Квазархэр

Уахэ жыжьэм зыщызымыгъэпщкIуу астрономхэм гу зылъата къэщIыгъэхэм ящыщу я нэхъ шынагъуэ дыдэу къалъытар «квазаркIэ» зэджэхэрщ («квази» - латин псалъэщ, «ещхь» жыхуиIэщ).

Абы щыгъуэми, «Квазар» фIэщыгъэр а щIэныгъэлIхэм псалъэ зэхэухуэнэкIэу тIум: «quasi-stellar» («вагъуэм ещхь») жыхуиIэмрэ «radio source» («гуащIащэу радио-хысыджхэр къызыпкърыкI») мыхьэнэм хуагъакIуэмрэ къызэдыхахащ.

Апхуэдэ цIэ зэхэткIэ астрономхэр «зыхуэупсар» 1950 гъэм хьэршым гу зыщылъата, и зэщIэпщIыкIэкIэ зыми емыщхь къэщIыгъэ телъыджэрщ.

КъыжыIэпхъэщ, квазархэр уахэм къызэрыщыунэхуа щIыкIэмрэ зэрызэхэлъымрэ ехьэлIауэ астрофизикхэр иджыри къыздэсым зы еплъыкIэм къызэрытемыувыIари. Я нэхъыбэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, квазархэр – вагъуэкъым, атIэ дэ тпэжыжьэ галактикэщIэхэу «мащэ кIыфI» зыхужаIэхэм хуабжьу зэхэзехуэн ящIахэрщ.

ЩIы Хъурейм тет телескопхэмкIэ квазархэр, гъуэгуанэ абрагъуэ дыдэкIэ тпыIудзами, уахэм зэрыщытлъагъур икъусыкъужкIэ щызэщIэцIыуэ къэщIыгъэущ, къапкърыкI нэхур дызыщыщ Шыхулъагъуэ (Млечный путь) галактикэм хиубыдэ вагъуэ псоми, зэрыщыту къатщтэмэ, ядз нурым нэхърэ хуэдэ минкIэ нэхъыбэу.

Къэдгъэлъагъуэмэ, «къызэрыгуэкI» квазарым и нэхур ди Дыгъэм ейм нэхърэ хуэдэ триллион 27-кIэ нэхъыбэщ. Езы астрофизикхэми зэрыжаIэу, апхуэдиз зи гуащIагъ квазарыр «зэрымыщIэкIэ» ди Дыгъэм нэхъ пэжыжьэу «къыгуэпха» Плутон уафэщIым и пIэ къызэрихутэу, секундэм и Iыхьэ тхуанэм къриубыдэу, ЩIы Хъурейм и псышхуэхэр дэнэ къэна, хышхуэу тет псоми, ткIуэпс зи цIэ къримынэу, бахъэ щытыкIэм хуигъэкIуэфынущ.

 

АтIэми, жыжьащэу зэрытпыIудзам къыхэкIыу, квазархэм къызыпхадз нурыр ди деж къэсыным илъэс мелард бжыгъэхэр токIуадэ. Уегупсыс зэрыхъунумкIи, гъуэгуанэшхуэ зэпрагъэчу, зи нэхур дызэрыт лъэхъэнэм къэзыхьэсыфа квазархэм ящыщ зыбжанэр мы зэманым щыIэжкъым, е нэхъ мащIэрауэ, я теплъэм къыпхуэмыцIыхужын хуэдизу зихъуэжащ.

Астрофизикхэм зэрытрагъэчыныхьымкIи, квазархэр апхуэдизу зэщIэзыгъэнахуэр я лъабжьэм зыщызыгъэпщкIуа, гъунэгъу захуэзыщI дэтхэнэри думпу зыщIэзылъафэ «мащэ кIыфIхэрщ», и Iэгъуэблагъэм къыщызылъэтыхь псори щIигъэхуабжьэу щызэжьэхигъэуэжкIэ, я зэхуакум «хъуаскIэ» ин дыдэхэр къыдэмылыдыкIыныр Iэмал зимыIэщи.        

2022 гъэм и щIышылэм астрономхэм гу зылъата квазарыр алъандэрэ зрагъэлъагъуфахэм я нэхъыжь дыдэу къалъытащ. J0313-1806 нагъыщэмкIэ хагъэунэхукIар ди Дыгъэм къедза и къэухьым илъэс мелард 13-м къриубыдэу нэхум зэрызидз гъуэгуанэм хуэдизкIэ пэжыжьэщ.

АтIэми, щIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм зэрытрагъэчыныхьымкIэ, зыри зыIумылъ ди нэхэмкIи телескоп нэхъ ехьэжьа дыдэхэмкIи уафэм щытлъагъу вагъуэбэр къызэщIэзыубыдэж Уахэрыбжэр (Вселенная) къызэрыунэхурэ илъэс мелард 14-м нэблэгъэ дэкIащ. Ауэ щыхъукIи, «квазар нэхъ жьы дыдэ» жыхуаIэр астрономхэм мы зэманым зэралъагъур дунейм къытехьа иужь илъэс мелуан 670-рэ дэкIауэ игъуэтауэ щыта сэфэтым итущ.    

Мыдрейуэ. ЩIэныгъэлIхэм зи гугъу тщIы къэщIыгъэхэм ящыщу я нэхъ ин дыдэу мы зэманым къалъытар S5-0014+81 нагъыщэр зрата квазарырщ. ЗэрыхуагъэфащэмкIэ, абы илъэс мелард 12-м нэблагъэ и ныбжьщ. И кIуэцIым зыщызыгъэпщкIуа «мащэ кIыфIым», уи фIэщ мыхъун хуэдизу, ди Дыгъэм къишэчым нэхърэ мелард 40-кIэ нэхъыбэ и хьэлъагъщ! Астрофизикхэм зэрыжаIэмкIэ, зы щIыпIэм тIэкIу-тIэкIуурэ зыщызэхуэзыхьэса къэщIыгъэм дежкIэ ар икъусыкъужкIэ куэдыIуэщ.

Нэхъыщхьэжыр аращи, зи гугъу ящI квазарым зэгуэр (ар иджыщ щалъагъури) къызыпхигъэлыгъукIауэ щыта нурым и зэщIэнэхуэкIэр вагъуэ «къызэрыгуэкI» триллион 300-м зэхэту къадзым хуэдизщ, е нэгъуэщIу жытIэмэ, Шыхулъагъуэ вагъуэ зэрыбыным зэрыщыту къыпкърыкI нэхум нэхърэ мин 25-кIэ нэхъыбэщ.

ФIэщщIыгъуейми, мы Iуэхуми щхьэусыгъуэу иIэр зыщ: S5-0014+81 квазарым и кIуэцIым зыщызыудыгъуа «мащэ кIыфIым» зы илъэсым къриубыдэу, псори зэхэту, ди Дыгъэм и хьэлъагъым елъытауэ мини 4-кIэ нэхъыбэ къэзышэчыфын пкъыгъуэхэр (дэнэ кърихми) зэрызыщIилъэфэфырщ.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

                                                                                                         

 

Поделиться: