ХэкIуэда я лэжьэгъухэм я анэхэм гулъытэ хуащI

УФ-м и Лъэпкъ гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм ведомствэм щIэмыт и хъумакIуэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэр я къалэн ягъэзащIэу хэкIуэда я ныбжьэгъухэм я анэхэм ехъуэхъуащ ЦIыхубзхэм я махуэмкIэ.

IэнатIэм и лIыкIуэхэмрэ Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и ветеран организацэм и унафэщI, полицэм и полковникыу къулыкъум къыхэкIыжа Хужьокъуэ Русланрэ ехъуэхъуащ милицэм и прапорщик Мысост Артуррэ милицэм и сержант нэхъыщIэ Къандэхъу Алимрэ я анэхэу Мысост Хужьпагуэрэ Къандэхъу Риммэрэ.

Хабзэхъумэхэм цIыхубзхэм удз гъэгъахэр IэщIалъхьащ икIи фIыщIэ хуащIащ я гъащIэм емыблэжу цIыхухэр зыхъума, къэралым и шынагъуэншагъэр къызэгъэпэщыным хэлъхьэныгъэшхуэ хуэзыщIа лIыхъужь-хэкупсэхэр зэрагъэсам папщIэ.

- Фи къуэхэр зэрыффIэкIуэдар гуауэшхуэщ. ИтIанэми, мы махуэм сыхуейщ фIыщIэ фхуэсщIу сынывэхъуэхъуну, фи гугъуехьхэм, дэIэпыкъуэгъу фыхуэныкъуэмэ, абыхэм щыгъуазэ дыфщIыну. Урысей гвардием и щIыналъэ IуэхущIапIэм и унафэщIхэр сыт щыгъуи хьэзырщ зыкъыфщIагъэкъуэну, - жиIащ ветераным.

 

БАХЪСЭН Ланэ.
Поделиться: