Шоколадыр зэрыщытын хуейр

ИлъэсыщIэр къоблагъэ. Иджыпсту щыщIэдзауэ цIыхухэм къыхах ягъэувыну гуфIэгъуэ Iэнэм тралъхьэну IэфIыкIэхэр. ЗэрыфщIэщи, апхуэдэхэм деж псоми шоколадхэкIхэм пащI щыIэкъым, ауэ дегупсысыркъым ар апхуэдэу щIыщытым: какаом и дагъэм хэлъ эндорфиным насыпым и гормонкIэ йоджэ. А пкъыгъуэрщ псоми а гукъыдэжыр къезытри.

Шоколадым и процент 35 - 40-р, я нэхъ мащIэрамэ, какаоу щытын хуейщ. ИтIанэ, ар къыщыфщэхукIэ Iэмал имыIэу хэлъын хуейхэм зыщывгъэгъуазэ: какао дагъэ, какао хьэжа, лецитин, фошыгъу пудрэ.

Ар бгъэхьэзырыныр Iуэхугъуэ тыншкъым. Абы елэжьхэм ящыщ куэдыр нобэ бзаджагъэм хуокIуэри, кокосым, пальмэм, соем я дагъэхэмкIэ зэрахъуэкI, какао хьэжам консервант зэмылIэужьыгъуэхэр куэду халъхьэ. Нэхъыжьхэм жаIэфынущ, зэманкIэ дызэIэбэкIыжмэ щыIа шоколадымрэ нобэрейхэмрэ шурэ лъэсрэ зэразэхуакур. Налшык и IэфIыкIэ фабрикэр ящыщт къэралым щынэхъыфIхэм - къызыхах псори щыкъабзэкIэ, абыхэм IеипIи яIэтэкъым. А фабрикэ закъуэм шоколаду къришалIэр псоми яхурикъурт икIи дэтхэнэ зы унагъуэми Iэмал ягъуэтырт шоколад кIанэшхуэхэр, а зэрыщыт дыдэм хуэдэу, фабрикэм щылажьэхэм я деж щэхуу къыщащэхуну. Ахэр цIыкIу-цIыкIуу зэгуагъэпкIырти, ИлъэсыщIэ Iэнэм тралъхьэрт. Ауэрэ ар зыщэжхэм къагъэсэбэп Iэмалхэри ефIакIуэу хуежьащ: шоколадыр кIанэ къызэрыгуэкI мыхъуу, бдзэжьей, бзу, тхьэкIумэкIыхь сурэту ягъэжурэ бэзэрхэм щэхуу щащэу хуежьащ. Ахэр зэрагъэж щапхъэхэр СКЭП заводым щылажьэхэм, ари щэхуу, ящIырт. Арати, ИлъэсыщIэ шоколадхэр, дауэ мыхъуми, цIыхухэм я Iэнэхэм нэсырт. Шоколад къабзэм уфIэкIмэ, кIэнфет хэплъыхьахэр дэнэ тыкуэни куэду щIэлът. Москва и «Красный Октябрь» фабрикэм къыщIигъэкI «Мишка на Севере», «Красный мак» хуэдэхэм ящIыгъут абыхэм фIагъкIэ зыкIи къакIэрымыху, Налшык дэт IэфIыкIэ фабрикэм и «Кабардинка» кIэнфетыр, адыгэ фащэ зыщыгъ пщащэм и графикэ сурэт, и щхьэмрэ и пщэмрэ фIэкIа къимыщу, зытетыр.

 IэфIыкIэ лIэужьыгъуэхэр куэд хъуртэкъым, ауэ абыхэм я дэтхэнэми бгъэдэлъ къабзагъэмкIэ къэралым и нэIэм ткIийуэ щIэт дэтхэнэ зы фабрикэри шэсыпIэ ихьэфынут. Нобэ псоми зихъуэжащ. Нэм къиплъыхьыр шоколади мышоколади. Тхыгъэ тетхэм къыщыгъэлъэгъуахэр нэпцIи, мынэпцIи… Дауэ мыхъуми, шоколадыр къэбзэн хуейуэ къыхалъхьащ. Абы елэжьхэм я дэтхэнэми, хабзэм тету, ар зыкIуэцIылъ тхылъымпIэм IупщIу къыщигъэлъэгъуэн хуейщ къыщIигъэкI продукцэм хэлъыр зищIысымрэ зыхуэдизымрэ.

Къапщтэмэ, шэ зыхэт шоколадым нэхърэ ткIыбжь зыщIэт фIыцIафэр нэхъ сэбэпщ, какао дагъэу нэхъыбэ зэрыхэтым къыхэкIыу - процент 70. Иужьрей зэманым щIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, шоколадым лъыр щхьэм дригъэуейркъым, Iэпкълъэпкъыр жан ещI, зыхуеину антиоксидантхэри хэлъщ. КъищынэмыщIауэ, фошыгъу куэд зэрыхэмылъым къыхэкIыу, цIыхум лы лей къригъащтэркъым. Шоколадыр илъэс ныкъуэ нэхърэ нэхъыбэкIэ щылъ хъунукъым. Консервантхэм я фIыгъэкIэ ахэр илъэси 2-3-м щынэси къохъу. КъыщыфщэхукIэ щащIа зэманым фи нэIэ тевгъэт.

IэфIыкIэр зыхуэдэр и мэ къудеймкIи къыбощIэ, ауэ псом нэхъ пэжыр лабораторэ къэпщытэныгъэхэм къыбжаIэнущ. Къэфщэху шоколад лIэужьыгъуэхэм я фIагъыр зыхуэдэр къыщыфпщытэ хъунущ «Россельхознадзор» IуэхущIапIэм и щIыналъэ къудамэхэм.

Джэдылым теухуауэ фщIапхъэхэр

ИлъэсыщIэ Iэнэхэм увыпIэ щхьэхуэ щызыубыд ерыскъыхэкIхэм ящыщщ джэдылыр. Мы гъэм и щIышылэм щыщIэдзауэ экономикэмкIэ Евразие Зэгухьэныгъэм (ЕАЭС)-м хэт къэралхэм къару щигъуэтащ «джэдылымрэ абы къыхащIыкIа шхыныгъуэхэмрэ цIыхухэм я узыншагъэм зэран хуэмыхъун папщIэ ягъэбелджыла мардэхэр къыщыгъэлъэгъуа дэфтэрыр. А мардэхэм хеубыдэ джэдым ирагъэшх Iусыпхъэхэр (цIыхум и узыншагъэм егуэуэнкIэ хъуну пкъыгъуэ зэранхэр хэлърэ хэмылърэ) джэдым и укIыкIэр, джэдылым и хъумэкIэр, и къешэкIыкIэр, и щэкIэр, зи пIалъэр икIа джэдылым ещIапхъэр. Мы Iуэхур къыхэзылъхьар Урысей Федерацэм МэкъумэшымкIэ и министерствэрщ.

Джэдылым и щытыкIэр къэзыгъэлъэгъуэнур ветеринар-къабзагъэ мардэхэмкIэ къэпщытэныгъэхэрщ. Псом хуэмыдэу абы хеубыдэ джэдылым сабийхэм папщIэ къыхащIыкI шхыныгъуэхэр. МардэщIэхэм япкъ иту ерыскъым и щытыкIэр лъэныкъуэ зыбжанэкIэ иджыпсту къапщытэ:

- джэдылыр куэдрэ щылъын щхьэкIэ къагъэсэбэп фосфатхэр;

- ерыскъы гъэщта къэгъэвыжам иIыгъын хуей псыIагъыр здынэсыр - ар проценти 4-м фIишын хуейкъым;

- джэдылым къыхэщIыкIа сабий шхынхэм халъхьэ консервант, зэрагъэIэфI, ГМО пкъыгъуэхэр, пестицидхэр;

- хэлъ дагъэр, белокыр, къэуатыр зыхуэдизыр.

«Россельхознадзор» IуэхущIапIэм и Кавказ Ищхъэрэ управленэ.
Поделиться:

Читать также: