Экскурсоводхэм я щIэныгъэр къапщытэДунеяплъэхэр, зыгъэпсэхуакIуэхэр щIыпIэхэм щыгъуазэ зыщIу къезышэкI экскурсоводхэмрэ тэрмэшхэмрэ я IэнатIэм зэрыхуэфащэм ехьэлIа къэпщытэныгъэхэр иджыблагъэ Налшык къалэм щрагъэкIуэкIащ. Абы хэтащ а IэнатIэм щылажьэхэу ди республикэм щыщу цIыхуищрэ Ставрополь крайм къикIа зырэ. Абыхэм къапэщылъащ ябгъэдэлъ щIэныгъэр зыхуэдэр япэщIыкIэ тестхэмкIэ къагъэлъэгъуэну икIи а Iыхьэм пхыкIа нэужь, Къэбэрдей-Балъкъэрым и гуэлхэм, Джылы-Су, псы хущхъуэхэр къыщыщIэж щIыпIэхэм, Безенги аузым тепсэлъыхьын хуейуэ билетхэр къыхахащ. Мыбдежми экскурсоводхэм яхузэфIэкIащ къэпщытэныгъэхэр езыгъэкIуэкIахэр я щIэныгъэхэмкIэ къыдахьэхын икIи зыпэрыт IэнатIэхэм фIыуэ зэрыхащIыкIым щыхьэт техъуэ тхылъхэр къратащ.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|