НОБЭ

ЩIышылэм и 25, махуэку

         Урысейм щагъэлъапIэ Студентхэм я махуэр (Татьянэхэм я махуэр)

         Урысей Федерацэм и Дзэ-Тенджыз флотым и кхъухьхэм я унафэщIхэм я махуэщ

         1908 гъэм къалъхуащ  Адыгэ Республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IэнатIэм и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ, УФ-м щIыхь зиIэ и дохутыр Бэч Мэлэчхъан.

         1935 гъэм къалъхуащ сабий усакIуэ Щоджэн Аслъэнджэрий.

         1939 гъэм къалъхуащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Безыр Чэмал.

         1941 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъМУ-м и профессор ГъукIэжь Владимир.

         1947 гъэм къалъхуащ УФ-м щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Щад Азджэрий.

Дунейм и щытыкIэнур

         «pogoda.yandex.ru сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ.  Махуэм хуабэр 1 градус, жэщым  щIыIэр  градуси 4 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Хуэмыху унафэ щIынкIэ Iэзэщ.

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.

 

 

Поделиться:

Читать также:

27.04.2024 - 09:56 НОБЭ
25.04.2024 - 09:00 НОБЭ
24.04.2024 - 13:21 ЩIым и махуэ
24.04.2024 - 11:43 НОБЭ
23.04.2024 - 09:45 НОБЭ