ЕсэнтIыгу щызэхуосЗэзауэ зэхэт бэнэкIэ спорт лIэужьыгъуэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ ЕсэнтIыгу къалэм щекIуэкIащ. КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритамкIэ, зэпеуэм кърихьэлIащ КИФЩI-м хыхьэ щIыналъэ псоми я спортсменхэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэм гуп зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ. Абы нэмыщI, я хьэлъагъ елъытауэ зыхэта гупхэм япэ увыпIэр щаубыдащ Мэкъуауэ Ахъмэт, Аппаев Амир, Мансуров Имран, ЛIыхъурей Темырлан, Уэтэр Алихъан сымэ. Апхуэдэуи ди щIалэхэм къахьащ дыжьын медалитхурэ, домбеякъыу 12-рэ. Зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIахэр хэтынущ Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ Сочэ къалэмрэ (илъэс 15 - 17 хъухэр хэту) Чебоксарымрэ (илъэс 12 - 13, 14 - 15 хъухэр) гъатхэпэм щекIуэкIыну зэпеуэхэм.
Поделиться:
Читать также:
03.05.2024 - 17:48 →
Спортсмен цIэрыIуэм и фэеплъу
03.05.2024 - 16:51 →
Алим кIэух зэпеуэм хэтынущ
03.05.2024 - 15:27 →
ЕтIуанэ увыпIэр къахь
03.05.2024 - 09:58 →
Балъкъыз Камилэ дыщэ медаль къехь
02.05.2024 - 16:33 →
Гуп зэпеуэм щыяпэщ
|