Гъуазджэщ, щIэныгъэщ, спортщШахматхэр къытехъукIащ VI лIэщIыгъуэм щыIа «чатуранга» пасэрей индие джэгукIэм. СанскриткIэ абы «дзэ лIэужьыгъуэу плIы» жиIэу къокI, лъэсыдзэр, шууейр, пылхэр, шыгухэр хиубыдэу. Шахматым деж ахэр къыщыгъэлъэгъуащ мыпхуэдэу: лъэс, шы, пыл, ладья. Чатурангэм джэгу хъурт цIыхуиплI. VII лIэщIыгъуэм джэгукIэр Къэжэрым нэсащ, «шатранджкIэ» еджэу. Къэжэрыбзэращ «шахмат» фIэщыгъэри къызытехъукIыжар. Шахмат джэгухэм «шах» жаIэрт, пащтыхь кърагъэкIыу, «шах мат» жаIэрт, «пащтыхьыр IукIащ» жыхуаIэу. IX-X лIэщIыгъуэхэм джэгукIэр Европэм нэсащ. Шахматым и хабзэхэр нэсу щагъэбелджылар XIX лIэщIыгъуэрщ. Хужь-фIыцIэ зэпэплIимэхэр зиIэ шахмат доскар 1090 гъэм къэунэхуауэ щытащ. 1886 гъэм шахматымкIэ дунейпсо чемпионат япэ дыдэу екIуэкIащ. Шахмат джэгукIэм щызэхэухуэнащ щIэныгъи, гъуазджи, спорти.
Поделиться:
Читать также:
19.05.2024 - 10:01 →
БэнакIуэхэмрэ гъэсакIуэмрэ яIуощIэ
17.05.2024 - 18:49 →
Къармэ Мажмудин ящыгъупщэркъым
17.05.2024 - 14:33 →
Борсэ Алан ятокIуэ
17.05.2024 - 13:32 →
Дыщэу тIу
16.05.2024 - 14:22 →
Фагъуэ хъуа футбол
|