Куэдым я гущапIэ

    Тигррэ Евфратрэ псыежэх нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщщ икIи зым и гугъу ящI хабзэкъым адрейр  имыгъусэу. Ар къызыхэкIри гурыIуэгъуэщ: а тIум я зэхуакур цIыхум и зыужьыныгъэм и къежьапIэу къалъытэ. Алыджхэр МесопотамиекIэ зэджэу щыта а щIыналъэм илъэс минхэм къриубыдэу щызэблэкIащ къэралыгъуэ лъэщ 20-м щIигъу(!) икIи дунейпсо тхыдэм щиIа мыхьэнэмкIэ Пасэрей Мысырым (Египетым) хуагъадэ. Абыхэм я нэхъ ину щытащ  Шумерыр, Аккадыр, Вавилоныр, Ассириер. Месопотамием япэ къалэхэмрэ къэралхэмрэ къыщыунэхуащ, ахъшэ зэIэпыхыкIэр, тхыбзэр, библиотекэхэр, диныр къыщежьащ. ЩIэныгъэми ардыдэр хужыпIэ хъунущ. Мы щIыналъэр тхьэмахуэ зэхуакур махуи 7-у, зы жэщ- махуэр сыхьэт 24-уэ, зы сыхьэтыр дакъикъэ 60-у, зы  дакъикъэр  секунд 60-у щагуэшащ. Мыбы хуабжьу зыкъыщиIэтауэ щытащ математикэм.

Зэгуэр Тигррэ Евфратрэ щхьэхуэ-щхьэхуэу Перс псы дэжыпIэм хэлъэдэжу щытащ, ауэ  иужькIэ ищIагъыIуэкIэ зыпс  щыжащ Шатт-эль-Араб цIэр иIэу. Месопатием щыIа пащтыхьхэм ящыщу тхыдэм нэхъ къыхэнар ди эрэм илъэс минитI хуэдиз ипэкIэ Вавилоным и тету  щыта Хаммурапищ. Абы  япэ дыдэу зэхилъхьащ  Хабзэхэм я кодексыр. А дэфтэрым къыщыгъэлъэгъуат «щIэпхъаджагъэ»,  «тезыр» псалъэхэм  я мыхьэнэр. Тезыру тралъхьэр зыхуэдизыр ялэжьа щIэпхъаджагъэм и хьэлъагъым елъытат. Хабзэхэр къащхьэщыжырт цIыхубзхэм, сабийхэм, пщылIхэм. Хаммурапи илъэс плIыщIым щIигъукIэ къэралыр зэрихьащ икIи лъэужьыфI къигъэнащ.

 Зи гугъу тщIы  Тигррэ Евфратрэ Ипщэ Тыркум щыIэ Ермэлы бгы лъапэм къыщыщIож икIи Сириемрэ Иракымрэ я щIыналъэхэм пхокI. Ахэр зы хъужа иужь къэунэху Шатт-эль-Араб километри 195-рэ и кIыхьагъщ. Иракым и щIыналъэм йокIри ар  Ираным пхырокI. Псым ику иту метр 230-рэ хуэдиз и  бгъуагъщ, метри 10-12 и куууагъщ. Къэгъэлъэгъуэн хуейщ абы и IуфитIым хъурмэ жыгхэм я мэзышхуэ дыдэ зэрыIутыр. Зэгуэр ар бдзэжьейкIэ   егъэлеяуэ къулейуэ  щытащ. Иджы щIыналъэм нэхъапэм псэуахэм къахуэмыцIыхужыну зихъуэжащ. Къапщтэмэ, хьэкIэкхъуэкIэхэр  хуабжьу мащIэ щыхъуащ, хэбгъэзыхьмэ, языныкъуэ лIэужьыгъуэхэр щыIэжыххэркъым. Псалъэм и хьэтыркIэ, уащрихьэлIэнукъым азиат аслъэнхэмрэ хьэрып страусхэмрэ. Бзэхащ кхъуэпIащэхэр, дыгъужьхэр, хьэIуцыдзхэр, бажэхэр, щомыщхэр, нэгъуэщI зыбжани. Ар зи ягъэр, дауи, щIыуэпсым и къулеигъэхэр зэхэзыфыщIа цIыхухэрщ. Псалъэм и хьэтыркIэ, Тигр  километр  1900-рэ и кIыхьагъщ, абы  щыщу километр 407-р Тыркум хуозэ, адрейм и нэхъыбэ дыдэр ИракымкIэ пхокI. АтIэ, мис а Иракми Тыркуми Тигр псыIущIапIэ куэдыкIей, гидроэлектростанцу тху тращIыхьащ. Тигр и къуэш Евфрати зи гугъу тщIы къэралхэм, Сириери яхэту, ГЭС 16 тращIыхьащ.  Абыхэм я нэхъыбэр зейр Тыркурщ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, а псоми  егъэлеяуэ я  зэран зи гугъу тщIы пситIми  екIащ.

Зэгуэр Иракым и  щыхьэр Багдад  къалэ къулей дыдэу икIи цIэрыIуэу щытащ. Абы цIыху мелуанитху хуэдиз щыпсэурт. Иджы Тигр и Iуфэр зи хэщIапIэ абы апхуэдиз дэсыжкъым. Инджылызымрэ США-мрэ я дзэхэр Иракым и щIыналъэм  изэригуа иужь, Багдад унэ куэд  щакъутащ, зыужьыныгъэкIи къакIэрыхуащ. Уеблэмэ 2019 гъэм и гъатхэпэм  ар ущыпсэуну   щынэхъ гугъу дыдэу дунейм тет къэралу къалъытауэ щытащ. Аращ цIыху зыужьыныгъэм и гущапIэу къалъытэ Месопотамием и къалэ пажэм къыщыщIар.

                             Шал Мухьэмэд.

 

 

 

Поделиться: