Пелуанхэм къагъэзэж

Урысей Федерацэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я закъуэ мыхъуу мы ЩIы хъурейм адыгэу тетым я нэгур нэху, я гур ин мэхъу, ди спортсменхэр дунейпсо зэхьэзэхуэхэм щыщытекIуэкIэ.  Апхуэдэу, лъэпкъыр зыгъэгушхуа пелуанхэм ящыщщ Хъущт Аслъэнбэч, 2008 гъэм Пекин щекIуэкIа Олимп Джэгухэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ дыщэ медалыр къэзыхьауэ щытар.

Аслъэнбэч зыхэта зэхьэзэхуэхэм телевизоркIэ кIэлъыплъахэм ящIэж ар. И хьэрхуэрэгъухэм тхьэ ираIуэжыну зы балл закъуи яримыту, псоми текIуэныгъэр къафIихьат. Апхуэдэ зэIущIэ спортым куэд щIауэ илъагъужатэкъым. ИужькIэ, интервью щитым, Аслъэнбэч апхуэдизкIэ нэгу зэIухауэ, нэIурыту, псэлъэгъу гъэщIэгъуэну къыщIэкIати, текIуэныгъэм и закъуэ мыхъуу, гулъытэрэ пщIэрэ къилэжьат. Ди щIалэм интервью къыщраIыхым, жиIауэ щытащ текIуэныгъэр къезыгъэхьар и пхъур зэрыарар. «УщыбанэкIэ, уи хьэрхуэрэгъум укъыхигъащIэмэ, абы уи пхъум и щIакхъуэ Iыхьэр къытрихауэ  уи нэгу къыщIэгъэхьэ, къызжиIат си гъэсакIуэми, мыращ къикIар!», -  гушыIэрт Аслъэнбэч.

ЖыпIэнурам, тхыдэм хэхуащ. Нобэр къыздэсми дрогушхуэ.

Аслъэнбэч къыщалъхуа къуажэр картэм щыщумыгъуати къохъу, апхуэдизкIэ цIыкIущи. Тэрч куейм хыхьэ Белоглинскэ жылэ цIыкIум къыдэкIащ ар. Пасэу фызабэу къэна, и бынхэр лъэкIэ игъэувын папщIэ щхьэкъэIэт зымыщIэу къэгъуэгурыкIуа анэр къигъэщIэхъуатэкъым Аслъэнбэч - спорсмен цIэрыIуэ хъуащ. Анэм дежкIэ абы нэхъ лъапIэ сыт щыIэ?!

- Илъэс 13-м ситу спортым сыдихьэхащ. Ди гъунэгъу щIалэ, Анзор, кIуэт клубми, сэри сыздишауэ арат. Иджыпсту Анзор си къуэш нэхъыжьу солъытэ. Ди гъэсакIуэу щытар Тумэ Васящ. ИужькIэ Тэрч къалэ щызыгъасэ Битокъу Юрэ деж сыкIуэу щIэздзащ. Ауэрэ Юрэ и Iуэхухэр хуэмыхъу щыхъум, сэри спортыр мащIэу IэщIыб сщIат. Мис абы щыгъуэщ  Олимп джэгухэм сыхуэзыгъэхэзыра Къардэн Анзор къыщысцIыхуар, дэлэжьэн щыщIэздзар. Езым спортыр фIыуэ илъагъурт, ауэ и лэжьыгъэ нэхъыщхьэр аратэкъым. Дыщызэпсалъэм, сэбэп сыпхуэхъуфмэ, дызэдэлажьэмэ си гуапэт,  жиIэри, дызэдытеуващ спорт гъуэгуанэм. ИкIи илъэсрэ ныкъуэрэ фIэкI дызэдэмылэжьауэ Олимп джэгухэм текIуэныгъэр къыщысхьауэ щытащ.

- Спортым хэтхэр зэпIэзэрыту, щэныфIэу, гъэсэныгъэ яхэлъу гу лъызотэ. Ар сытым и Iэужьу пIэрэ, сыт ар къызыхэкIыр?

- Псом япэрауэ, спортым уегъэгупсысэ, уи акъылым зрегъэужь, зрегъэубгъу. ЕтIуанэрауэ, гъэсакIуэми куэд дыдэ елъытащ. Аращ хьэл къыпхэзылъхьэр. ГъэсакIуэм и напэр зэрытумыхыным иужь уитын хуейщ сытым дежи. Псалъэм и хьэтыркIэ,  Анзор и гъэсакIуэ гуэрым мыхъумыщIэ далъэгъуамэ, «феплъыт а Къардэнхэ я къуэм игъэсам!» хужаIэнущ. УщыспортсменкIэ, пхузэфIэкIынур щыпщIэжкIэ, сыт уи къару бгъэлъагъуэу уэрамым удэткIэ?!

- Спортымрэ махуэ къэс къыддекIуэкI Iуэхухэмрэ зэхэзэгъэнукъым, сызэреплъымкIэ.

- Пэжыр жысIэнщи, академиер къэзуха нэужь, спортыр  илъэскIэ IэщIыб сщIауэ щытащ. Уи закъуэ къопхауэ гъэсакIуэ уимыIэмэ гугъущ спортым ухэтыну. Спортым ущыхэткIэ узыгъэдзыхэн, узыгъэгузэвэн, узэгупсысын Iуэхугъуэхэр щымыIэмэщ  уи Iуэху щыдэкIри. Сэ а зэманым си Iуэхухэр схузэхуэгъэхъуртэкъыми, егъэлеяуэ сыщхьэщыгупсысыкIырт спортым. Анзор сыдэлэжьэн щыщIэздзам куэд дыдэ сщхьэщихащ. Ар унагъуэ Iуэху, мылъку ирехъу. Псалъэм папщIэ, зэхуэсхэм сыщыIэу сынэщхъейуэ гу къыслъитамэ, си лажьэр къищIэрти, ди ныбжьэгъухэм, ди къуэшхэм телефонкIэ епсалъэрти, си гур зыгъэныкъуэ Iуэхухэр схузэхуигъэхъурт, сщхьэщригъэхырт. КIэщIу жыпIэмэ, си гупсысэхэр псори спортым етауэ зэрыщытыным яужь итт икIи си хъуреягъыр «къатхъыхьри», спорт утыкум срагъэуващ, нэгъуэщI зыри Iуэху симыIэу. Мис абдеж си гур псэхужри, къыспэщылъымрэ сызыхуагъэхьэзырымрэ тезубыдащ си щхьэр. 

- Спортсменыр текIуэныгъэр къыщихьа дакъикъэм сыт зэгупсысыр? ЗанщIэу текIуэныгъэр зыхэпщIэрэ, хьэмэрэ…

- Сэ текIуэныгъэр къыщысхьам сешауэ зыхэсщIэххэтэкъым. ЗыхэсщIэр зыт – гуфIэгъуэ. Егъэлеяуэ сыгуфIат сызэрытекIуам щхьэкIэ. СщIэркъым псори апхуэдэу хъуми, ауэ си щхьэр къэсIэту зыкъыщысплъыхьам, «Урысей!» жаIэу зэрыгъэкIий макъхэр щызэхэсхам, апхуэдизкIэ гукъыдэжым сызэщIищтат, дамэ къыстекIати, си щIыфэр ундэрэбжьат! Апхуэдэ дакъикъэхэм деж уи гуфIэгъуэм гъуни нэзи иIэкъым. Трибунэм си гъэсакIуэхэу Къардэн Анзоррэ Гамзин Михаилрэ исти, сыжэри, IэплIэ яхуэсщIащ, «Тхьэм фигъэпсэу!» яжесIащ. ИужькIэ, а лъэхъэнэм ди республикэм и Президенту щыта Къанокъуэ Арсен къызэхъуэхъуну телефонкIэ ныщыпсэлъам, пресс-конференцым дыщIэсти, куэд дыдэрэ даIыгъат. Уи фIэщ зэрыхъун, а псори зэфIэкIыху телефоныр тримылъхьэжу Къанокъуэр къызэжьат! Къэбэрдей-Балъкъэрым япэ дыдэу нипсэлъыкIари арат. КъызэрызжаIэжамкIи, зы дакъикъэ димыгъэхуу, си Iуэхухэр зэрыкIуатэм телевизоркIэ кIэлъыплъащ Къанокъуэр. Сэ ар зыкIэ си гуапэ хъуати!

- Пекин интервью къыщыщыпIахам, «Къэбэрдей-Балъкъэрым къуажэ къэс щIалэ цIыкIу куэд дэсщ чемпион къахэкIыфыну» жыпIауэ щытащ. КъызэрыслъытэмкIэ, пэжщ ар. Сыту пIэрэ ар къызыхэкIыр?

- Пэжщ, гу лъыстащ абы. Дэ ди лъэпкъым пелуан куэд хэтщ. Ахэр наIуэ къэхъун папщIэ, и чэзум гулъытэ яхуэщIын хуейуэ аркъудейщ. Дэ ди лъэпкъыр езыр лъэщщ, лъэрызехьэщ. Иджыпсту спортым ди щIыналъэми къэралми увыпIэшхуэ щеубыд. Иджыпсту апхуэдэ зэманщи, цIыхур Iуэхугъуэ гуэрым дихьэхыу щытын хуейщ, мыхъумыщIагъэ хэмыхуэн папщIэ. АбыкIэ икъукIэ сэбэпщ иужьрей зэманхэм къызэрагъэпэщ спорт клубхэр.

- Аслъэнбэч, спортым нэхъ пэIэщIэ зытщIынщи, сыт уэркIэ нэхъ лIапIэ дыдэу щыIэр? Сыт цIыхум и хьэлхэм ящыщу япэ ибгъэщыр?

- Сэ цIыхум и хьэлхэм ящыщу згъэнэхъапэр пэжыгъэмрэ лIыгъэмрэщ. ЦIыхум жиIар игъэзэщIэжыфу, напэ иIэу, хабзэ, щэн хэлъу щытмэ - ар адыгагъэщ, дахагъэщ. Аращ цIыхур цIыху зыщIыжыр. Сэри аращ. ЖысIам сепцIыжмэ, мыхъумыщIагъэ къыздалъагъумэ, цIыхум жысIэр и фIэщ мыхъужмэ, ар си дежкIэ щхьэфIэхщ.

Фырэ Анфисэ.

 

Поделиться: