«Черкес ФМ»-м и вагъуэхэр

Хабзэ зэрыхъуам тету, Урысейм и къалащхьэм иджыблагъэ щекIуэкIащ «Черкес ФМ»-м и вагъуэхэр» концерт иныр. Илъэсым къриубыдэу адыгэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я курыхыр къэзыгъэлъагъуэ зэхыхьэ нэхъ ин дыдэщ Къэбэрдей-Балъкъэр, Ингуш республикэхэм щIыхь зиIэ я артист, режиссер, продюсер цIэрыIуэ Хьэцей Тимур Москва къыщызэригъэпэщ пшыхьыр. Мы гъэм ар псом хуэмыдэжу дахэ, щIэщыгъуэ, гухэхъуэ хъуат. Къэблагъэ ИслъэсыщIэм хуагъэпса концертым хэтащ уэрэджыIакIуэ нэхъыжьхэри зи щIалэгъуэхэри. 

Москва дэт «Вегас Сити Холл» концерт гъэлъэгъуапIэм къыщызэхуэсат къалащхьэм дэс адыгэхэу лъэпкъ ­щэнхабзэр фIыуэ зылъагъухэр.. Ди лъэпкъэгъухэм нэмыщI, нэгъуэщI лъэпкъ­хэм къахэкIауэ пшыхьым къе­кIуэ­лIахэри куэдт. Урысейм ис лъэпкъ зэ­мы­лIэужьыгъуэхэр гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ зэрызэрипхыр, зэрызэ­къуи­гъэувэр иджыри зэ наIуэ къэхъуащ а пщыхьэщхьэм. «Черкес ФМ»-м къы­хилъхьа Iуэхури аращ зытелажьэр, ­щэнхабзэм зегъэужьынырщ, лъэпкъ макъамэр, къафэр иджырей теплъэ иIэу утыкушхуэхэм къихьэнырщ. 
Илъэс къэси хуэдэу, концертым хэтащ адыгэ эстрадэм и вагъуэ нэхъ цIэ­рыIуэхэр, Кавказ Ищхъэрэм хыхьэ щIыналъэхэм я уэрэджыIакIуэхэр. Пшы­хьым дунейпсо мыхьэнэ иIэщ жыпIэ- мэ, ущыуэнукъым - абы кърагъэблагъэ хамэ къэралхэм щыщу цIэрыIуэ хъуа адыгэ уэрэджыIакIуэхэмрэ къэфа­кIуэхэмрэ. Мызыгъуэгум Москва щекIуэкIа концертыр игъэдэхащ Тыркум щыщ ди ­нэхъыжьыфI, уэрэ­джыIакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ Къущ­хьэ Догъэн. А пщыхьэщхьэм цIыхубэм  я гукъыдэжыр къиIэту утыку къихьахэм ящыщщ Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, Дагъыстэным  я цIыхубэ артист Тут Заур, КъБР-м,   Адыгейм, КъШР, ­Ингушым я цIыхубэ артист, Осетие Ипщэм щIыхь зиIэ и артист Сокъур Ольгэ, КъБР-м, Ингуш Республикэм щIыхь зиIэ я артист Хъыжьрокъуэ ­СулътIан, Къэбэрдей-Балъкъэр, Шэшэн республикэхэм щIыхь зиIэ я артист Апэнэс Астемыр, КъБР-м щIыхь зиIэ и артистхэу Бэрбэч Аскэррэ му­зыкант цIэрыIуэ Къэбэрдокъуэ Муратрэ, Бэчхэ Азэмэтрэ Ренатэ-рэ, КIыщхэ Ислъамрэ Каринэрэ, Третьяк Татьянэ, Теркъул Астемыр, дуней-псо зэпеуэхэм щытекIуа ныбжьыщIэхэу Хекилаевэ ­Денизэ, Куэцэ Идар (КъБР), Быщтхэ Азэмэтрэ ФатIимэрэ, Лъашэ Альберт (Адыгей), Байкаев Мурад (Шэшэн),  «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблыр, «Черкесия», «Адыгэхэр» ­къэфакIуэ гупхэр. Нэпс  къригъакIуэу гунэс хъуат дуней псом щыцIэрыIуэ адыгэ музыкант, иджыблагъэ дунейм ехыжа Темыркъан Юрэ   хухаха Iыхьэри. 
Пшыхьыр нэфIэгуфIэу ирагъэ­кIуэ­кIащ Гумэ Маринэрэ Березин Влади-миррэ. 
«Черкес ФМ»-м и вагъуэхэр» концертым илъэсым и уэрэджыIакIуэ нэхъыфIыр къыщагъэлъагъуэу хабзэщ. Мы гъэм апхуэдэ пщIэр лъагъэсащ Адыгэ Республикэм щыщ «Ашэмэз» уэрэджыIакIуэ гупым. Мыбыхэм фе­деральнэ  канал   нэхъыщхьэмкIэ   екIуэкI «Зэрыкъэралу пщэфIапIэм уэрэд щыжыдоIэ» теленэтыным «Iэ­лъын цIыкIу», «Нэ ­фIы­цIэхэр» уэрэд­­хэр дахэу щагъэзэ­щIауэ щытащ. Адыгэ щIалэ зэкIужхэм Урысей псом ирагъэлъэгъуар я уэ­рэджыIэкIэм и закъуэкъым, атIэ адыгэ лъэпкъым и тхыдэм, щэнхабзэм щыщ пычыгъуи, адыгэ шыфэлIыфэр зыхуэдэри теле­визорымкIэ къеплъхэм гурагъэIуащ. Апхуэдэ купщIэ зыщIэлъ творчествэр гулъытэншэ ящIакъым, Iэгуауэшхуи      хуаIэтри, бжьыпэри иратащ. 
Утыкум ита дэтхэнэ зыми цIыхубэм я гукъыдэжыр къиIэту, я гур щыз ищIу, я адыгэпсэр игъэушэу уэрэд жиIащ. А пщыхьэщхьэм фIыщIэ псалъэ куэд ­хужаIащ концертыр зыхуей хуэзэу  къы­зэзыгъэпэща Хьэцей Тимур. Адыгэ ­макъамэр зигу къэкIахэми, уэр­э­джы­IакIуэ нэхъ щIалэхэр зэзыгъэцIыхуахэми, Москварэ Налшыкрэ дэсу а пщы­хьэщхьэм зэхуэзахэми ягу зэрыхэхъуар къыпхуэмылъытэным хуэдизщ. Хьэцей Тимур адыгэ щэнхабзэм, Урысейм и гъуазджэ IэнатIэм хэлъхьэны-гъэ ин зэрыхуищIыр, лъэпкъ зэмылIэу­жьы­гъуэхэм, къэрал зэхуэмыдэхэм я зэхуаку «щэнхабзэ лъэмыж» зэры­щиу-хуэр къыхагъэщащ концертеплъ­хэм. А псори хуэкIуэжырт махуэ къэс я Iэпэгъу «Черкес ФМ» радиом гурэ псэкIэ зэрыщыгуфIыкIым. Иджы абы и вагъуэхэр утыку къришати, цIыхухэр щыгуфIыкIыпэрт. 
Фигу къэдгъэкIыжынщи, Хьэцей Тимур и жэрдэмкIэ къызэIуиха «Черкес ФМ» лъэпкъ радиор адыгэ дунейм Iулыдж ин щызиIэ IуэхущIэу зэфIэу-ващ. Уеблэмэ хамэ къэрал куэдым щикъухьа адыгэхэр нэхъри зэрипхыжу, адыгэбзэм и IэфIагъыр игъэнаIуэу, адыгэ хабзэм и купщIэр тхузэпкърихрэ лъэпкъ макъамэ дахэм дыщIигъэдэIуу ди гъащIэм щыщ Iыхьэ хъуащ.
Радиом лэжьэн зэрыщIидзэрэ цIыху мин бжыгъэхэр къыдихьэхащ, къэрал куэдым къыщацIыхуащ, иджырей ра­диор зыхуэдэр цIыхубэм наIуэ ящи-щIащ. «Черкес ФМ»-м и эфирым уэрэд дахэ куэд къыщоIу иджырейхэми нэхъ пасэхэм щыIа уэрэджыIакIуэ-хэми ягъэзащIэу. Уэрэдхэм, шэч хэ­мылъу, зэман нэхъыбэ хухэхащ. Абы ущегъэгъуазэ Къэбэрдей-Балъкъэ-рым, Къэрэшей-Шэрджэсым, Адыгейм, уеблэмэ нэгъуэщI къэралхэм щыпсэу, щылажьэ адыгэ уэрэ­джы­Iа­кIуэхэм я зэфIэкIми. 
Псом я щхьэжу щхьэпэщ адыгэ хабзэм щхьэхуэу зэрытепсэлъыхьыр.   МащIэрэ IэфIу жыхуиIэм хуэдэу, уте­мызашэу, ауэ щIэх-щIэхыурэ зэхэпхрэ уигу  ибубыдэфу  ягъэпсащ  хабзэм епха Iыхьэр. Апхуэдэ дыдэщ «Адыгэ псалъэжьхэр» зыфIаща нэтынри. Лъэпкъым ижь-ижьыж лъандэрэ къыдекIуэкI Iущагъхэмрэ купщIэ зыхэлъ псалъэ шэрыуэхэмрэ махуэм зыбжанэрэ зэхэпхыныр лейкъым. Сабийхэм папщIэ радиом къет адыгэ тау­рыхъхэр. ЦIыху нэхъыбэ дэзыхьэххэм ящыщщ гушыIэхэр. Ахэри и чэзум эфирым къыхоувэ. Хъарзынэкъэ, махуэм зы гушыIэ хъыбар цIыкIу зэхэпхрэ, абы уи гукъыдэжыр къиIэтмэ?! 
Радиом къитыр ди уэрэджыIакIуэ ­нэхъыфIхэм я IэдакъэщIэкIхэрщ, ахэр къыхэзыхыр езы Тимурщ. «Радиом къитыну уэрэдхэр къыхэзыхыр сэращ.               Мыр лажьэу щедгъэжьэнум сытIысри, уэрэд мини 3000-м щIигъу седэIуащ сэ.  Абыхэм 300 къудей къахэсхауэ аращ. Сыт хуэдэ абы хыхьахэр? Куэдым ягу дыхьахэмрэ тэмэму егъэтха ­хъуахэмрэщ. 
АдыгэбзэкIэ уэрэд зэрыжиIэ къудейр шэсыпIэкъым си дежкIэ. АтIэ макъкIи, макъамэкIи, жыIэкIэкIи къызы­хуэ­тын­шэу щытын хуейщ. 
Абы ипкъ иткIэ, нобэ радиом къитыр ди уэрэджыIакIуэхэм я IэдакъэщIэкI ­нэхъыфI дыдэхэрщ. Иджыри зэ жызоIэри, Iуэхур зытетщIыхьыр и фIа­гъращ, абы и лъэныкъуэкIэ иджыри цIыху зыбжанэ къыздолажьэ», - жеIэ Хьэцейм.
Иджырей телефон зыIыгъхэм ящIэ «Черкес ФМ»-р зищIысыр. НэгъуэщI щIыпIэхэм адыгэ уэрэдхэр къыщып­лъыхъуэу, абы зэман тебгъэкIуадэу ­щы­мыту, жэщ-махуэм и сыт хуэдэ сыхьэти къызэIухи, «Черкес ФМ»-м уэрэд дахэ щоIу. 

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться: