Журналым дыкъыщоджэ«Iуащхьэмахуэ» журналым и еханэ илъэс къыдэкIыгъуэр дунейм къытехьащ. Дэтхэнэ адыгэ цIыхуми фIэгъэщIэгъуэ-нын абы къызэрыригъуэтэнум шэч хэлъкъым. 2023 гъэм и щэкIуэгъуэ-дыгъэгъазэ мазэхэм хуэзэ къыдэкIыгъуэм и жьантIэр, хуэфащэ дыдэу, лъысащ усакIуэ, щIэныгъэлI Къэжэр Хьэмид. Ар къызэралъхурэ илъэс 85-рэ ирикъуащ. Абы и гъащIэр, гуащIэр, дуней тетыкIэу, Iуэху зехьэкIэу щытар наIуэу къызыхэщ тхыгъэ купщIафIэхэр я къалэмыпэм къыщIэкIащ щIэныгъэлIхэу БакIуу Хъанджэрий («Гулъытэ лей зыхуэфащэ»), Гъут Iэдэм («Зи псалъэр купщIафIэ»), Шэвлокъуэ Пётр («ЩIэныгъэлI икIи усакIуэ») сымэ. А тхыгъэхэм къакIэлъокIуэ Хьэмид и усэхэр. «ЖьантIэ» рубрикэм апхуэдэуи щIэтщ зи ныбжьыр илъэс 85-рэ ирикъуа усакIуэ, уэрэдус Джэдгъэф Борис и гуащIэр щызэпкърихыу Хьэвжокъуэ Людмилэ итха «Мывэгум удз къыщызыгъэкI» усыгъэ» зи фIэщыгъэ лэжьыгъэр. Абы щыжыIа дэтхэнэ зы псалъэри щIагъэбыдэми ярейщ Борис и усэхэм. ИСТЭПАН Залинэ,
Поделиться:
Читать также:
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
|