#Мэзыртхъумэнщ къэралпсо жэрдэмыр даIыгъыуХабзэ дахэ хъуауэ, жылагъуэ мыхьэнэ зиIэ жэрдэмхэр ядиIыгъыу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэр зэрыгушхуэ телечэщанэр щхъуэкIэплъыкIэу къызэщIоблэ. КъБР-м и Къэралыгъуэр илъэси 100 щрикъум ирихьэлIэу зэрагъэпэщыжа телечэщанэ цIэрыIуэр цIыхубэмрэ къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ гулъытэ хэха зратын хуей махуэшхуэхэм ирихьэлIэу къызэщIонэ. Куэд щIакъым Сабий мылъхуэсхэм я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу къыхалъхьа жэрдэмыр ди щIыналъэм зэрыдиIыгъым и щыхьэту телечэщанэр плъыфэбэу зэхэлъ нур джэгукIэ зэрыблэрэ. Мызыгъуэгуми ар зэщIэпщIыпщIэу къызэщIэнащ #Мэзыртхъумэнщ зыфIаща гукъэкIым зыдищIу, абы мыхьэнэшхуэ зэриIэр къигъэлъагъуэу.
УФ-м и Президент Путин Владимир и жэрдэмкIэ къыхалъхьа «ЩIыуэпсымрэ дыкъэзыухъуреихь дунеймрэ» къэрал пэхуэщIэм ипкъ иткIэ екIуэкI жылагъуэ Iуэхугъуэ дахэр етхуанэу къызэрагъэпэщ. Ар хуэунэтIащ къэралым хыхьэ щIыналъэ 89-м мелуан 70 нэхърэ мынэхъ мащIэ жыг гъэтIысыным, щыIэ щхъуантIагъэр хъумэным, къыдэкIуэтей щIэблэм абыкIэ щIэныгъэ Iэмалыншэу етын зэрыхуейм. КъызэралъытамкIэ, иужьрей илъэсиплIым къриубыдэу жэрдэмым гъащIэм хэпщэным цIыху мелуани 6-м щIигъу хэтащ, дызэрыт илъэсым а бжыгъэр фIыуэ нэхъыбэу щытынущ.
Поделиться:
Читать также:
02.05.2024 - 12:43 →
Джэш хъурейм яужь йохьэ
30.04.2024 - 12:00 →
Италием бзылъхугъэу исым дахагъэкIэ ефIэкI адыгэ анэт
30.04.2024 - 10:00 →
Интернет хабзэншагъэм зэгъусэу пэщIоувэ
30.04.2024 - 09:00 →
КхъухьлъатэхэмкIи зызэпащIэ
28.04.2024 - 13:01 →
Архитекторхэм я зэфIэкIхэр
|