Дунейм и дыгъэ

Адыгэ бзылъхугъэ! Мы псалъэхэм я мыхьэнэр сыту  куу,  сыт хуэдиз гуапагъэрэ хуабагърэ яхэлъ абыхэм. Сэ къысщохъур бзылъхугъэр дунейм и дыгъэу, и мазэу. Дэ тщыщ дэтхэнэ зыми щапхъэ трихыпхъэщ адыгэ бзылъхугъэхэу зи цIэ жыжьэ Iуахэм. Абыхэм яхэтщ акъыл жан зиIэ,  дахагъэ къызэрымыкIуэхэр зыбгъэдэлъ адыгэ бзылъхугъэ  еджагъэшхуэхэр,  тхакIуэхэмрэ усакIуэхэмрэ  зытетхыхьхэр.

Лъэпкъыр дызэрыпагэщ, дызэрыгушхуэщ дуней псом бзылъхугъэхэм я нэхъ гуакIуэу къыщалъытауэ щыта  Мельтем Хьэкъэрар, оперэ уэрэджыIакIуэ Черкасская Марие, балет къафакIуэ Черинэ Людмилэ, профессор цIэрыIуэ Абыкъу Фатимэ, усакIуэшхуэ Балъкъэр Фоусэт, лъэпкъ жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэ,  еджагъэшхуэ,  академик Бэчыжь Лейлэ сымэ,  нэгъуэщIхэри.  Апхуэдэхэр ди мащIэкъым, Тхьэм и фIыщIэкIэ.

Бзылъхугъэу щыIэм къахэщ адыгэ цIыхубзхэм лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм къахэкIа  щIэныгъэлIхэм, усакIуэхэм хужаIа псалъэхэм ящыщхэмкIэ дывдогуашэ ди газетым и щIэджыкIакIуэхэм.

ХъуаскIэ къызыщIих нэхэр

... Адыгэ бзылъхугъэр дуней псом къыщацIыху икIи и дахагъэм ехьэху. Абыхэм я набдзэ шылэ фIыцIэ псыгъуэ къурашэм, хъуаскIэр къызыщIих нэ фIыцIэхэм, натIэ хужь джафэм, нэкIу хъурей Iупэ пIащIэм удимыхьэхынкIэ Iэмал иIэкъым. Дуней хъурейм Iэпкълъэпкъ зэкIужу тет цIыхухэр мыбдеж Тхьэм щызэхуишэсам хуэдэщ... Дэ, Европэм, ди насыпти, мы лъэпкъ дахащэм дыпэмыжыжьэу Тхьэм дыкъигъэщIащ».

Гердер Иоган, нэмыцэ философ.

Хэгъэгуу дэ дыздэщыIахэм, къеттхэкIа лъэпкъхэм зыри яхэткъым адыгэхэм хуэдэу зи щIыфэ хужьрэ зи бзылъхугъэхэр дахэрэ. Зы лъэпкъи иIэкъым апхуэдэ уардагъэ, Iэпкълъэпкъ дахэ. Адыгэ бзылъхугъэхэр цIэрыIуэщ я хьэл-щэн дахэмкIэ, щабагъ гуапэмкIэ.

Абдул-Хьэсэн Али аль-Масуди, хьэрып къэхутакIуэ.

Адыгэ пщащэр щIыкIафIэщ, и щхьэм и уасэ зыщIэж цIыхущ. ДахагъэкIэ абыхэм япеуэфын зэрыщымыIэр куэд щIауэ псоми ящIэ: цIыху лъагъугъуафIэхэщ, Iэпкълъэпкъ зэкIужхэщ, уардэу, Iэдэбу зокIуэ. Адыгэ цIыхубзхэм я зэхэщIыкIымрэ я зэфIэкIымрэ лъагэщ...

Дубровин Николай, тхыдэтх.

Адыгэ бзылъхугъэхэр губзыгъэхэщ, гу къабзэхэщ, куэдым гу лъатэ. Абыхэм цIыхухъум пщIэшхуэ хуащI икIи ирипэгэн яфIэфIщ я щхьэгъусэхэр лIыгъэщIапIэ щихуэкIэ, къызыкъуах лIыхъужьыгъэм. Адыгэ бзылъхугъэхэр щэныфIэхэщ, лэжьыгъэр, къабзагъэр фIыуэ ялъагъу...

Бларамберг  Иван, урысыдзэм хэта генерал-лейтенант.

 

ГъащIэм  и мазэ

ЦIыхубзыр дунейм и дыгъэщ,

ЦIыхубзыр дунейм и мазэщ.

Фызмэ - гъащIэ гукъинэщ,

Анэмэ - дунейм и жылэщ.

ЛIым зыдгъэлъагэ пэтми,

Я лъэгуажьэм ди жьакIэр нэскъым.

Агънокъуэ Лашэ, адыгэ джэгуакIуэшхуэ.

 

Адыгэ псалъэжьхэр

Насыпыр къызыдэкIуэр

Насыпыр фызыфIым къыдокIуэ.

Унэр зыгъэунэри благъэр зыгъэблагъэри фызырщ.

Анэм и бгъафэр хъурыфэ джэдыгущ.

Бзылъхугъэм и лъэIур Тхьэм и унафэм хуэдэщ.

Бзылъхугъэ здэщыс сэ щрахкъым.

Бзылъхугъэр унагъуэм и лъынтхуэщ.

Анэ быдзышэм щIакхъуэри кхъуейри хэлъщ.

ЦIыхубз зыщIэмыс унэр сабафэщ.

Поделиться: