Зэрыпагэ дэфтэр

Ди къэралым и хабзэ нэхъыщхьэхэр зи лъабжьэ дэф­тэрыр, УФ-м и Конституцэр, 1993 гъэм дыгъэгъазэм и 12-м ­къащтауэ щытащ. А махуэм цIыху мелуан 58-м щIигъу зэкIуэлIа цIыхубэ IэIэтыр екIуэкIат. Абы и щIыхькIэ ­КъБР-м и Жылагъуэ палатэм паспортхэр щратащ зи ныбжьыр илъэс 14 ирикъуа цIыху 21-м.

НыбжьыщIэхэм я паспорт­хэр иратащ КъБР-м и Жыла­гъуэ палатэм и УнафэщI Берд Хьэзрэталий, абы и къуэдзэ Федченкэ Людмилэ, КъБР-м и МВД-м Iэпхъуэшапхъуэ Iуэху­хэмкIэ и управленэм и къ­у­дамэм и унафэщI, полицэм и ­подполковник Гъубж Арсен сымэ. 
Берд Хьэзрэталий жиIащ щысабийхэм щегъэжьауэ щIэб­лэр жыджэру, хэкупсэу, лъэпкъ зэхэщIыкI яIэу зэрыгъэсап-хъэр. «Нобэ махуэшхуэщ фи дежкIэ. Паспортым хуитыныгъэшхуэхэр къывет, ар лъапIэщ,  жэуаплыныгъэ зы  пы­лъщ. Абы и гъусэу, Урысейм и цIыхум и пщэ къыдэхуэ къалэнышхуэхэри къыфтохуэ. Фи Хэкур фIыуэ флъагъун хуейщ, фыкъыщалъхуа, фыкъыщы­хъуа, щIэныгъэ щызэвгъэ гъуэт щIыналъэр,   гъэсэныгъэ  къыф­хэзылъхьахэр зыщывгъэ­гъупщэ хъунукъым. Ахэращ зи фIыщIэр нобэ гъащIэм щы­виIэ ехъулIэныгъэхэр. Насыпы-фIэ фыхъуну, зэфIэкI ин фиIэну сынывохъуэхъу», - жиIащ нэхъыжьым. 
Федченкэ Людмилэ школакIуэхэм щехъуэхъум жиIащ ущыпсэу къэралым и паспортыр къыпIэрыхьэныр зэрып­щIэшхуэр. 
-  Дэ ди зэманым илъэс 16-м къыдату щытащ къэралым и дэфтэр нэхъыщхьэр. СощIэж  а Iуэхугъуэм дрипагэу зэ­ры­щы­тар. Сыт къикIыр Урысейм и цIыхуу ущытыным?  Шэч хэмылъу, ар зи Хэкур фIыуэ зылъагъу, езыгъэ­фIакIуэ, абы папщIэ и къалэнхэр игъэзэщIэну, ихъумэну сыт щыгъуи хьэ­зыр цIыхущ. Сы­хуейт фызы-щIэхъуэпсхэр къы­вэхъулIэну, щIыналъэм хуэ­фэщэн фыхъуну, - къыхигъэщащ бзылъхугъэм. Апхуэдэуи абы дыщIигъуащ, цIыхур и Iыхьлым зэрыхущытым хуэдэу, и Хэкуми бгъэ­дэтын зэ­ры­хуейр.
Гъубж Арсен щIалэгъуалэм ехъуэхъуащ узыншагъэ быдэрэ зыхуагъэувыж къалэнхэм зэ­рыпэлъэщын къарурэ яIэну. «Ди къэкIуэнур зэлъытар, ди ­гугъэр зэтпхыр щIалэгъуалэращ. Дыфщогугъ хэкупсэ нэс, щапхъэ фыхъуну», - къыхигъэщащ Гъубжым.
НыбжьыщIэхэм иратащ ­КъБР-м и Жылагъуэ палатэм-рэ «Движение первых» уры­сейпсо щIалэгъуалэ зэгухьэ­ныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэмрэ къабгъэдэкI тыгъэхэр.
КЪАНЩАУЭ  Мэлычыпхъу.

Поделиться: