Медаль 51-рэ къытхуахь

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ дзюдомкIэ я щIыналъэ зэхьэзэхуэ. Къэралым и щIыналъэ 11-м къикIауэ хъыджэбз, щIалэ цIыкIу миным щIигъу щIэбэнащ «Налшык» спорт комплексым и саугъэтым.

Ди республикэм и командэм зэхьэзэхуэм хъарзынэу зыкъыщигъэлъэгъуащ икIи псори зэхэту медаль 51-рэ къихьащ, абы щыщу 8-р дыщэу, 11-р дыжьыну, 32-р домбеякъыу.

Къэбэрдей-Балъкъэрым СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэрыджиIамкIэ, я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэхэр щаубыдащ Мэлыхъуэ Имран, МгъуэлI Эмир, Мулай Алий, Абэнокъуэ Дамир, Натадзе Георгий, Срыкъуэ Ахьмэд, Дадуев Суфьян, Калошин Дмитрий сымэ.

 

ХЬЭЩЫКЪУЕЙ Олег.
Поделиться:

Читать также: