НОБЭЩэкIуэгъуэм и 22, бэрэжьей ♦Къуэхэм я дунейпсо махуэщ ♦Урысейм щагъэлъапIэ Психологхэм я махуэр ♦1933 гъэм къалъхуащ мэкъумэш щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор, РАЕН-м и академик, КъБР-м мэкъумэш хозяйствэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Уэлджыр Мушэхьид. ♦1940 гъэм къалъхуащ физико-математикэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, КъБКъУ-м и профессор, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат Шыбзыхъуэ Азэмэт. ♦1943 гъэм къалъхуащ КъБР-ми АР-ми щIыхь зиIэ и артист Иуан Владимир. ♦1948 гъэм къалъхуащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Ало Арсен. ♦1949 гъэм къалъхуащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Беслъэней Владимир. ♦1969 гъэм къалъхуащ адыгэ лъэпкъ фащэр дынымкIэ дизайнер, модельер, урысейпсо, дунейпсо зэпеуэ куэдым щытекIуа Сэралъп Мадинэ.
Дунейм и щытыкIэнур «pogoda.yandex.ru» сайтым зэритымкIэ, Налшык уэфIу щыщытынущ. Хуабэр махуэм градуси 7 - 10, жэщым градуси 4 щыхъунущ. Лъэпкъ Iущыгъэ: Ахъшэр зым кърепхъых, адрейм къещып.
Поделиться:
Читать также:
20.05.2024 - 13:10 →
НОБЭ
17.05.2024 - 07:16 →
Нобэ
16.05.2024 - 09:08 →
НОБЭ
15.05.2024 - 16:22 →
Хьэрш къэхутэныгъэщIэхэр
15.05.2024 - 15:10 →
Дэтхэнэри дыхуэныкъуэщ
|