Тхылъ еджэным и мыхьэнэрДагъыстэным щыщ, Iэпщэрыбанэ хуитымкIэ спортым и мастер, тхылъыр фIыуэ зылъагъу Ибрагимов Машарип Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ творчествэмкIэ я уардэунэм и гъэсэнхэм яхутепсэлъыхьащ тхылъ еджэным и мыхьэнэм. КъыжыIапхъэщ, Ибрагимов Машарип Налшык япэу къызэреблэгъар. И цIыхугъэ Жолдашев Анзор и лъэIукIэ, ар налшыкдэс ныбжьыщIэхэм яIущIащ. ЗэIущIэм и пэ къихуэу, КъБР-м Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм и лIыкIуэхэр Дагъыстэным щыкIуам, Жолдашевым Машарап къызэрицIыхуар жиIащ. Тхылъым и мыхьэнэм теухуа лекцэм цIыхуи 100-м нэблагъэ зэхуишэсащ. Машарап щIэблэм яжриIащ и ныбжьыр илъэс 16 щыхъум тхылъ еджэным зэрыдихьэхар икIи абы лъандэрэ махуэм нэхъ мащIэ дыдэу напэкIуэцI 30 зэреджэр. Классикэ художественнэ литературэм къыдэкIуэу, ар психологием, философием, тхыдэм дахьэх. ХьэщIэм и псалъэм къыхигъэщащ щIыналъэ зэмылIэужьыгъуэхэм ирагъэблагъэурэ щIалэгъуалэм зэрырагъэпсалъэр, чэнджэщэгъу зэрахуэхъур. НэхъапэIуэкIэ, адэ-анэхэм я лъэIукIэ, сабийхэм щхьэхуэу ядэлэжьа мыхъумэ, апхуэдиз ныбжьыщIэм зэуэ япэ зэрахуэзэр ибзыщIакъым. - Тхылъ еджэнымрэ уи гупсысэкIэм зебгъэужьынымрэ зэпыщIащ, - жиIащ Ибрагимовым. - ЖьакIуэ ухъуным и закъуэкъым тхылъыр зэрысэбэпыр, атIэ цIыхум и къэухьым зрегъэужь, мыхьэнэ зиIэмрэ зимыIэмрэ зэхищIыкIыфу, сыт хуэдэ Iуэхуми уи еплъыкIэ хуиIэжу егъасэ. Сабийхэмрэ ныбжьыщIэхэмрэ творчествэмкIэ я уардэунэм и унафэщI КIэрашэ Оксанэ Ибрагимов Машарап къазэрыхуеблэгъар гуапэ зэрыщыхъуар жиIащ икIи хьэщIэм саугъэтхэр иритащ, Котляровхэ Викторрэ Мариерэ Налшык къалэм и тхыдэм теухуауэ къыдагъэкIа тхылъи щIыгъуу. КъБР-м Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Шинкарёвэ Наталье жиIащ республикэм тхылъым дихьэхыу ис щIалэгъуалэр Дагъыстэным щыпсэу я ныбжьэгъухэм зэрахуэзэр икIи я усакIуэхэмрэ тхакIуэхэмрэ я тхыгъэхэм зэрыщыхагъэгъуазэр. Зэхыхьэм Ибрагимовым жэуап щритащ ныбжьыщIэхэр зыщIэупщIам. ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 14:38 →
Тэрчдэсхэр щогуфIыкI
04.05.2024 - 13:34 →
Гъуэгу махуэ тет мафIэгур
04.05.2024 - 11:18 →
Ди хъугъуэфIыгъуэхэм щIохъуэпс
04.05.2024 - 10:01 →
Гъунэгъу республикэм и махуэшхуэ
03.05.2024 - 16:00 →
ЩIыпIэ телъыджэу 40
|