Япэ игъэщыпхъэхэр зэфIагъэкI

Къэбэрдей-Балъкъэрым Транспортымрэ гъуэгу хозяйствэмкIэ и министерствэм щIыналъэ гъуэгу фондым къыхэкIыу яхуиутIыпща субсидиемкIэ Прохладнэ къалэм зыхуей щыхуагъэзащ Хуитыныгъэм и уэрамыр.

Километри 4-м щIигъу зи кIыхьагъ гъуэгум тетщ курыт еджапIэр, сабий садыр, дин IуэхущIапIэр. Гъуэгум зэрыщыту асфальтыр трагъэкъэбзыкIри, мардэщIэхэм тету ягъэбыдащ асфальтыр зытралъхьа лъабжьэр. Иджырей Iэмалхэм я фIыгъэкIэ гъуэгур илъэс куэдкIэ къызыхуэтыншэу яхуэлэжьэнущ, сэкъат имыгъуэту, кумблъэмб имыIэу, щхьэфэр захуэу.

Транспорт гъуэгум и гъусэу зэIузэпэщ ящIащ абы бгъурыт лъэс зекIуапIэр, къэухьхэр. Абыхэм шынагъуэншэу цIыхухэр щызекIуэн хуэдэу гъущI хъархэр ягъэуващ, уэрамыр къагъэнэхуащ, зэпрыкIыпIэхэр къыхагъэбелджылыкIащ, светофорхэр, гъуэгу дамыгъэхэр ягъэуващ.  Лэжьыгъэхэр къыхуагъэува пIалъэм фIимышу зэфIагъэкIащ.

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» пэхуэщIэм хиубыдэу Май - Заречнэ - Ново-Ивановскэ гъуэгум телъ, метр 90 зи кIыхьагъ лъэмыжыр зыхуей хуагъэзэнущ. Иджыпсту псы Iуфэм Iут IущIапIэ ещIахэр щIэзыуфа удз ежьужьхэр трагъэкъэбзыкI, нэпкъыр ягъэбыдэн папщIэ псыр пIалъэкIэ адрыщI лъэныкъуэмкIэ щхьэдагъэуэх. Яубла лэжьыгъэм ипкъ иту лъэмыжым и гъущI конструкцэхэр яхъуэжынущ, асфальтыр щIэуэ тралъхьэнущ, щIыпIэм и Iэгъуэблагъэхэр зэIузэпэщ ящIынущ. Дызытехьэ илъэсым лэжьыгъэ псори зэфIагъэкIыну я мурадщ.

Мы гъэм, лъэмыжым елэжьын ипэкIэ, ар зыхиубыдэ, километри 2 зи кIыхьагъ Май - Заречнэ – Ново-Ивановскэ гъуэгур зыхуей хуагъэзащ. 2024 гъэм Ново-Ивановскэ жылэм къыщыщIэдзауэ Май къалэм хуэкIуэ километри 10-м щIигъу зи кIыхьагъ гъуэгури зэIузэпэщ ящIынущ.

Шэрэдж Дисэ.                   

Поделиться: