НОБЭ

Дыгъэгъазэм и 2, щэбэт

         ПщылIыгъэр гъэкIуэдыным хущIэкъуным и дунейпсо махуэщ

         Урысейм щагъэлъапIэ Банк лэжьакIуэм и махуэр

         1851 гъэм къалъхуащ къэбэрдей джэгуакIуэ, усакIуэ Агънокъуэ Лашэ.

         1913 гъэм къалъхуащ шэрджэс усакIуэ, тхакIуэ, Хэку зауэшхуэм хахуэу зэрыхэтам папщIэ Вагъуэ Плъыжь орденыр, Хэку зауэ орденым и етIуанэ нагъыщэр зыхуагъэфэща Гъуэщокъуэ Хъусин.

         1960 гъэм къалъхуащ тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Гуанэ Аскэрбий.

Дунейм и щытыкIэнур

         «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ.   Хуабэр  махуэм градус 13 - 17, жэщым  градуси 6 - 8 щыхъунущ.

Лъэпкъ Iущыгъэ:

Тхылъыр щIэныгъэм и IункIыбзэщ.

 

Зыгъэхьэзырар ЩхьэщэмыщI Изэщ.

 

 

Поделиться:

Читать также:

17.05.2024 - 07:16 Нобэ
16.05.2024 - 09:08 НОБЭ
15.05.2024 - 12:44 НОБЭ