Хьэуам теухуауэ- Махуэм къриубыдэу цIыхум мин 22-рэ жьы жьэдешэ. Ар кубометр 12-м ноблагъэ. Хьэуауэ жьэдэтшэм и Iыхьэ плIанэм ди щхьэкуцIыр егъэнщI. - Хьэуам лъышэу (кислороду) хэтым нэхърэ азоту хэтыр зыкъомкIэ нэхъыбэщ. Азотыр процент 78-рэ, лъышэр - процент 21-рэ мэхъу. Хьэуам хэтщ нэгъуэщI газ лIэужьыгъуэхэри: углекислый газ, неон, водород. Ауэ ахэр мащIэ дыдэщ. - Къапщтэмэ, хьэуар газщ. Ауэ абы хэтщ нэгъуэщI пкъыгъуэ цIыкIущэхэр. Абыхэм аэрозолкIэ йоджэ. Языныкъуэ аэрозолхэр, псалъэм папщIэ, сабэмрэ шэжыгъэмрэ (пыльца) хьэуам хозэрыхь, жьы къыщепщэм деж. Хьэуам хихьэурэ зэбгрокI ар фIей зыщIхэри: кIэгъуасэр, Iугъуэр, автомобилхэм къриху газхэр, нэгъуэщIхэри. Хьэуам ахэр куэдыщэу хыхьа нэужь, я зэран йокI къэкIыгъэхэми псэущхьэми. - Хьэуар гъэкъэбзэным нэхъыбэ дыдэу хэтщ Сыбырым и мэз Iувхэмрэ Амазонкэм и мэзхэмрэ. Мэзхэм щхьэкIэ «дунейм и тхьэмбыл» жаIэ. - ГъэщIэгъуэнщ: хьэуам псыи хэтщ. ПсыIагъэр къызэрапщым психрометркIэ йоджэ. Хьэуар нэхъ псыIэ дыдэ щыхъур уэшх къешхыну зыкъыщызэщIищIэм дежщ. - ЦIыхум нэхъ лъагэу зиIэтыху, хьэуам и щытыкIэм зехъуэж. Хьэуар псынщIабзэу къыпщохъу, ауэ ар щIы щхьэфэм къытохьэлъэф. Бгыщхьэ щыгум деж, псалъэм папщIэ, хьэуар нэхъ щыпсынщIэщ. ЗыпIэта нэужь, хьэуам и хьэлъагъым зэрызихъуэжым къыхокI кхъухьлъатэ ущисым деж тхьэкIумэхэр зэрикудэр, зэрывур. - Псым Iэзэу есхэм нэхъыбэрэ яхуошэч хьэуакIэ мыбауэу. 2010 гъэм псы есынкIэ Iэзэ Серверенсен Стиг псы щIагъым мыбауэу щIэсащ дакъикъэ 20-кIэ. - Хьэуар дунейм и хъумакIуэщ. Абы щIылъэр егъэлеяуэ мыдийуэ е егъэлеяуэ къэмыплъу щигъэтщ. Озоным дыщехъумэ дыгъэ бзийм и зэраным. - Хьэуар псом нэхърэ щынэхъ къабзэу къалъытэ Швейцариер, щынэхъ фIейр - Китайрщ. ХЬЭГЪЭБАНЭ Залинэ.
Поделиться:
Читать также:
03.05.2024 - 16:00 →
ЩIыпIэ телъыджэу 40
03.05.2024 - 13:15 →
Мэрем фIыгъуэм зыхэвмыгъэкIыж
03.05.2024 - 12:26 →
Я нэIэм щIэтынущ
03.05.2024 - 11:18 →
Гъавэ бэвыр я плъапIэщ
02.05.2024 - 14:22 →
Хэкур зыфIэкIуэдам псори фIэкIуэдащ
|