Хэхэсхэм я IуэрыIуатэр

Тыркум, Иорданием, Сирием щатхыжа адыгэ IуэрыIуатэхэр илъэс Iэджэ хъуауэ адэжь щIыналъэм кърахьэж. Псом япэ ар зи фIыщIэр Елбэд Хьэсэн, ГъукIэмыхъу Iэбубэчыр, КъардэнгъущI Зырамыку, Пщыбий Инал сымэщ. Абыхэм зэхуахьэсыжа лэжьыгъэ щхьэхуэхэр итщ «Адыгэ IуэрыIуатэхэр» (1970), «Гукъинэж» (1993), «Адыгэ IуэрыIуатэ» (1998) тхылъхэм, «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку» газетхэм, «Iуащхьэмахуэ», «Нур», «Зэкъуэшыныгъэ» журналхэм традзащ.
БлэкIа илъэсхэм дунейм къытехьащ тхылъ зыбжанэ, хэхэс адыгэхэм я IуэрыIуатэм и лIэужьыгъуэхэр иту – псалъэжьхэр, уэрэдхэр, хъыбарыжьхэр, псысэхэр, гъыбзэхэр, къебжэкIхэр, н.къ. Ахэр ятхыжащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд («Адыгэ мамлюкхэр», Налшык, 1994 гъэ), Чуякъуэ Нэфисэт («Къэзыгъэзэжа налкъутэлмэсхэр», Мейкъуапэ, 2002 гъэ) Унэрокъуэхэ Раерэ Мирэрэ, Зэхуэс Айдэмыр («Тыркум ис адыгэхэр. IуэрыIуатэ», Мейкъуапэ, 2004 гъэ), ТIымыжь Хьэмыщэ («Хэхэс дуней», Налшык, 2004 гъэ).
Хэкум ираха IуэрыIуатэм нэмыщI, илъэси 100 -150-рэ и пэкIэ Тыркум, Сирием, Иорданием щызэхалъхьа хъыбархэр, уэрэдхэр, гъыбзэхэр щыIэщ… Ахэри, гу зэрылъытэгъуафIэщи, адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэ IуэрыIуатэм и фащэхэмкIэ, и хабзэхэмкIэ гъэпсащ. 
Чуякъуэ Нэфисэт, Унэрокъуэхэ Раерэ Мирэрэ, Зэхуэс Айдемыр сымэ ятхыжа текстхэр къаIуэтэжащ Цей Сание, Нэпсо Орхьэн, Мэт Фикрет, Хьэпышт Хьэмэд, ХъуэкIуэнхэ Шукриерэ Сабриерэ, ХьэцIыкIу Зия, Тэхъу Софие, ТIэшу Хьэуа, нэгъуэщIхэми. Къэбэрдей-шэрджэс диалектым текстхэр изыгъэзэгъар зэдзэкIакIуэ Iэзэ Къэрмокъуэ Хьэмидщ. ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ ТIымыжь Хьэмыщэрэ къагъуеижа текстхэр къаIуэтэжащ ЖыркIагуэ Хьисэ, Сэмгуэгъу Iэмин (Сирие), Шурдым Ахьмэд, Шупашэ Джэудэт (Иордание), Жэткэр Айтэч, Думэн Кэмал, АфэщIыж Iэмин, Едыджхэ Нихьаирэ Батырайрэ, МэшхуэфI Нэждэт сымэ. Фи пащхьэ итлъхьэ хъыбархэр ХьэфIыцIэ Мухьэмэд и тхылъым къитхыжащ. 

ЕмыкIу сыкъимыщIмэ

 ЩIалэ гуэр ежьащ: «Си благъэ, си ныбжьэгъу зэзгъэлъагъунщ», - жери. 
 И благъи и ныбжьэгъуи зригъэлъагъури, гъуэгу къытехьэжауэ къыздэкIуэжым, зы жылэ къыблэкIыжын хуейти, дидзыхащ. Жылэм лIы цIэрыIуэ гуэр дэсти, ар зригъэцIыхун мурад ищIащ щIалэм. ЩIэупщIэри, лIы цIэрыIуэм и унэр кърагъэлъэгъуащ. Куэбжэм Iухьауэ, зы пщащэ къыIущIащ:
 - Еблагъэ, ди хьэщIэ, - жери.
 Пщащэр къэIэбащ, шыр Iихыну. Шыр иритакъым.
 - Фи шэщыр сыгъэлъагъу, - жиIащ щIалэм.
 Шыр шэщым щIигъэзагъэри, хьэщIэщым ихьащ щIалэр. Бащлъыкъыр зыщхьэрихри, пщащэм иритащ, щIакIуэри иритащ, щIопщри Iихыну къэIэбати, щIопщыр иритакъым. ЩIопщыр езым блыным фIидзащ.
 Пщащэр хьэщIэщым икIыжри и адэм деж щIыхьащ. И адэм зигъэсымаджэти, хэлът.
 - ХьэщIэ диIэщ, ди адэ, - жиIащ пщащэм.
 - ХьэщIэ диIэмэ, хъарзынэкъэ, си хъыджэбз, - къыжриIащ и адэм. - ХуэпщафIэ, Iэнэ хуэхьи, гъэхьэщIэ. ЩIопщыр зэрыпилъар зэгъэлъагъуи, къызжеIэж.- 
 ХьэщIэщым тригъазэри, щIалэм щIопщыр зэрыпилъар зригъэлъэгъуащ пщащэм.
 - ЩIопщыкIыр IэнэмкIэ гъэзауэ, щIопщыщхьэр бжэмкIэ гъэзауэ пилъащ, - жери пщащэм и адэм хъыбар хуихьыжащ.
 - Абы щыгъуэ ар щысын хьэщIэкъым, шхын хьэзыр диIэмэ, Iэнэ хуэхь, - къыжриIащ лIым и пхъум. - Iэнэр пхьауэ хьэщIэщым укъыщи-кIыжкIэ, пIэм илъ щхьэнтэр гъэублэрэкI.
 Iэнэр хьэщIэщым ирихьэри, къыщыщIэкIыжым, пIэм илъ щхьэнтэр игъэублэрэкIащ пщащэм.
 - Фи унэ сымаджэ илъ? - къеупщIащ щIалэ хьэщIэр, пщащэм щхьэнтэр щIиублэрэкIар къыгурыIуэри.
 - Ди адэр сымаджэу хэлъщ, - жиIащ пщащэм. 
 - Фи унэ сымаджэ щилъкIэ сэ Iэнэм сыбгъэдэсынкъым. ЕмыкIу сыкъимыщIмэ, фи адэм деж сихьынурэ сыщIэупщIэнущ, - къэтэджыжащ щIалэр.
 ЩIалэм и псалъэр пщащэм и адэм хуихьыжащ.
 - Ар цIыху къилъхуащ, адыгэм игъэсащ, кърекIуи, къысщIреупщIэ - емыкIу сщIыркъым, - жиIащ лIым.
 ЛIы цIэрыIуэм деж ихьащ щIалэр.
 - Уи ныбжь Тхьэм иригъэкъу, си щIалэ, арэзы сыкъэпщIащ, - жиIащ лIым. - ХьэщIэщым гъэзэжи, ди ерыскъым хэIэбэ.
 ЛIы цIэрыIуэр зригъэлъагъущ, я ерыскъы зыIуигъахуэри, щIалэр ежьэжащ, зэман дигъэкIри, лIы цIэрыIуэм и пхъум лъыхъуащ. ЛIы цIэрыIуэм и пхъур щIалэ Iущым къритащ.

И ужь фикI

Шагуджхэ ейуэ Шумахуэ жари щIалэ лъэрызехьэ гуэр исащ Абэзэхэм. Бжьэдыгъупщым и пхъур лIы иритырти, ар зэхихри, Шумахуэ нысашэ джэгум кIуащ.
 Пщым и пхъур, пхъэ вакъэм иту, нысашэ джэгум къыхашэри, пщащэхэм къыхагъэуващ. Шумахуэ джэгум щIэкIуар арати, пщым и пхъур ирихьэжьэри ежьэжащ. И пхъур зэрырахьэжьар жраIащ пщым. Пщащэр нысашэ джэгум яхэзыхыфар зэрымылIыгъэншэр къыгурыIуэнтэкъэ пщым? КIэлъыпхъэрын щыхъум, пщым къажриIащ:
 - ФыщIыхьэнукъым. ФыщIыхьэми, къыIэщIэфхыжыфынукъым.
 ИтIани кIэлъыпхъэращ пщащэр езыхьэжьам. Шумахуэ сэрэшым зэпрыкIри, яIэщIэкIащ. Пхъэрыр сэрэшым хэнащ, зэпрыкIыфакъым. Пщащэр ирагъэхьри, къагъэзэжащ. Я Iуэху зэрыхъуар пщым жраIащ.
 - ДахэкIэ ухэмызэгъамэ, абы IейкIэ къыпыпхын щыIэкъым, и ужь фикI, - къажриIащ пщым, и пхъур лIыгъэ зыхэлъ щIалэм зэрихьар и гуапэ хъуати.

Ныш закъуэ

 ЗэныбжьэгъуитI я благъэ зыдэс къуажэ хьэщIапIэ кIуащ. Щхьэж и благъэ и унэ ихьащ зэныбжьэгъуитIыр, къыщыхьэщIэри къежьэжащ. КъыздэкIуэжым, зыр адрейм йоупщI:
 - Дауэ къыпIущIа уи благъэр, сыт уагъэшха?
 - Сагъэтхъащ, зыкъыстрафыщIэжащ си благъэм: къэб шыпси, къэб лыбжьи, къэб гъэваи, къэб лэпси сагъэшхри, къэб жыли сагъэIункIащ. ЦIыху тхъэмэ, сагъэтхъащ! - жиIащ зым.
- Сэ къызэрызэгугъуа щыIэкъым: ныш закъуэщ ягу пыкIар, - жиIащ адрейм.
 

 

Къэбарт Мирэ.
Поделиться: