Дэтхэнэ зыми дигу илъынущКъБР-м и lэтащхьэ Кlуэкlуэ Казбек дыгъэгъазэм и 30-м КъБР-м и Правительствэм хэтхэмрэ щlыпlэ администрацэхэм я lэтащхьэхэмрэ ядригъэкlуэкlа зэlущlэм къулыкъущlэхэр щыхуэщыгъуащ къэрал, политикэ лэжьакlуэ цlэрыlуэ, экономикэ щlэныгъэхэмкlэ доктор, профессор, Естественнэ щlэныгъэхэмкlэ Урысей академием и действительнэ член Къэрмокъуэ Хьэчим Мухьэмэд и къуэм. «Хьэчим и благъэхэмрэ lыхьлыхэмрэ сахуогузавэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къуэ пэжу, унафэщl, къызэгъэпэщакlуэ зэчиифlэу, пщlэмрэ щlыхьымрэ и lэпэгъуу псэуа Къэрмокъуэ Хьэчим и фэеплъ нэхур ар зыцlыхуу щыта дэтхэнэ зыми сыт щыгъуи дигу илъынущ», - щетх Кlуэкlуэ Казбек и телеграм-каналым.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
|