Я фэеплъыр ягъэлъапIэУрысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэмрэ Ветеранхэм я советым щыщхэмрэ НКВД-м и 11-нэ дивизэм и 278-нэ фочауэ полкым и зауэлI мыцIыхуитIым, Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм къалэр яхъумэу хэкIуэдахэм, я фэеплъым деж удз гъэгъахэр щагъэтIылъащ. Къызэхуэсахэм ягу къагъэкIыжащ щIыналъэм и щыхьэрыр нэмыцэ-фашист зэрыпхъуакIуэхэм щызыхъумахэм зэрахьа лIыгъэр, абыхэм я фэеплъым пщIэ хуащIу дакъикъэкIэ щымри, Налшык дэт курыт еджапIэ №9-м и щIыналъэм щыгъэува фэеплъым деж удз гъэгъахэр тралъхьащ. - Сэлэт мыцIыхум и махуэр Хэкур яхъумэу зи гъащIэр зытахэм я фэеплъщ, фIыщIэ щахуэтщIщ. ЛIыхъужьхэм я фэеплъыр хъумэныр, абыхэм я лIыгъэмрэ къэмылэнджагъэмрэ иджырей ди щIэблэм щапхъэ яхуэтщIыну ди къалэнщ, - къыхигъэщащ ветеранхэм я советым и тхьэмадэ, полицэм и полковник Хужьокъуэ Руслан.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|