Мультфильм зыбжанэм я хъыбар

 

Генэ пшынауэр зыхэтыр

 

1966 гъэм Успенский Эдуард и Iэдакъэм къыщIэкIащ «Крокодил Гена и его друзья» тхылъыр. Таурыхъым къеджащ гуащэ анимацэхэм елэжь режиссёр Качанов Роман. 1968 гъэм Успенскэмрэ Качановымрэ елэжьын щIадзащ, илъэс дэкIри, «Крокодил Гена» мультфильмыр телевизоркIэ къат хъуащ, цIыхухэр дихьэхащ. 1971 гъэм Качановым трихащ таурыхъым къыпызыщэ «Чебурашка» Iыхьэр. Нэхъ иужькIэ Успенскэм и тхыгъэр я лъабжьэу аргуэру мультфильмитI къыдэкIащ: «Шапокляк», «Чебурашка идёт в школу».

   «Крокодил Гена» мультфильмым макъамэр хуитхащ композитор Зив Михаил. КъыкIэлъыкIуэ мультфильмхэм макъамэ яхуитхыну Качановым къригъэблэгъащ Шаинский Владимир. Режиссерым къилъытащ «Чебурашка» мультфильмыр Генэ уэрамым щыжиIэ уэрэд цIыкIукIэ къыщIидзэн хуейуэ. Уэрэдым псалъэхэр хуитхащ «Союзмультфильм» студием и редактор Тимофеевский Александр.  Япэу итха усэр нэщхъеифэу къэзылъыта Шаинскэр абы дэлэжьэн щимыдэм, Тимофеевскэм нэгъуэщI иусащ. Апхуэдэу къэунэхуащ «Пусть бегут неуклюже пешеходы по лужам» уэрэд цIыкIум и псалъэхэр.

Мультфильмыр къыдэкIа нэужь, уэрэдыр цIэрыIуэ хъуащ. 1972 гъэм «Илъэсым и уэрэд» зэхыхьэм ар щыжиIащ сабий хорым и уэрэджыIакIуэ Парамонов Сергей. Залым щIэсхэм уэрэдыр апхуэдизу я гум дыхьати, щIэлъэIуауэ щытащ аргуэру зэ жиIэну.

Вицин, Никулин, Моргунов тращIыкIа лIыхъужьхэр хэтщ

Ковалевская Иннеса и «Бременские музыканты» мультипликацэ фильмым хэт уэрэд цIыкIум и макъамэр итхащ Гладков Геннадий. Псалъэхэр Энтин Юрий ейщ. Уэрэдыр егъэзащIэ Анофриев Олег. Режиссёрым мультфильмыр трищIыкIащ Гримм зэкъуэшхэм я таурыхъым. Ауэ абы хэмыта лIыхъужьу хигъэхьащ накъырапщэмрэ пащтыхьыпхъумрэ. Ахэращ лIыхъужь нэхъыщхьэ хъуари. Мультфильмым сценарий хуатхащ актёр Ливанов Василийрэ усакIуэ Энтин Юрийрэ. Мультфильмым хэт хъунщIакIуэхэу Трус, Балбес, Гладков сымэ кинохэм зэгъусэу лIыхъужьу щыджэгуа Вицин Георгий, Никулин Юрий, Моргунов Евгений сымэ тращIыкIащ. «Бременские музыканты» мультфильмым макъамэ хуитхащ Гладков Геннадий.

Псым хэлъу итхащ

«Летучий корабль» мультфильмым псыхъуэлIым и уэрэдыр щегъэзащIэ Папанов Анатолий. Макъамэр Дунаевский Максим ейщ, псалъэхэр Энтин Юрий. Режиссёр Бардин Гарри мультфильмыр урыс псысэм трищIыкIащ. Энтиным зэрыжиIэжамкIэ, псыхъэулIым и уэрэдыр тхыным гугъу дехьат. Мультфильмым хэт лIыхъужыр нэхъ IупщIу зыхищIэн щхьэкIэ, абы ваннэм псыр из ищIри хэгъуэлъхьащ, гъунэгъуу тхылъымпIэмрэ къэрэндащымрэ щылъыххэти, дакъикъипщI нэхъ дэмыкIыу, псалъэхэр зэхуигъэкIуащ. Иужьым апхуэдизу псыхъуэлIым и образыр зи гум дыхьа Энтиным и гъэмахуэ унэм деж абы и статуе щригъэгъэуващ.

Хьэхэмрэ джэдухэмрэ лIыхъужьу

1981 гъэм Дюма Александр и романымкIэ траха «Д’Артаньян и три мушкетера» фильмым Гамбург Ефим къытрищIыкIа «Пёс в сапогах» мультфильмыр къыдэкIащ. Макъымэр Кельми Крис, Смеян Павел, Оппенгейм Борис зэдатхащ, псалъэхэр Либин Михаил ейщ. Уэрэдыр жаIащ Караченцев Николайрэ Муравьёвэ Иринэрэ. Мультфильмым и лIыхъужь хъуащ пащтыхьым и хьэхэмрэ кардиналым и джэдухэмрэ. Мультфильмым хэт уэрэдхэм ящыщу нэхъ цIэрыIуэ хъуащ «Блюз Пса и Болонки» жыхуиIэр.

ГЪУЭТ Синэ.

 

Поделиться: