«ИкIутар из хъужыркъым»

Апхуэдэ псалъэжь диIэщ адыгэм. Лъэпкъым и бзэр, хабзэр, тхыдэр хъумэн зэрыхуейм, ахэр тIэщIэкIмэ, къызэрытхуемыгъэзэжынум хуэпхь хъунущ а псалъэхэр. Къапщтэмэ, адыгэм и хабзэхэр зэхуэхьэсынымрэ джынымрэ щIэныгъэлI куэд елэжьащ, Урысейми хамэ къэралхэми щыщ щIэныгъэлI зыплъыхьакIуэ куэд тетхыхьащ. Япэу гъунэ изылъахэм я гугъу пщIымэ, абыхэм къахэбгъэщ хъунущ: Бгъэжьнокъуэ Барэсбий («Адыгский этикет», Налшык, 1978), Мыжей Михаил («Адыгэ хабзэхэмрэ ди зэманымрэ», Черкесск, 1980), МафIэдз Сэрэбий («Адыгэ хабзэ», Налшык, 1994) сымэ.

Еджагъэшхуэхэу Брат Хьэсинрэ Темыр Раерэ «ФIы - Iей» («е»), «екIу-емыкIу» жыхуэтIэ псалъафэхэр (е апхуэдэхэм хиубыдэ жыIэгъуэхэр) адыгэхэм «псалъэжь» гурыIуэгъуэм хыхьэу къагъэсэбэпу къызэрекIуэкIам теухуауэ къэхутэныгъэ лэжьыгъэ хьэлэмэт яIэщ. Абы къызэрыхэщымкIэ, псалъэжьхэм къызэщIаубыдэ псалъэ шэрыуэхэр, хъуэрыбзэр, псынщIэрыпсалъэхэр, щIагъыбзэр, къуажьэхьхэр, нэщэнэхэр.

- Нало Заур ахэр псори «псалъэгъэпса» жыIэгъуэр къригъэубыду къигъэсэбэпащ. Дэри ар къыдыдощтэ, Едгъэлеинкъым а псалъэгъэпсахэр лъэпкъ хабзэмрэ зэхэщIыкIымрэ зэфIэувэнымкIэ щхьэпэу жытIэмэ. Псалъэжь къудейхэр къэтщтэнщи, абыхэм я гъэсэныгъэ мыхьэнэр мардэншэщ. Абыхэм я нэхъыбэм ауанрэ щIэнэкIалъэ екIурэ («юмор» жыхуаIэр) зэрыщIэлъым и гугъу ищIкIэрэ, щIэныгъэлI, тхакIуэ Шортэн Аскэрбий итхат мыпхуэдэу: «…а юмор гъуэзэджэу псалъэжьыр зезыхьэр къыппкърощатэ, уигъэтхытхыу, уи пэщIэкIэ ущIигъэгуфIыкIыжу, ухуэарэзыуэ».

«ФIы - Iей», «екIу - емыкIу» жыхуэтIэ псалъафэхэр нэщэнэхэм нэхъ я гъунэгъущ. Апхуэдэхэщ, псалъэм папщIэ, «Iуэху гуэр мурад пщIауэ укъепсмэ, къохъулIэ», «Джэдур жыхапхъэм епIэстхъмэ, хьэщIэ къэкIуэнущ», «Бзэгупэр шхэмэ, пцIы къыптралъхьэ», «ТхьэкIумэ ижьыр вумэ - зыгуэр къыпщотхъу, сэмэгур вумэ - уауб», «ХъумпIэцIэджым и кIуэдыжыгъуэм дамэ къытокIэ», «Сэтэнейр къэщхьэлъэмэ, гъунэ иумылъыж» жыхуаIэхэр.

АдэкIэ щIэныгъэлIхэм ятх: «ФIы» - «Iей» псалъэхэм зарызаужьам укIэлъыплъмэ, гупсысэ хьэлэмэтхэм ухуашэ. Апхуэдэу «фIы» псалъэм «щIэн»-р гъусэ къыхуэхъуащ («ЦIыху зэтесым фIы щIэныр и хабзэщ»). Ауэрэ къекIуэкIыурэ «фIым»-рэ «щIэн»-мрэ зэхэшыпсыхьри, «фIыщIэ» псалъэр къэхъуащ. Иджы а жыIэкIэм и закъуэуи къокIуэ, абы аргуэру «гуапэ» псалъэр хэжыхьри «фIыщIэгуапэ»-м («благодарность») хуэкIуащ. А псалъитIыр я мыхьэнэкIэ зэпэщIэмыуэу, адыгэбзэм куэду щызокIуэ  зэпэщхьэхуэуи зэгъусэуи, псалъэм папщIэ: «фIыщIэ мыхъуми, гуапэ хъунщ», «фIыщIэгуапэ хуэфащэщ».

«ФIыкъым» псалъэр бзэм къыщокIуэ игъэнаIуэ Iуэхугъуэм и щхьэусыгъуэр къыдэкIуэуи къыдэмыкIуэуи: «Бзылъхугъэ лъэщыджэр тхьэкIумэкIыхь Iуплъэну фIыкъым» (къыщIэхъуэ сабийр Iупэ дыкъуакъуэ хъунущ), «ЗыщIыпIэ уежьауэ къабгъэзэжыныр фIыкъым» (ущIежьар къохъулIэнукъым); «Дыгъэ къухьэгъуэм ужеиныр фIыкъым». Иужьрейр щIэмыфIым и щхьэусыгъуэр епхащ адыгэхэм я мызакъуэу, нэгъуэщI лъэпкъхэми къадекIуэкI фIэщхъуныгъэм: дыгъэ къухьэгъуэм, цIыхур зэрешам къыхэкIыу, и Iэпкълъэпкъыр нэхъ зэкъуэхуа, и псэри нэхъ бэлэрыгъ хъууэ икIи цIыхур жейуэ дыгъэр щыкъухьэкIэ псэр хэкIыу абы дыкъухьэу къызэралъытэм. Псалъэ шэрыуэри а гупсысэм щыхьэт тохъуэ: «Жейри лIари тIури зыщ» жыхуиIэм.

«ФIыкъым» псалъафэм и нэгъуэщI къэкIуэкIэхэм я щапхъэхэр:

пщэдджыжьым пэгун нэщI зыIыгъым ухуэзэну фIыкъым;
пхъэнкIийр кIыфI хъуауэ щIэпхыныр фIыкъым;
птам ущIэфыгъужыныр фIыкъым (хэхъуэ уиIэжынукъым);
унэ кIуэцIым ущыфииныр фIыкъым (хьэндрэфий къоджэнущ);
мастэрэ сэрэ зэIэпыпхыныр фIыкъым;

бжэщхьэIум зыгуэр щызэIэпыпхыныр фIыкъым, узэщыхьэжыну жаIэ;

уи щхьэц пыбупщIыжыныр фIыкъым (уи гъащIэр богъэкIэщI);

сабий къалъхуагъащIэр мазэ иримыкъуу плъагъуну укIуэныр фIыкъым;

вакъэм щхьэкIэ уехъуэхъуну фIыкъым;

гъуэгу техьам укIэлъыджэну фIыкъым;

сабий къэхъуам и анэшхуэ, адэшхуэ псэум я цIэ фIэпщыну фIыкъым;

напэ умытхьэщIу ушхэныр фIыкъым (шейтIан къыбдошхэ);

жыхапхъэ уебэкъуэныр фIыкъым.

Ер, фIыр зэхэзыгъэкI нэщэнэ псоми я мыхьэнэр къызэщIекъуэжыр «Узэджэр къокIуэ: ем уеджэмэ, е къокIуэри, фIым уеджэмэ, фIы къокIуэ» жыхуиIэм. Ар цIыхум и псэмрэ гупсысэмрэ зезыгъэужьщ.

ЦIыхум и гъащIэмрэ и псэ быдагъэмрэ елъытащ ерыскъым. Ар Iумпэм ящIыркъым, шхын зэхэдз пщIыныр емыкIуу къалъытэ. Ар къыхокIыр шхыным пщIэ хуэщIын зэрыхуейм - ар къалэжьыным, къэгъуэтыным, гъэхьэзырыным пщIэнтIэпсу, къарууэ, зэман куэд зэрытекIуадэр зыщамыгъэгъупщэн папщIэ. Апхуэдэуи емыкIущ ерыскъыкIэ уныбэблэну, апхуэдэхэм хужаIэ «сохъустэмыхъу - Iэнэ ухъуэнщIщ», «и ныбэр и бийщ». ИтIанэ уи ерыскъы пкъузыну, нэхъыкIэращи, уелъэпэуэну къекIуркъым.

Пасэм щыгъуэ хьэщIэщыбжэ къуагъым баш къуагъэувэрт, ар цIыхушхуэ щагъэхьэщIэкIэ щIалэхэр чэзууэ (гъуэрыгъуэу) щхьэгъэрытын хуейти, езэшмэ зыщIагъэкъуэну, тIысыну зэрыемыкIум папщIэ. Куэдым ящIэ Хъан-Джэрий итхыжыгъауэ щытар емыкIум папщIэ: зэрылIыкIыну уIэгъэ хьэлъэ зытелъ щIалэр я унэм къашэжауэ и адэр къыщIыхьэну щыжраIэм, зэфIэувэну къару иIэтэкъыми, пкIэм блыпкъкIэ кIэращIэну лъэIуат - «си адэм сыщылъу сыкъилъагъумэ, емыкIущ» жери.

Дуней псом цIэрыIуэ щыхъуа ди хабзэм тетын хуейщ, ди щIэблэм екIумрэ емыкIумрэ зэхагъэкIыфу къэхъун папщIэ. Уи анэдэлъхубзэм, лъэпкъым, тхыдэм, щэнхабзэм нэмыплъ хуэпщIыныр псом нэхърэ нэхъ емыкIущ.

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: