэр къехъулIауэ къэплъытэ хъунущ», – жиIащ Теммоевэ Лейла.
КъБКъУ-м ЦIыхум и хуитыныгъэмкIэ, экономикэмрэ финанс хуэIухуэщIэхэмкIэ и институтым и унафэщI Мэшыкъуэ Еленэ зэрыжиIамкIэ, университетыр хущIокъу щIалэгъуалэм узыншагъэ и лъэныкъуэкIэ ябгъэдэлъ щхьэхуэныгъэхэм емылъытауэ, я зэфIэкIхэр хэIущIыIу яригъэщIыну, псоми зэхуэдэ Iэмал яритыну. 
«Университетым ЮНЕСКО-м и кафедрэр къызэрыщызэIуахрэ еджакIуэхэм я зэфIэкIхэр утыку зэрырихьэным, социальнэ мыхьэнэ зиIэ жэрдэмхэр нэхъыбэ зэрищIыным хущIокъу. Псом хуэмыдэу ар теухуащ Амир хуэдэ ныбжьыщIэ хьэлэмэтхэм. ДяпэкIи ЮНЕСКО-м и кафедрэм апхуэдэ гукъэкIхэр еджакIуэхэми егъэджакIуэхэми ядиIыгъынущ. Шэч къытесхьэркъым мы Iуэхугъуэр илъэс къэс зэредгъэкIуэкIынум, ар къапхъуатэу нэгъуэщI IуэхущIапIэхэми зэрырагъэкIуэкIынум», – жиIащ Мэшыкъуэ Еленэ.
Иуаз Амир къызэIуиха гъэлъэгъуэныгъэм жыджэру хэтащ къыдеджэ ныбжьыщIэхэри. Плъагъуну гуапэт абыхэм щIалэм хуаIэ хущытыкIэр псапэхуэщIэм къызэрыхамыхыр. Гурэ псэкIэ ягъэныбжьэгъу, зи лэжьыгъэр телъыджэу къэзыщтэ, гъащIэми абы къыхэкI Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэми яхузэIуха цIыху щыпкъэу зэрыщытым, апхуэдэ щIалэгъуалэ узыншэ зэрыдиIэм гукъыдэж къуатырт.
КъызэгъэпэщакIуэхэм къызэрыхагъэщамкIэ, Иуаз Амир и гъэлъэгъуэныгъэр иджыри махуэ зыбжанэкIэ зэхуамыщIыжу щыIэнущ.

 

ШУРДЫМ Динэ.
Поделиться: