Хьэрычэт щIэным хэлъ гугъуехьхэрКъэбэрдей-Балъкъэрым экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Белецкая Ольгэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ республикэм хьэрычэт щыщIэн Iуэхум теухуа зэIущIэ. Абы и лэжьыгъэм хэтащ Урысей Федерацэм и Налог къулыкъум и щIыналъэ къудамэу КъБР-м щыIэм, КъБР-м ФинансхэмкIэ и министерствэм, КъБР-м и ШэсыпIэ фондым» я лIыкIуэхэр, унафэщIхэр. ЗэIущIэм кърихьэлIахэр тепсэлъыхьащ щIыналъэм хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ щыпэрытхэр зыгъэпIейтейхэм, зыхэт лъэпощхьэпохэм, нэгъуэщIхэми. Псалъэм папщIэ, ахэр гугъуехь куэдым Iуоуэ я хэхъуэм хуэзэ налогыу абы хатыкI хабзэр убзыхунымкIэ - ар зэратам е абыкIэ щIыхуэ зэрателъым щыхьэт техъуэ дэфтэрхэр къыIахын и лъэныкъуэкIэ. Хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ хэтхэр а дэфтэрым щIэмычэу хуэныкъуэ мэхъу, къэрал дэIэпыкъуныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыIахын папщIэ лъэIу тхылъхэр щагъэхьэзырым деж е я лэжьыгъэкIэ абы къыщIэупщIэ IуэхущIапIэ зэхуэмыдэхэм ар иратын щхьэкIэ. Апхуэдэуи зэIущIэм къыщыхагъэщащ хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ хэтхэм розницэу сату щащIкIэ е патенткIэ щылажьэкIэ зэрыкIэлъыплъ-кассэ техникэр я лэжьыгъэм Iэмал имыIэу къыщагъэсэбэпын зэрыхуейр. ЗэIущIэм кърихьэлIахэр къаIэта Iуэхугъуэхэм ехьэлIауэ я Iуэху еплъыкIэхэмкIэ зэхъуэжащ икIи унафэ щхьэхуэхэр къащтащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, хьэрычэт щIэн Iуэхум хэтхэм, уней IуэхущIапIэхэм, я щхьэ хуэлэжьэжхэм къэрал дэIэпыкъуныгъэ зэхуэмыдэхэр ират «Хьэрычэт Iуэху мыинымрэ курытымрэ уней хьэрычэт щIэн жэрдэмхэмрэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|