Литературэ

Асадов Эдуард и сатыр мыкIуэдыжынухэр

          Усэбзэм дихьэхыу, Асадов Эдуард и цIэр зэ мыхъуми зэ зэхэзымыха ис къыщIэкIынкъым Урысейм. Совет цIыхубэм я гупсэу къекIуэкIа усакIуэр фокIадэм и 7-м къызэралъхурэ илъэси 100 ирикъуащ. Ар ди щхьэусыгъуэу, Асадовым и гъащIэ гъуэгум дроплъэж.

Борэжь и хъыбар

Хъыбар псоми зэрыжаIэмкIэ, КъардэнгъущI Зырамыкуи зэритхыжамкIэ, зауэлI хъыжьэу, зекIуэлI емызэшыжу щыт Борэжь и фызыр лIащ, зы къуэ закъуэ къыщIэнри. И къуэр къыдэкIуэтейуэ лIыпIэ щиувэм, и адэм ещхьу зекIуэлI хахуэ хъуащ, зэманыр зыIутыр арати, зауэлI фащэкIэ зихуапэри зекIуэлIу ежьащ. Ауэ Борэжь къишэжа фызымрэ и къуэмрэ зэмызэгъ, и кIэм зэтеплъэ мыхъу хъуащ. Фыз бзаджэм и мылъхукъуэм кIуэдыпIэ къыхуилъыхъуэу, улъэпхъащэу щIидзащ.

ЩIыпIэмрэ зэманымрэ елъытащ

Лъэпкъышхуэ гуэрхэм дакъыхэкIыгъатэмэ, тобэ ирехъуи, къэралпсо зэлъэщIысыныгъэ зыгъуэта тхакIуэхэм хабжэнт Хьэх Сэфарбий и гупсысэхэмрэ гъащIэм хуиIэ Iуэху еплъыкIэхэмрэ къыщигъэлъэгъуа и тхыгъэ кIэщI цIыкIухэр.

Хэхэсхэм я IуэрыIуатэр

Тыркум, Иорданием, Сирием щатхыжа адыгэ IуэрыIуатэхэр илъэс Iэджэ хъуауэ адэжь щIыналъэм кърахьэж. Псом япэ ар зи фIыщIэр Елбэд Хьэсэн, ГъукIэмыхъу Iэбубэчыр, КъардэнгъущI Зырамыку, Пщыбий Инал сымэщ. Абыхэм зэхуахьэсыжа лэжьыгъэ щхьэхуэхэр итщ «Адыгэ IуэрыIуатэхэр» (1970), «Гукъинэж» (1993), «Адыгэ IуэрыIуатэ» (1998) тхылъхэм, «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку» газетхэм, «Iуащхьэмахуэ», «Нур», «Зэкъуэшыныгъэ» журналхэм традзащ.

Адэ

Iуэтэж

- Адэ къысщхьэщымыту сыкъызэрыхъуар зи ягъэр уэращ, мамэ! Уэращ жьуджалэм хуэдэу дунейм сыкъызэрытенар зи ягъэр. Адэ лъагъуныгъэ, адэ щIыбагъыр зищIысыр сымыщIэу уэращ сыкъэзыгъэхъуар. Анэ гумащIагъри зыхэзбгъэщIакъым - уэ дапщэщи улэжьэн хуейти сыуиIуэхутэкъым… Къуэм жиIэ псалъэ джыдхэм кърагъэкIуа нэпс шыугъэр анэм илъэщIт, ауэ аргуэгу нэкIум тез къэхъужырт. «И адэм зэрещхьыпс! А нэхъ сызыщышынэр къысщыщIащ. Еу-уей, сэ сэщхьу мы щIалэм зыри хэмылъыр пэж?...»

ЦIыхупсэм иущэхур къытхузэIузых

Нобэрей адыгэ прозэм езым и гъуэгу щыпхишыжауэ, цIыхумрэ зытет дунеймрэ зэрызэхуэхъур, а цIыхум езым зэрызилъагъужыр, бгъэдэлъ Iулыджыр, и гущхьэгъэсэкIэ хъуар къыхэщу тхыгъэ дунейм къытезыгъэхьэ тхакIуэхэм IупщI дыдэу къахощ Мэкъуауэ Амир. 

ЦIэрыIуэ зыщIар

ТхакIуэ, драматург, актер Онер (ГъуэгулI) Четин ящыщщ XIX лIэщIыгъуэм и кIэхэм зи Хэку зрагъэбгына адыгэхэм я щIэблэм. Ар Тыркум и къуршылъэ щIыпIэ дахэ Бинбогалар (Бынбагъуэ) къуажэ цIыкIум 1943 гъэм къыщалъхуащ. Анкара къалэм дэт ЭкономикэмкIэ академиер Четин 1961 гъэм къиухами, и гъащIэр зрипхар театрырщ.

Лъэпкъыр зэрыгушхуэ усакIуэр ягу къагъэкIыж

КъБКъУ-м, ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ ЩэнхабзэмкIэ центрым, иджыблагъэ фэеплъ пшыхь щекIуэкIащ. Ар теухуауэ щытащ адыгэ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа усакIуэ, тхакIуэ, егъэджакIуэ, КъБАССР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ ЩоджэнцIыкIу Алий къызэралъхурэ илъэси 123-рэ зэрырикъум.

Къербэч

Хъыбар

ЖаIэж ди къуажэм лIы гуэр дэсауэ КъербэчкIэ еджэу. Тхьэ яIуэ абы нэхъ хъыжьэрэ къару зыхэлърэ а зэманым ди лъахэм куэд щымыIауэ. Шыгъу центнер зэрылъ къэпыр дзэкIэ къищтэрт, тыкуэным къыщIихырти гуэщым нэс ихьырт, гуэщ бгыкъум зыдрихьейрт, зыкърихьэхыжырт, цIыху еплъхэм «хъунщ иджы» жаIэху. Езыри къызыфIэщIыжауэ, нэхъыжь нэхъыщIи къримыдзэу, къэзыгъэувыIэфи щымыIэу псэурт.

ХьэршырыкIуэ станцым

ЩIы Хъурейм телъэтыкIыу уафэщI жыжьэм щетIысэха гупым хэтхэм тIурытI-щырыщ зитщIыкIырти, Iэгъуэблагъэр щIэтпщытыкIыу, адэкIэ-мыдэкIэ къыщыткIухьырт, дызыпэмыплъам дыщрихьэлIэр нэхъыбэу. Зэгуэр, апхуэдэу зэманыфIкIи дыкъэтауэ, псори дызэзышэлIэж станцым декIуэлIэжащ. 
Дызыхыхьэжа гупыр нэщхъейт.
- Сыт къэхъуар? – щIэупщIащ Мартин. - Апхуэдизу щхьэ фызэхэуа?
 - ЩIым худиIа зэпыщIэр диIэжкъым, - жиIащ Стефан, болгар щIалэ набдзапцIэм.
- Ар сытым къыхэкIыу? 

Страницы

Подписка на RSS - Литературэ