Щхьэгъум Мурат и фэеплъуБахъсэн щIыналъэм и стадион нэхъыщхьэм щекIуэкIащ ныбжьыщIэхэм мини-футболымкIэ я республикэ зэхьэзэхуэ. Ар и фэеплъу щытащ полицэм и подполковник Щхьэгъум Мурат. Зэхьэзэхуэм кърихьэлIащ 2009 - 2010 гъэхэм къалъхуахэр зыхэта командэу 12 - псори зэхэту сабии 170-рэ. Зэхьэзэхуэхэм къарикIуахэр зэхалъхьэжа нэужь япэ увыпIэр хуагъэфэщащ Налшык и командэм, етIуанэ увыпIэр иратащ Бахъсэн къалэм щыщ цIыкIухэм, ещанэ хъуащ Къубэ-Тэбэ къуажэм къикIа ныбжьыщIэхэр. Зэхьэзэхуэм и топджэгу нэхъыфIу къэлъытащ Къанщауэ Ролан. Бахъсэн щIыналъэм и администрацэм и унафэщIым и къуэдзэ Тохъутэмыщ Мухьэмэд зэхьэзэхуэм кърихьэлIахэм псалъэ гуапэхэр яжриIащ, ныбжьыщIэхэм ехъуэхъуащ я Iэзагъэм хагъэхъуэну, спортым ехъулIэныгъэщIэхэр щызыIэрагъэхьэну, ефIэкIуэну. Зэхьэзэхуэм пашэныгъэр щызыубыдахэм кубокхэр, медалхэр, щIыхь тхылъхэр иратащ. Щхьэгъум Мурат и благъэхэмрэ Iыхьлыхэмрэ фIыщIэ хуащIащ зэпеуэр къызэзыгъэпэщахэм, езыгъэкIуэкIахэм, я щIалэр зэращымыгъупщэм, абы и цIэр зэрагъэлъапIэм папщIэ икIи мамыру, зэгурыIуэу цIыхухэр псэуну зэрагуапэр къыхагъэщащ. БЭВЫКЪУЭ Алыдж.
Поделиться:
Читать также:
16.05.2024 - 14:22 →
Фагъуэ хъуа футбол
15.05.2024 - 17:22 →
Европэ зэхьэзэхуэм зыхуагъэхьэзыр
15.05.2024 - 16:00 →
Ди шууейхэр къыхожаныкI
15.05.2024 - 15:11 →
Европэм и дыжьын медалыр
14.05.2024 - 11:44 →
КъаIэтащ цIыхухэм я гукъыдэжыр
|