Хэкум и лIыхъужьхэм я махуэм теухуа КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу

Нобэ Урысейм щагъэлъапIэ Хэкум и лIыхъужьхэм я махуэр!
А махуэшхуэр и щыхьэтщ ди къэралым и тхыдэ гъуэзэджэм, ди адэшхуэхэмрэ Урысейм гурэ псэкIэ хуэлажьэ, лIыгъэм, ха­хуагъэм и щапхъэу ягъэлъагъуэу псэухэмрэ я лIыхъужьыгъэ­хэм. 
Урысейм и къуэхэмрэ ипхъухэмрэ я щIыхьыр хэкупсагъэм и лъабжьэ быдэщ, ди хэкум ис лъэпкъ зэмылIэужьыгъуэхэм я ­хахуагъэм и щыхьэтщ. 
Ноби Урысейм и щIыналъэ псоми щыщ щIалэхэм я дзэ къулыкъур ягъэзащIэу ди къэралым и шынагъуэншагъэмрэ щхьэхуитыныгъэмрэ яхъумэ. 
Хэкум и хъумакIуэхэм яхэтщ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу пщIэрэ щIыхьрэ пылъу зи дзэ къулыкъур зыгъэзащIэхэри. 
Махуэшхуэм ирихьэлIэу, дзэ къулыкъущIэхэм я жэрдэмкIэ, КъБР-м и Iэтащхьэм къыдигъэкIа Унафэм ипкъ иткIэ, дзэ Iуэху хэхам лIыгъэрэ хахуагъэрэ къызэрыщагъэлъагъуэм, дзэ къулыкъур щIыхь пылъу зэрырахьэкIым папщIэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ЩIыхь тхылъыр цIыху 15-м хуэдгъэфэщащ.
КъБР-м и Iэтащхьэм и ФIыщIэ тхылъкIэ хуэупсащ дзэлI 239-м.
Ди сэлэтхэми Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэми сохъуэхъу ­махуэшхуэмкIэ. 
Узыншагъэ быдэ фиIэну, икIэщIыпIэкIэ ТекIуэныгъэр къэ­ф­хьыну!

Поделиться: