Битокъу Владимир и «Псышхуэхэр» фильмым теухуауэ аргуэру зэ

Сочи къалэм мэкъуауэгъуэм щекIуэкIа 29-нэ «Кинотавр» Урысей кинофестивалым «Дебют нэхъыфI дыдэр» унэтIыныгъэм саугъэт нэхъыщхьэр щыхуагъэфэщащ Горчилин Александр и «Кислота» фильмымрэ Битокъу Владимир и «Псышхуэхэр» («Глубокие реки») жыхуиIэмрэ. АдыгэбзэкIэ траха теплъэгъуэр Налшык кинотеатрхэм жэпуэгъуэм къыщагъэлъэгъуащ.

Дымыгъэунэхуа ехъулIэныгъэ

Къэралым и «Ленфильм» киностудием адыгэбзэкIэ фильм щагъэувыныр, ари УФ-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм и нэIэ щIэту, зэи дымыгъэунэхуа ехъулIэныгъэщ. Пэжщ, ар лъабжьэ имыIэу къыдэжа къуэпскъым. Нэхъ пасэуи я гугъу тщIащ япэ адыгэ режиссёр Хьэжкъасым Хьэсэн Iэмал игъуэтыхукIэ лъэпкъыр къаригъэцIыхуну щыхущIэкъуа и теплъэгъуэхэм. Апхуэдэ дыдэу гур зыIэт лэжьыгъэ куэд ди лъэпкъэгъухэр щыджэгуу ди нэгу щIигъэкIащ Осетие Ищхъэрэм и киностудиеми: «Щихъыжьым и Iэлъыныр», «ФатIимэ», «Къуршхэр жейркъым», «Мывэ уIэгъэхэр», къинэмыщIхэри. А сатырым хоувэ Къандур Мухьэдин и «Шэрджэсри», зи цIэ къидмыIуа нэгъуэщI IэдакъэщIэкI зыбжани. Ауэ и пэм щегъэжьауэ и кIэм нэс адыгэбзэкIэ екIуэкI, «европей кино» жыхуаIэ дунейпсо щэнхабзэм и къудамэ пажэхэм язым хэувэфын фильм иджыри къэс тлъэгъуакъым. «Адыгэбзэр кинематографым хуэщIыпа бзэуэ къыщIэкIащ, а лъэныкъуэмкIэ ар къыщIумыгъэщхьэпэн зы щхьэусыгъуи щыIэкъым», - щыжиIащ фильмыр зыгъэува Битокъум Санкт-Петербург щекIуэкIа япэ гъэлъэгъуэныгъэм хэтахэм я пащхьэм. ФIыщIэ хэIэтыкIа хуэфащэщ а Iэмалыр зыгъэлэжьэфын ныбжьыщIэхэр IэщIагъэм хуезыгъаджэу утыкушхуэм изыша, Урысейм и цIыхубэ артист, режиссёр Сокуров Александр. «Сокуровым и гъэсэн 12-м» ящыщщ нобэ зи гугъу тщIы Битокъу Владимири, «Теснота» фильмымкIэ Канны къалэм щекIуэкIа фестивалым етIуанэ увыпIэ къыщызыхьа Бэлагъы Къантемыри, абхъазыбзэкIэ «Софичка»-р зыгъэува Коваленкэ Кири.

Пэж миным нэхърэ нэхъыфIыр

«КиноуфI сеплъарэт», - жыдоIэ дэ щIэх-щIэхыурэ. Махуэ къэс IэнатIэ гугъу пэрыхьэ цIыхуми, унэм щIэзэшыхьауэ щIэсми, гъащIэр хуэзылъэхъэн гукъеуэ зимыIэми нэхъыбэм къилъыхъуэр фIэмыфI псори щызыгъэгъупщэн теплъэгъуэ нэгузыужьщ. ФIэрафIагъэр зэбэкI, плъапIэ лъагэ уэзыгъэщI, гугъэ IэфI къозыт, ухимыгъэзыхьыщэу узыудыныщIэ фильмым цIыхугъэ Iэбжьыб фIэкIа зыхэмылъми «си нэхъыфIыщхьэм сытеIэбарэт» жрегъэIэ. Аращ, тIэкIуи зыщхьэщытIэтыкIыу, «пцIыми, хьэлэмэтщ» зыхужытIэ зэштегъэухэм дигу нэхъ щIагъэзагъэр. «ГъащIэр зэрыгугъур къэсщIэн щхьэкIэ сыкIуэркъым сэ кином», - жыдоIэ нэхъыбэм. «УзыгъэикIэ пэж миным нэхърэ, узыузэщI нэпцI хэIэтыкIа нэхъ къызощтэ!» - акъылэгъу къыддохъу Пушкин Александри. Уи Iуэхур мыIей хуэдэу къыпфIигъэщIу, зыкъэбгъэпцIэжыну Iэмал къозымыт, «иджыпсту укъыщылъэтрэ зыгуэр умыщIэмэ, уоунэхъу» къыбжиIэу уи къурмэкъейр щызыубыдыкI, жей пакIэ епхьэкIыху, пфIэфI псоми узэрыхэкIыжыр уи нэм къыщIэзыIу IэдакъэщIэкIым фIырыфIкIэ «хъуащ» хужыпIэфынукъым. Армырауэ пIэрэ, фильмыр цIыхухэм къазэрыщыхъуам и гугъу тщIымэ, «адэкIэ емыплъыфу щIэкIыжахэмрэ» «замыщIэжу дихьэхахэмрэ» я зэхуакум дэлъ лъэмыжыр щIэкIыхьыр.
Зэштегъэу зэрыпхуэмыхъум ищIыIужкIэ, «Псышхуэхэр» нэгущIэкI тыншуи щыткъым, зыгъэувам и мурадыр занщIэу «къыбжьэдилъхьэу». Дэри дакъызэрыщхьэщыкIышхуэ щыIэ къыщIэкIынкъым, къызыфIагъэщIар нэгъуэщIми, ар адыгэбзэкIэ зэрекIуэкI къудейм насыпыфIэ ищIахэм. Аращ къэхъу хабзэр, уэ узыпэмылъэщ блэр (Iуэху мыублэм хэсыр) нэгъуэщIым щигъэIэсэм деж. Хъуамрэ мыхъуамрэ зэхэбгъэкIын хуэдизу узэплъыфым, узэджэфым, узэдэIуэфым фIыуэ хэлъыр нэхъыбэщ, шэч хэмылъу. Абы къикIыр «Псышхуэхэр» гъащIэм и теплъэгъуэ пыухыкIа хъуауэ аращи, режиссёрым и къалэныр иухащ, абы ди пащхьэ къригъэува сурэтыр къызэрыдгурыIуэнур дэ езым ди Iуэхужщ.

«Псышхуэхэр» адыгэхэм ятеухуакъым

«Мыр адыгэхэм ятеухуа теплъэгъуэкъым, лъэпкъ щэнхабзэм и нэщэнэ къыщыплъыхъуэнри щыуагъэщ», - щыжеIэ Битокъум интервью зыбжанэм, лъэпкъ хьэл лъагъугъуафIэ къызэримыщтар щраудэкIкIэ. ИтIани, адыгэм и гупсысэкIэмкIэ, утыку кърашэри, кином хагъэхьэри, телевизоркIэ къагъэлъагъуэри, газетым къытрадзэри щапхъэ хъуну зыхуэфащэращ. Сыту жыпIэмэ, уи бзэкIэ псалъэр уи щхьэ иумылъытыпIэ иIэкъым, уи бзэкIэ псалъэу уэ нэхърэ мынэхъыфIми удихьэхыркъым. Аращ щIыпхуэмыгъэкъуаншэр зэадэзэкъуэхэм я шхэкIэри, я ефэкIэри, я шхыдэкIэри, нэхъыщIэр нэхъыжьым зэрыфIэмылIыкIри зи нэм къыщIэуа ди лъэпкъэгъухэр. «Апхуэдэ хьэл яIэщи аращ, - къыдгурегъаIуэ езы Владимир. Нэхъыжьым пщIэ зэрыхуащIыр зыщIэж цIыхуу щытахэмэ, ящIэнтэкъым апхуэдэу». Узыдэплъеин цIыху закъуи лIыхъужьхэм зэрахэмытым укъегъэуIэбжь. Нэхъ тыншу дыкъиутIыпщыжынут, псалъэм папщIэ, МэшбащIэ Исхьэкъ и романхэм ещхьу, адыгэхэм адыгэшкIэ къыщажыхьу, адыгэ фащэ зыщымыгъ бийхэм адыгэ сэшхуэкIэ ятекIуэ адыгэлIхэр зыхэт фильмым. Ауэ апхуэдэ адыгэ «вестерн» тлъагъун папщIэ, ди блэкIа лъапIэм дыщIылъэмыIэсыжым дезыгъэгупсысын гуэр димыIэу хъунукъым. Узыпэплъэн хуейр арати, КIыщокъуэ Алим и «Нал къутам» щегъэжьауэ, лъэпкъыр зэрыщыт дыдэм хуэдэу къызэрыщ сурэт зыщI псоми ятехуэ башыр Битокъухэ я щIалэм и щхьэми блэIэбыкIакъым.
Сыт Чехов Антон и «КъуэкIий» хъыбарым хэт бзылъхугъэм и нысэгъум и сабий цIынэм псывэ щIытрыригъакIэр? Ардыдэм и тхьэмадэр уэрамым щIыдихуэр? Достоевскэм и Раскольниковым фейдэ къригъэщIын щхьэкIэ ахъшэ щIыхуэ зыт нанэжьыр щIригъэукIыр? Псэуну махуэ бжыгъэ фIэкIа къызыхуэмынэжа Толстой Лев дуней псом къызэрелыжынур ищIэу и унэр щIибгынэр? А тхакIуэхэр цIыхугъэншэу е я лъэпкъыр фIыуэ ямылъагъуу арат?! Дэри, «Псышхуэхэм» хэт къуажэдэсхэм ещхьу, жыг къагъэуэфу къытхэкIа тIэкIур тIэщIэукIэжмэ, нэхъ жыжьэ дынэсыну пIэрэ? Ирелажьэ, щреуэ, щIрырегъуэж, ирефIакIуэ. Абыхэми, дэ дэщхьу, яхузэфIэкIыр ящIэу аращ.

Зэкъуэшищ псэурт

Теплъэгъуэр зэрызэхэлъыр дигу къэдгъэкIыжынщ, еплъыну Iэмал зимыIахэм папщIэ. ЖьыхуегъэзэкI хъуа адэм (Усен Олег) и къуитIымрэ (Мурат Рустамрэ Сабий Мухьэмэдрэ) и нысэмрэ (Къэзанш Марианэ) я гъусэу мэз лъапэм деж щопсэу. ГукъэкIыжхэм къызэрыхэщымкIэ, адэшхуэхэм я зыр щIэпхъаджагъэ гуэр щхьэкIэ къуажэм къыдахуауэ щытащ, абы лъандэрэ унагъуэмрэ къуажэдэсхэмрэ я зэхуакум гужьгъэжь дэлъщ. «Долажьэри - дынэхъ бейщ, дыщынэхъ бейкIэ - дынэхъыфIщ», - аращ зэрегупсысыр адэри абы къыдэпсэу и къуэ нэхъыжьитIри. Пхъашэу, телъащIэрэ гъэщабэрэ хэмыту, «бэзэрым къызэрытекIам» хуэдэ дыдэу псалъэхэр зэIэпызых щIалэхэм фильмым и кIыхьагъкIэ тхьэкIумэр зэзыгъалъэ я уэршэрыбзэ мыкIуэмытэм дыщIагъэдэIу. ЛэжьэкIи псэукIи ящIэ, псэлъэкIэщ ямыщIэр. Я хьэлыншагъыр езыгъэфIэкIуэн, я фIыр я Iейм тезыгъэкIуэн плъапIэ зэрамыIэм, къарумрэ узыншагъэмрэ уащыгугъыным жыжьэ узэрынимыхьэсынур къагурызыгъэIуэн щхьэусыгъуэ гуэри къызэрыкъуэмыкIым фильмыр иухыху уегъэщхьэжагъуэ. «ЦIыху хуэдэу яхэтыр прокурорым и закъуэщ, ари, пэжым ухуеймэ, кхъуэщ», - щхьэхуимыту уи гур мажэ Гоголь Николай и «Псэ зыIумытыжхэм».
 «Фильмым хэт дэтхэнэ зыми и щхьэр зэрихъумэн Iуэхущ зэрихуэр, - къыщхьэщож режиссёрыр и лIыхъужьхэм. - Зэкъуэш нэхъыжьхэм, нэгъуэщI мыхъуми, гъащIэм зэрыпэщIэтын гупсысэ гуэр я щхьэм илъщ, «идее» жыхуэтIэм хуэдэ: улажьэмэ, упсэуфынущ. Апхуэдэ цIыхухэр адрейхэм япэIэщIэу псэун шынэркъым, езыхэр зыхурокъуж. Аращ унагъуэр къуажэм щIыпэIэщIэри, зэрыкъуажэу къыщIефыгъуэри. НэхъыщIэм зищIысыр ищIэжыркъым, хьэкIэкхъуэкIэу щымытыж, ауэ иджыри хьэ мыхъуа дыгъужьым ещхьу, псэущхьэмрэ цIыхумрэ я зэхуакум дэзэрыхьа гуэрщ, аращ тIэунейрэ щIыщIэпхъуэжыр».

Зи Iуэху дэмыкI адыгэ

 Дунеищ щызэжьэхегъауэ режиссёрым и теплъэгъуэм. Зы лъэныкъуэмкIэ IэщIагъи лэжьыгъи зимыIэ, нэхъ зыхуей хуэзауэ гъащIэр зыхьхэм ялъэщIэмыхьэу, аркъудейм я акъыл зэтрихуауэ псэу «къуажэдэсхэр» къыщытщ, Исмэ (Хьэмокъуэ Олег) я пашэу. Абыхэм лэжьыгъэ яIэкъым, лэжьэкIи ящIэркъым, ауэ ахэри «идееншэкъым», Битокъум и псалъалъэр къэдгъэщхьэпэмэ. Зыкъомрэ щхьэхуэ-щхьэхуэу яубэрэжь зэкъуэшхэм зрагъэцIыхужын мурадым ахэр, гува-щIэхами, зэрегъэуIури, щIалэ нэхъыжьитIыр яукIыпэ, нэхъыщIэ шынэкъэрабгъэм етIуанэу закъыIэримыгъэхьэу, щIопхъуэж. Ахэращ «акцентыншэу» адыгэбзэкIэ псалъэхэр, «фынэхъ бейми, фыщIагъуэкъым» жыхуаIэу, унагъуэм къебийхэр. «Фэ къывгурымыIуэр зыщ, - жеIэ Исмэ, - фэ фыхамэщ». Сыт къыващIэми, фхуэфащэщ, къывэзыщIэми нэмыплъ къихьынукъым, жыхуиIэщ. Исмэ къуажэ щIалэжьщ. И Iуэху дэкIыну ищIамэ, ягурыIуэнут зэкъуэшхэм: зэрыхузэфIэкIкIэ къигъэпцIэнут, адрейхэри къигъэдэIуэфынут, ауэ мо зыIурамылъхьэжхэм ящIэтыр нэгъуэщI лъыщ, езыхэм нэхърэ нэхъыкIэр зрапэсын хуэдизу гушхуэ якIуэцIылъкъым. Ахэр зыдагъэлажьэмэ, езыхэр хэзыIэтыкI щхьэусыгъуэр яIэщIэкIынущ.

Адыгэ ехъулIахэр

ЕтIуанэ лъэныкъуэмкIэ унагъуэр - а псэукIэмыщIэ къуажэдэсхэм нэхъ япэIэщIэху, нэхъ насыпыфIэ цIыхухэр - къыщытщ. Езыхэр мэзым щIэсми, абыхэм къалэдэс адыгэхэр уигу къагъэкI. Абыхэм адыгэбзэ хъарзынэ яIурылъщ, ауэ къуажэдэс «щхьэхынэ гупыр» зрапэсыркъым, ахэр зэгуэр ягъэлажьэри я лэжьапщIэр иратыжакъым, къуаншэуи залъытэжыркъым. ЩIалэ курыт Мухэ хуейт абыхэм яхыхьэну, сыту жыпIэмэ, къарууфI бгъэдэлъщи, зэратекIуэнум шэч къытрихьэркъым, къыщымыщIIауэ зыхуейр къапихыфынущ. Ауэ Бес ар фIэкъабылкъым, фIыкIэ зэримыухынур игъэунэхуакIэщ. Дауи, мы хуэгъэфэщэныгъэр тIэкIу щIэгъэтхъауэщ къызэрытщтэр: зи Iуэху дэкIыр мылъкукIэ, къулыкъукIэ, узыншагъэкIэ, бжыгъэкIэ зи Iуэху дэмыкIым зэрепэгэкI щIыкIэращ дызытепсэлъыхьыр, ар, хуеймэ, губгъуэми хы щIыIуми щрырепсэу. Къуажэдэсхэр тхьэмыщкIэщи, щхьэхуимыту зэгурыIуэн хуей мэхъу. УзэгурыIуэну щыфIыр ущIызэгурыIуэ щхьэусыгъуэр фIымэщ. ИтIани, цIыхуукIхэр нэхъыбэщи, зэкъуэшхэм ятокIуэ, къэгъазэ зимыIэж дуней уи щхьэм къыхуэблэжьыжыныр текIуэныгъэу къэплъытэ хъунумэ. Унагъуэр абыхэм ящхьэпрыкIа хуэдэу щытщ: гъащIэм зыгуэр къызэрыпахыфым абыхэм нэгъуэщIым щымыгугъын хьэл кърегъащтэ. Мыбыхэм я гупсысэм и лъагапIэр умылажьэу зэрымыхъунуращ. А лъэныкъуэмкIэ укъеплъмэ, зэкъуэшхэр зэрыс унагъуэр къуажэдэс зыхузэфIэкIхэми пхуегъэщхьынущ. Дауи, мыбдежым зи гугъу тщIыр къалэми къуажэми лажьэрэ шхэжу дэс лэжьакIуэжьхэракъым, атIэ «щIыпIэ пхыдзахэм щыцIэрыIуэ цIыху нэхъ гутехуэгъуей дыдэхэращ» (Чехов Антон). Битокъум и фильмым жыг къыщагъауэми, дэ ди гъащIэм абыхэм чырбыш щагъэж, лы щащэ, фадэ къыщыщIагъэкI, къэралым щодыгъуэ, ягъэлажьэхэм я лэжьапщIэр щыфIашх. Iэмал имыIэу щыткъым а зи гугъу тщIы хъушэхэмыхьэхэр Налшык е Бахъсэн щымыщынкIэ. Мэзкуу, Бытырбыху дэс «къуажэдэс лъэрызехьэри» апхуэдэщ. Хэкум ягъэзэжу, хэкурыс гу быдэхэм япеуэу, я кIэтIий я вакъэпсу мыпсэууэ, я хэхэсыпщIэр яIэрыхьэжу Амман, Истамбыл, Нью-Йорк щыпсэункIи хъунущ а «къуажэдэсхэр». Дэтхэнэ зыми езым и дежкIэ нэхъыфIыр ещIэж, шэч хэмылъу. Мыбдежми ди мурадыр къуаншэмрэ захуэмрэ зэхэдгъэкIынракъым. Захуагъэр дэтхэнэ зыми зэрытлъагъунур щхьэж дызыхэт гупым елъытауэщ, а гупхэр ущымыуэжыну гуэшауи щыткъым. Къыхэдгъэщыну дызыхуейр, а «ехъулIахэри» зэрызэмызэгъыр фильмым IупщI дыдэу зэрыщыплъагъурщ. ЩIалэ курытым ещхьу, абыхэми я ехъулIэныгъэхэр зрагъэлъагъун цIыху къалъыхъуэ, езыхэм гу лъамытэу, я дуней къеIулIэкIам дозэшыхь, хуэм-хуэмурэ я гъащIэр псэущхьэ гъащIэм хуокIуэж. ГъэщIэгъуэнкъэ, мыхэр дунейм и дахапIэу сытым хэкIыжа жыпIэн хуэдизу, псы уэрым, хьэуа къабзэм, бгы абрагъуэхэм, уэздыгъей лъагэхэм ябгъурысу мэпсэу, ауэ я къэухьыр, «джэд лъакъуэм» тет хуэдэ, Iэта я унэм и блынхэм щхьэдэмыхыфу зэвщ. ЩIым телэжьыхь цIыхухэм яхэмыхьэу зрикъужу къызыфIэщI псори абыкIэ дызэтохуэ: къуажэм, абы къикIыр - лэжьыгъэ узыншэм, пщIэнтIэпс къабзэм - пэIэщIэ псоми гъащIэм и налъэ пэж гуэр яIэщIокIри, здаунэтIам нэмысу къонэ, я вакъэ лъэгум ятIэ зэрыщIэмылъым нэхъ насып зыхамыщIэу. Режиссёрым губзыгъэу мы унагъуэм и гъащIэм телевизорхэмрэ телефонхэмрэ хигъэхьакъым, ауэ армырми гурыIуэгъуэкъэ ахэр зэплъынур, зэдэIуэнур, дэзыхьэхынур? «Неуэ, къалэм дыгъакIуэ», - къыхедзэ Бес, яукIыным дакъикъищ фIэкIэ имыIэжу. Къалэм кIуэми, къащыщIынур я къуэш нэхъыщIэм къыщыщIа дыдэращ, жиIэ хуэдэ, и лIыхъужьхэр ирегъэукI, дэ, интернетым щыадыгэ къомым, дэщхь имыщIу. Зэгуэр Мухэ Мухьэмэду, Бес Беслъэну щытагъэнщ, ауэ зэманым абыхэм я цIэхэри ихъуэжащ, къыупсэлъын папщIэ хьэрф зэгуэт ухуэмыныкъуэжу. Мухьэмэдымрэ бадзэмрэ (урысыбзэкIэ «муха») зэхуаIуэхум хуэдизщ Беслъэнымрэ шейтIанымрэ (урысыбзэкIэ «бес») зэхуаIуэхури. МыхъумыщIэгъухэр зэригъэуIуу, ахэр зыукI Исми зэгуэр Ислъаму е Исмэхьилу щытагъэнщ.

КъызыхэкIар зымыщIэж

Ещанэ лъэныкъуэу Битокъум гу зылъыдигъатэр «Малой» (Теппеев ТIахьир) зыфIища НэхъыщIэращ. Ар илъэсипщI ипэкIэ щIэпхъуэжри къалэм кIуауэ щопсэу. Адэм жыг къытеуа нэужь, зыдагъэIэпыкъуну унэм къашэж. НэхъыщIэм фIэщын хуейр къалэдэстэкъым, «бзэ ныкъуэт». ИщхьэкIэ зи гугъу щытщIа, зи Iуэху дэкI адыгэхэм иджыри я бзэр яIурылъжмэ, НэхъыщIэм ещхь «хьэмбылу гъэгъуахэм» уеблэмэ зищIысыр ящIэжыркъым, ауэ щыхъукIэ къызыхэкIари зраусыгъуэджэ. «И къэлътмакъыр зэрыцIыкIум къегъэлъагъуэ ар къалэм ефIакIуэу зэрыдэмысыр», - къыддоIэпыкъу Владимир, НэхъыщIэр къыдгурыIуэнымкIэ. Мыр зыщыгугъыр къаруми цIыхугъэми хуэхей цIыху щхьэзакъуэм къыхуэнэ «къэрал хабзэращ». НэхъыщIэращ зэкъуэшхэм я пхъэ уасэр ирикъуу къеIызыхыжыфыр, абыкIэ Адэм и нэфI къэзылэжьыфыр.
Хэт щымыгъуазэр къуажэ щIалэхэм «ништякхэр» зыфIаща къалэдэс ныбжьыщIэхэмрэ езы «нартхэмрэ» зэзауэу илъэс IэджэкIэ къызэрекIуэкIам?! Хьэмэ къуажэдэс щIалэ Iэчлъэчхэм зыми стипендие къытрамыхыжу ара?! Лъэпкъ гурыщIэхэр нэхъ къарууфIэ зэрыхъурэ, ауаным нэгъуэщIыпIэкIэ зидзу, нэгъуэщIыцIэ игъуэтагъэнщ, армыхъумэ ди хэкур зи цIыкIуагъым зэтеплъэ мыхъуу ис гупхэр къыубжыну ухуежьамэ, «зэкъуэшхэм» я бжыгъэри куэдкIэ нэхъыбэ хъунут.
Псори зи лажьэр, дауи, зи къуэхэм щапхъэ яхуэмыхъужыф нэхъыжьращ, мыбдежым Адэр. Къалэм къикIыжа НэхъыщIэм зыгуэр къехъулIа хуэдэу къызыфIигъэщIыну хуейщ абы. «Апхуэдиз ахъшэ зы махуэм зэи къэдлэжьакъым. ЗэфIэкI иIэщи аращ, зыгуэрым гуроIуэф. Фэ джыдэ вгъэкIэрэхъуэф фIэкIа, зыри фхуэщIэркъым», - ятохъущIыхь ар нэхъыжьитIым. Дауэ жимыIэнрэ? НэхъыщIэри, адэм ещхьу, йофэри мэгъуэлъыж. Ущытхъу щхьэкIи нэхъ цIыхуфэ къытеуэркъым. Режиссёрым зэрыжиIэмкIэ, ар къызыхэкIыр абы нэхъыжьхэм ещхьу «зэрыпсэун идее» гуэри бгъэдэлъкъыми аращ. Жьым здихьым къыщохутэ. Зэкъуэшхэр я нэхъыщIэм емылIалIэуи щыткъым. Фильмым уи нэгу щыщIокI жыг къигъэуэфу, анэдэлъхубзэкIэ псэлъэфу ар ирагъэсэну зэрыхуежьэр. Адэми «шхэ» жеIэри хегъэзыхь, къарууфIэ хъумэ, губзыгъэ хъун хуэдэ. НэхъыщIэм зыри хэзагъэркъым: узыдэмыплъеифым щIэныгъэ къыпхупыхын? Абы зэпэщIэт лъэныкъуитIри зрипэсыркъым: къуажэдэсхэри езым и унагъуэри фIэикIэщ, япэу Iэмал зэригъуэтуи щIопхъуэж.

Ди зэманым и лIыхъужь

Адэр ди зэманым и лIыхъужь, зи нэхъыжьыгъэр ныбжьым деж щыщIидзэу абдеж дыдэм щиухыж тхьэмадэхэм я щапхъэщ. Къуищ ипIащ, унэ ищIащ, жыгым хэпсэукIыныр и IэщIагъэщ – сыт хужыпIэн? ГъащIэр къехъулIащ, езым къызэрилъытэмкIэ. И къуэхэмрэ езымрэ я зэхуакум пщIэ гуэр дэмылъуи щыткъым, щIалэхэм адэм едаIуэ хуэдэу защI. Адэм езым и дуней иIэжщ. Лэжьыгъэм кIэлъоплъ, къэкIуэжа и къуэ нэхъыщIэр нэхъыжьхэм ягуригъэIуэну хэтщ. «Фи къуэшщ ар», - яжреIэ зэкъуэшитIым. Дэтхэнэ адэми ещхьу, абы Iуэхур ефIакIуэу къыщохъу. «Фыужэгъуакъэ мыпхуэдэу фыпсэууэрэ?», - жиIэу къыжьэхэлъэ НэхъыщIэм жэуап щабэ ирет: «Уэ укъызэрыкIуэжрэ псори нэхъыфIу йокIуэкI».
«Сезэшащ», - къыщетхъ зэгуэр Бес. «Сыт-тIэ, уезэшамэ?» - жэуап ткIий ирет абы Адэм. - Сэри сезэшащ, мес, Мухи езэшащ. Ди нысэри езэшащ. НтIэ, сыт, дыгъуэлъу дылIэн хуейуэ ара? Фешамэ, зевгъэхь».
Iуэхур зэрекIуэкIымкIэ щыарэзы дакъикъэм абы и къуэ нэхъыжьыр жьантIэм дегъэтIысхьэри, нэхъыщIэм фадэбжьэ кърырегъакIэ. И гур арэзыуэ мэгъуэлъыж. Теплъэгъуэм и кIэм, нэхъыжьитIыр щаукIым, нэхъыщIэр щыщIэпхъуэжым, адэр мэжейри хэлъщ. Мыр дэ ттеухуащ жытIэну дышынэу щымытамэ, хуэбгъэфащэ хъунут ар фIым къыхуэушыгъуей, щIэм тегушхуэгъуей ди лъэпкъ хьэлым тещIыкIауэ. «Бии ухуейкъым, апхуэдэ къуэш уиIэу», - жеIэ зэгуэр и щхьэ хуэпсэлъэжрей Адэм. Аращ ипэжыпIэкIэ фильмым и купщIэу, и гупсысэ нэхъыщхьэу къэлъытэн хуейри.

Бзылъхугъэ

Фильмым зы бзылъхугъэ закъуэ хэту аращ - Бес и щхьэгъусэ Заирэ. Хьэл гугъу иIэуи, бзаджэуи зыщIыпIэ дежи къыщыхэщыркъым цIыхубз щIалэр: жаIэм йодаIуэ, унагъуэр егъашхэ, хузэфIэкIымкIэ ядоIэпыкъу. Фильмым щыщIидзэм деж, Заирэ, щхьэгъубжэмкIэ дэлъэтыну хуей бзу цIыкIур, щабэу еIусэурэ, пыгуфIыкIыурэ, къеубыд. А бзу цIыкIумрэ Заирэ и гуфIэкIэмрэщ гугъэ гуэр къозыту фильм псом къыхэхуэр, ауэ бзу цIыкIури зигу димыплъэф нысащIэм и IэмыщIэм къонэ, щхьэгъубжэр зэрыину, дунейр зэрыхуиту.
Заирэ, и тхьэмадэм ещхьу, уи нэм къыфIэнэн мыхъумыщIагъэ дэплъагъуркъым. ЦIыху хъарзынэщ. Къуажэдэсхэмрэ зэкъуэшхэмрэ щызэрыукIыжым деж, ари, Адэм ещхьу, мэжейри хэлъщ. Сыт «цIыху хъарзынэр» зищIысыр? Псэ зыIут иукIынукъым, дыгъуэнукъым, имей ишхынукъым, зыхуейр ещIэж икIи зыIэрегъэхьэф. Ауэ зыри къыфIэIуэхукъым. ГъащIэми цIыхуми емызэгъ зэкъуэшитIыр яукIыху, зыри къызыфIэмыIуэху цIыху хъарзынэхэр мэжейри унэм щIэлъщ. Ахэр зыкIи къуаншэкъым: ящIатэмэ, Iэмал гуэр къалъыхъуэнт, хуадэнтэкъым, ауэ сыт я Iэмал? Iуэхуншэуи щIэскъым ахэр а унэм, щхьэж и къалэн егъэзащIэ. ИтIани, ныбжьым езыр-езыру цIыхур Iущ зэримыщIым хуэдэ дыдэу, бзылъхугъэри зэрыбзылъхугъэ къудейм щхьэкIэ гу щабэ, псэ IэфI, гур зыIэт пшыналъэ дахэ къозыщIэкIыф зэрымыхъуфым уегъэнэщхъей. Къуэш нэхъыжьитIыр лъэпэрапэм къэтэджыжурэ псэууэ щытми, мыхэр джалэркъым, аращ щIэх къыщIэмытэджыжынур. Мыбыхэми зыгуэр яшэч: Адэм и лъакъуэр егъэузыж, Заирэ и сабийр фIокIуэдыж, ауэ Адэр и быным гукIэ зэрыпэIэщIэм хуэдэ дыдэу, Заири и лIым псэкIэ пэгъунэгъукъым. Зыгуэр здэщытыпхъэм щыщымытым деж, адрей зэрыIыгъыпхъэ псори зэпкърощэщ. ЖытIэм къидгъэкIыркъым, дауи, фильмым хэт лIыхъужьхэр ядумылъагъу лейкIэ дгъэкъуэншэну дыхэту, ауэ сахыхьэу сахэтарэт зэрыжумыIэм къегъэлъагъуэ абы ди нэгу щыщIэкI цIыхухэр режиссёрым щапхъэу къызэрытхуимыгъэувыр.
Зи Iуэху дэкI унагъуэ лъэрызехьэр къуажэдэсхэм дамэ яхуэхъуфыркъым. Къуажэдэсхэми ахэр апхуэдизкIэ ялъагъу хъуркъыми, хабзэкIэ ядекIуэкIыныр щыуагъэу къалъытэ: Исмэ унэри, абы щIэс бзылъхугъэри игу ирохь. Игу иримыхьыр зыри езым зэрымейращ.
Камю Альбер «Щхьэгъусэр зымыгъэпэж щуIэгъэ» и фIэщыгъэу Iуэтэж гуэр иIэщ. Хъыбарым къыхэщ бзылъхугъэм нэм къыфIэнэн къуаншагъэ дэплъагъуркъым. Ар гурэ псэкIэ и лIым етауэ зэрыщымытращ тхакIуэм гу зылъыуигъатэр. Гунэфыр зэи насыпыфIэ хъуркъым, и щхьэм щхьэдэплъыхыфыркъыми. Нэхъ пхъашэу зэхэлъхьа «Псышхуэхэм» псалъэмакъым хэту тIэунейрэ къыхохуэ «щхьэгъусэр зымыгъэпэж бзылъхугъэ» темэр. Гу зылъыдагъатэр, хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, цIыхур езыгъэфIакIуэу щыIэ Iэмалхэм яз лъагъуныгъэри мы щIыпIэм зэрыщымылажьэрщ, щэнхабзэ, щIэныгъэ, дин хуэдэхэм я гугъу умыщIыххэ.

ФIыуэ фызэрылъагъу

Акъылымрэ къарумрэ я дуней зэвым и гъэр гум гъуэгу имыгъуэтауэ, гъащIэм IэфI къыщIыхьэнукъым, абы и пIэм гъащIэкIи узэмыджэф псэуныгъэ пцIырыпцIщ къихутэнур: лэжьэн, шхэн, жеин, щIыIэ, хуабэ, гущэ, мащэ, апщIондэхукIэ а псом я зэхуакум «дэцIэлъыну» къыдыхьэ хабзэ лъагъуныгъэр, гу щабагъыр, кууагъыр, лъагагъыр - кIэщIу жыпIэмэ, цIыхур цIыху зыщIыж, мыхьэнэ зиIэ гурыщIэхэр жыжьэу къанэу. Iэпкълъэпкъыр къагъэщхьэпэу иригъэсащ адэм и къуэхэр, ауэ псэукIэ яригъэщIакъым.
 «Сыт жыпIэну узыхуеяр уи теплъэгъуэмкIэ?», - жаIэу щеупщIым, Битокъум жэуапу итар мыращ: «ИгъащIэ лъандэм, Инджылым и зэманым щегъэжьауэ, дызыхураджэращ жысIэну сызыхуейр: фIыуэ фызэрылъагъу». Фильмым щытлъагъу лъэныкъуищыр нэхъыбэ зэрыхъум игъэбэлэрыгъ «къуажэдэс» пхъашэхэри (Iэмал имыIэу щыткъым ахэр къуажэм дэмысынкIэ, гуп щхьэрыуа къэс абы хеубыдэ), зэфIэкIым щыгугъ «зэкъуэшхэри», зи бзэри зи лъэпкъри къызыфIэмыIуэхуж «бзэ ныкъуэхэри» зэгурыIуэу зэрымыубыдыжмэ, дэри къытщыщIынур мы Адэм и унагъуэм къыщыщIаращ.
Щымщ теплъэгъуэм и кIэухыр, ауэ ар кIий макъыущ уи гум къызэринэр. «Зыдгъэлъэгъуэным къару нэхъыбэ тыдогъэкIуадэ, а дызэрыщыту къытфIэщIым дыхущIэкъуным нэхърэ», - жызыIэ IэщагъэлI ныбжьыщIэм лъэпкъ Iуэху зэримыхуэу пхужыIэну къыщIэкIынкъым.

Адыгэбзэр анэдэлъхубзэщ

Сытым нэхъ тедгъэгушхуэнт лэжьыгъэр къезыхьэлIахэр, сытым щыдгъэмэхъэшэнт жыпIэу ущIэупщIэмэ, пхужыIэнур мащIэкъым. Абы къигъэлъагъуэр ящIар зэрыхъуаращи, ди щытхъум гур къимыуIэн щхьэкIэ «шыгъу» тIэкIу хэддзэжынщ.
Уи хэплъыхьым нэхъ зиубгъуху, къыпIэрыхьэнури нэхъыфIщ. Театрым и пIэ иува щэнхабзэ къудамэу щыт кинор пьесэм ещхьщ. Абы къыхэкIыу, хъарзынэт лъэпкъыбзэр къыщыщхьэпэ теплъэгъуэхэм уи нэр щIепхьэхынрэ уи тхьэкIумэр щIыIуппIэнрэ къыхэмыхуэтэмэ. Зыри ягъэ мыкIыну къытщохъу кIахэ артистхэр езыхэм я диалекткIэ дгъэпсалъэми; адыгэбзэ зымыщIэр къытфIэIуэхуу, жытIэр урысыбзэкIэ зэрызэддзэкIым хуэдэ къабзэу, урысыбзэ зымыщIэхэми я хьэтыр тлъагъуу, артистхэр «зэрымыщIэкIэ» урысыбзэм щытехьэкIэ, адыгэбзэ субтитрхэр иридгъэкъуми; ди бзэмкIэ утыку дыщихьэкIэ, ар зи анэдэлъхубзэхэр абы щригушхуэн лъагапIэм зэрынэдгъэсыпхъэр дигу идгъэлъми.
Илъэс ныкъуэ хъуауэ ди нэ къызыхуикI фильмым деплъыну Iэмал къыдэзыта «Дея Синема» кинотеатрым и фIыщIэри дгъэкIуэдынкъым. IуэхущIапIэм и лэжьыгъэр зэрызэтеухуам и щыхьэтщ цIыхуищ фIэкIа зэрыщIэмысыр фIэгъэнапIэ хуэмыхъуу, фильмым и чэзум зэрыщIидзар, ар зыхуей хуэзауи къызэрагъэлъэгъуар.

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться: