Бзэм щхьэр ехъумэ

Илъэси 150-м щIигъуащ ди лъэпкъэгъухэм я хэку зэрырагъэбгынэрэ. Сыт хуэдизу гуауэу ар ди лъэпкъ тхыдэм къыхэмынами, апхуэдиз илъэс лъандэрэ зыхэсхэм ягурыIуэу хамэ къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щыпсэу адыгэхэм гур хагъахъуэ, я хабзэр, бзэр, щэнхабзэр, тхыдэр хуэсакъыу яхъумэу къызэрыгъуэгурыкIуэм уегъэгушхуэ.

Иорданием Адыгэ ФIыщIэ Хасэ щолажьэ. Ар Амман дэтщ. Хасэр къудамэ зыбжанэу зэхэтщ, къищынэмыщIауэ, абы и IуэхущIапIэхэр щыIэщ Сыуелыхь, Джэрэш, аз-Зэркъэ, Русейфэ (шапсыгъхэр нэхъыбэу зыдэс къуажэхэщ), Нэхьур (бжьэдыгъухэмрэ абзэхэхэмрэ дэсщ), Уадисир, псори къапщтэмэ, 14 мэхъу. Хасэм хэту мэлажьэ Бзылъхугъэхэм я хасэр, абы иджыпсту и гуащэр Къандур Сэтэнейщ. ФIыщIэ Хасэм къепхауэ адыгэ еджапIэ илъэс 30 хъуауэ щолажьэ Иорданием. Ар бзылъхугъэхэм я фIыщIэщ.  Хасэм и Iуэхур дахэу, щхьэпэу дигъэкIыу илъэс куэдкIэ и тхьэмадэу щытащ Къардэн Самир. Абы иригъэкIуэкIа Iуэхухэм къыпищэу, нэхъри иригъэфIакIуэу иджы мэлажьэ Иорданием и дзэм илъэс 32-кIэ хэта генерал Дыгъужьокъуэ Мухьэмэд Хьэмид и къуэр. Мухьэмэд дзэм къулыкъу щищIэн ипэ Лондон кадет колледжым щеджащ, ар къиуха нэужь, Иорданием и дзэм и унафэщIым и дэIэпыкъуэгъуу лэжьэн щIидзащ, илъэситIкIэ Париж и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ, дзэ IуэхумкIэ къулыкъу лъагэхэм пэрытащ икIи генерал хъуауэ къыхэкIыжащ.

«Пэжщ, дзэм сыхэтыху Хасэ Iуэху зесхуакъым, - жеIэ Мухьэмэд. - Уеблэмэ апхуэдэ лъэпкъ зэхуэсхэм сыщыкIуэм деж яфIэфIтэкъым, «Бзэгу ихьыну къэкIуауэ аращ» жыхуаIэу. Ауэ си гум жьы дихужащ дзэм сыкъыхэкIыжа нэужь. Псы Iубыгъуэ хуэлIэ цIыхум хуэдэу сыхуэныкъуэт а лъэпкъ зэхуэсхэмрэ лъэпкъ Iуэхумрэ. Хасэм сыдэлэжьэнт жысIэу сыщеблэгъам, я гуапэу сызыхагъэхьащ. Бзэр сэ езым зэзгъэщIэжауэ фIыуэ зэрысщIэм къыхэкIыу, дерсхэр есту щIэздзащ. 2008 гъэ пщIондэ апхуэдэу сылэжьауэ, «Нарт» ТВ-р къызэIуахащ. Аргуэру адыгэбзэм шэрыуэу ирипсалъэ къалъыхъуэу зыкъысхуагъэзати, згъэщIэхъуакъым, пщIэншэу садэлэжьащ. ИтIанэ радиом срагъэблагъэри, зы тхьэмахуэм зы нэтын згъэхьэзыру сыщыIащ. А зы нэтыныр сщIын щхьэкIэ, тхьэмахуэ псокIэ зызгъэхьэзырырт. Псалъэжьхэм, псысэхэм дыкъеджэрт, адыгэ уэрэдхэр къедгъауэрт. Сэ адыгэбзэкIэ жысIэхэр хьэрыпыбзэкIэ зэзыдзэкIыж бзылъхугъэ къызбгъурысу къэттырт, телефонкIэ къэпсалъэхэм жэуап еттыжырт.

Мазий и пэ Хасэ тхьэмадэр хахын хуей щыхъум, сэри сыхыхьащ. ЦIыху 15 дыхъуу зы гуп дыщыIэт, апхуэдиз хъууэ нэгъуэщI гупи Хасэм и Iуэхур зэрихьэну хуейт. Дэ ди насып текIуэри, ди гупым хэтым щыщу цIыхуитI фIэкIа къэмынэу, IэIэткIэ дыхахащ. Абы лъандэрэ Иорданием и ФIыщIэ Хасэм и тхьэмадэу солажьэ. Си бзэр нэхъ шэрыуэ хъунымкIи, лъэпкъ Iуэхум нэхъ сыхэгъуэзэнымкIи, адыгэбзэр зэрырагъэдж Iуэхухэр сщIэнымкIи, «Нарт» ТВ-м сызэрыщылэжьар хуабжьу сэбэп къысхуэхъуащ. Абы щыгъуэм бзэр нэхъ тыншу иризэбгъэщIэну алфавит згъэхьэзырауэ щытащ, жьэрыIуатэбзэм и гъусэу тхыбзэри иризэбгъащIэ хъууэ. Ар ютубми илъщ, зыхуейм анэдэлъхубзэр иризригъащIэ хъуну».

Мухьэмэд Налшык лэжьыгъэ IуэхукIэ къэкIуащ, мурад гъуэзэджэхэри иIэщ. «Хасэ тхьэмадэу сызэрытеувэрэ иджы япэу сыкъакIуэу аращ Налшык. Хуабжьу сэбэп къысхуэхъуащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Гуапэу къыспежьэри, ди Iуэхухэми гупсэхуу къыщIэдэIуащ. Абы и фIыгъэкIэ цIыху бэлыхьхэр къэсцIыхуащ. Псалъэм папщIэ, ДАХ-м и тхьэмадэу щыта, иджыпсту Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ щIэныгъэ институтым и унафэщI, щIэныгъэлI гъуэзэджэ, адыгэ Iуэхум телэжьыхь Дзэмыхь Къасболэт и цIэр къисIуэнщ, Урысейм и хэгъэгухэм щылажьэ Адыгэ Хасэхэм я тхьэмадэхэр, цIыху цIэрыIуэхэр. А псори сэбэп къысхуэхъуфынущ сэ си мурадхэмкIэ.

Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, а бзэр зэрызрагъэщIэну зэхэслъхьа программэр нэхъ езгъэфIэкIуэну сыхуейщ, хьэрыпхэм, инджылызхэм, американхэм, тыркухэм адыгэбзэр зэрагъэщIэфын щхьэкIэ. Псалъалъэкъым дызыхуейр, атIэ адыгэбзэр зымыщIэхэм зэрырагъащIэ тхылъщ. Адыгэбзэр зымыщIэхэр нэгъуэщI лъэпкъыу къызолъытэ, си къуэхэр хьэрыпу солъытэ, адыгэбзэ ящIэркъыми.

Сэ урысыбзэр зэзгъэщIэн щхьэкIэ Иорданием щыIэ Урыс унэм сыкIуэри, мазитIкIэ сыщеджащ. Мис абы сызэрыщрагъэджар тхылъ бэлыхьщ, урысыбзэр зымыщIэм щхьэкIэ, уеблэмэ а бзэр фIыуэ сигъэлъэгъуащ а тхылъым. Апхуэдэ тхылъ хамэ къэралхэм исхэм димыIэнкIэ Iэмал иIэкъым, адыгэбзэкIэ тхауэ. Сэ ар къыздэсхьащ, ди IэщIагъэлIхэм езгъэлъагъуу, адыгэбзэкIи апхуэдэ езгъэгъэхьэзырын щхьэкIэ. Ди профессорхэр абы елэжьамэ, ар дунейм къытехьэн папщIэ мылъку хэзылъхьэн щIалэхэр къыкъуэкIыу къыдагъэкIатэмэ, дехъулIат. АбыкIэ сэбэп хъуфынут ДАХ-ри».

Иорданием ис ди лъэпкъэгъухэм адыгэу захъумэжын папщIэ Iэмал хъарзынэхэр яIэщ. Адыгэ ФIыщIэ Хасэм и къудамэхэм нэмыщI щIалэгъуалэр спортым щыхуагъасэ клуб, адыгэ къафэмкIэ центр яIэщ, ныбжьыщIэ клуб яIэщ, адыгэ Iуэху щызэрахьэу, бзэр щрагъэджу, къафэм щыхуагъасэу академие щыIэщ. А псори зытелажьэр къыдэкIуэтей щIэблэращ. Хэхэс адыгэхэр псом нэхърэ нэхъ зыщIэхъуэпсыр а сабийхэм зэрыадыгэр ящIэжу, анэдэлъхубзэр яIурылъуу къэхъунырщ.

Абыхэм къищынэмыщIа, Нэхъыжь Хасэ щыIэщ, абы нэхъыбэу хэтыр дзэм къулыкъу щызыщIа генералхэращ. Мухьэмэди илъэсихкIэ абы щылэжьащ.

 Иорданием ис адыгэхэмрэ а къэралыр зей хьэрыпхэмрэ тхыдэ гъуэгуанэшхуэ къызэдакIуащ. Абы кIыхьу дытепсэлъыхьынкъым, ауэ а лъэпкъитIыр зэхуэпэжу зэрызыбгъэдэтамрэ къэралыгъуэр ухуэным адыгэм хищIыхьамрэ я лъэужьыр ноби кIуэдакъым. Абы къикIыр сыт жыпIэмэ, къэралым адыгэр къыщалъытэ, хьэрыпхэм адыгэхэр фIыуэ къалъагъу. Нобэ пащтыхьым и щхьэхъумэхэр адыгэ фащэрэ IэщэкIэ зэщIэузэда адыгэлI хахуэхэращ. Абыхэм апхуэдэ пщIэ къыщIылъагъэсари, а пщIэр нэсу зэраIыгъыфри дэтхэнэ зы хьэрыпми ещIэ. КъищынэмыщIауэ, пащтыхьым хьэщIэу къыхуэкIуэр къезыгъэблагъэри, зыхъумэри, ахэр зэбгъэдэсыху ящхьэщытри, а адыгэ фащэ зыщыгъ щIалэхэращ.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: