ЦIэ лейр лейкъымЦIыхум езым зыфIищыж е нэгъуэщIхэр къызэреджэ цIэ лейм къыщытенэ къохъу куэдрэ. Дуней псом цIэ лейкIэ къыщацIыху щыIэщ, абы щыгъуэм и цIэ дыдэр зыщIэр закъуэтIакъуэу. ЦIэ лей куэдрэ ягъуэту щытащ пащтыхьыгъуэ зыIыгъахэм. Псалъэм папщIэ, Красный Иван, Грозный Иван, Тёмный Василий, нэгъуэщIхэри. Псалъэм и хьэтыркIэ, дэнэ «Ленин» цIэ лейр къыздрихар Ульянов Владимир. ЩIэныгъэлIхэм абы теухуауэ къахутахэр зэтехуэркъым. Ауэ нэхъ арэзы укъещI тхыдэдж Логинов Владлен жиIам. XX лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэ дыдэм революционер щIалэщIэр къэралым икIыну и ужь ихьащ. А зэманым ар Iуэху тынштэкъым. «Ленин Николай» и цIэкIэ паспорт нэпцI къиугъуейри, абыкIэ Европэм кIуэфащ. Апхуэдэу, Ульяновыр «Ленин» унэцIэм къытенащ. Скрябин Вячеслав 1890 гъэм гъатхэпэм и 9-м Вятскэ губернием хиубыдэ Яранскэ уездым къыщалъхуащ. ЩыцIыкIум усэ итхырт, скрипкэ дахэу еуэрт. Илъэс 16 щрикъум ар РСДРП-м хыхьащ. Илъэс зыбжанэ дэкIри, революционер ныбжьыщIэр Вологдэ ссылкэ ягъэкIуащ. НыбжьыщIэм къилъытащ къызэреджэр зэманымрэ Iуэхугъуэхэмрэ ядекIун хуейуэ – Молотов хъуащ. Сабий тхакIуэ Голиков Аркадий зэрацIыхур Гайдар унэцIэрщ. ЗэрыжаIэмкIэ, езыр зэи тепсэлъыхьу щытакъым цIэ лей къыщIищтам и щхьэусыгъуэм. Ауэ языныкъуэхэм хуагъэфащэ цIэр зыщыфIищыжым монголыбзэмкIэ Iэбауэ – «япэ ит шу» жиIэу къокI. Хэти франджыбзэм хуехь ар. «Голиков Аркадий д/ Арзамас» - «Арзамас щыщ Голиков Аркадий» мыхьэнэр къызэрыкI псалъэхэр игъэкIэщIа къудейуэ аращ – «Гайдар». Рэп уэрэджыIакIуэ Толмацкий Кирилл щIалэ лъахъшэщ – сантиметр 160 хъууэ аращ. ГурыIуэгъуэщ «децл» зыщIыфIищыжар. АлыджыбзэкIэ «цIыкIу» жиIэу къокI. УэрэджыIакIуэ Ани Лорак Куек Каролинэщ и цIэр. 1995 гъэм «Утренняя звезда» зэпеуэм хэтыну кIуауэ, зыпеуэнухэм яхэту къыщIэкIащ апхуэдэ унэцIэр зезыхьэ. Продюсер Фалес Юрий ар программэм хригъэтхащ «Каролина» цIэр и кIэмкIэ укъыщеджэу. Ар зэпагъэщхьэхукIри, цIэи унэцIи хуэхъуащ. Раневская Фаинэ и цIэ пэжщ Фельдман Фанни. Абы цIэ лей ищIащ Чехов Антон и «Вишнёвый сад» тхыгъэм хэта лIыхъужьым зэреджэр. Нэмыцэ тхакIуэ цIэрыIуэ Ремарк Эрих Пауль «Марие» бзылъхугъэцIэр къищтащ, и анэм и фэеплъыр игъащIэкIэ ихъумэн папщIэ. Футбол фIыуэ зылъагъу псоми ямыцIыхункIэ хъунущ Эдсон Арантес до Насименто. Ауэ хэти ецIыху Пеле. Актёр цIэрыIуэ Норрис Чак зэреджэ дыдэр мыпхуэдэущ: Ниррис Карлос Рэй. Илъэс 19 хъууэ, ар къулыкъу ищIэну Корее Ипщэм ягъэкIуауэ щытащ. Дзэ базэм абы къыщеджэ хъуащ кIэщIу – Чак. Ли Брюс и цIэ пэжыр жыпIэну гугъущ – Чжэньфань Ли. Спортыми кинемотографиеми тыншу къыщащтащ езым зыфIищыжа цIэ лейр. XIII – XVII лIэщIыгъуэхэм я сурэтыщI куэдыр цIэ лейкIэ цIэрыIуэщ. Рафаель - да Урбино Рафаэлло, Боттичелли – Филипепи Александро ди Мариано ди Ванни. ЦIэ лейм и щапхъэу щыIэм я мащIэ дыдэщ къэтхьар. ЦIыху щхьэхуэм къызэреджэр зэрихъуэкIын хуей щIэхъу щхьэусыгъуэхэр зэтехуэркъым, дэтхэнэми гъэщIэгъуэн гуэр хэлъщ. ГЪУЭТ Синэ.
Поделиться:
Читать также:
04.05.2024 - 14:38 →
Тэрчдэсхэр щогуфIыкI
04.05.2024 - 13:34 →
Гъуэгу махуэ тет мафIэгур
04.05.2024 - 11:18 →
Ди хъугъуэфIыгъуэхэм щIохъуэпс
04.05.2024 - 10:01 →
Гъунэгъу республикэм и махуэшхуэ
03.05.2024 - 16:00 →
ЩIыпIэ телъыджэу 40
|