Дахагъэрэ беягърэ

Iуащхьэмахуэ бгы-лыжэ курортым и Азау зыгъэпсэхупIэм щэкIуэгъуэм и 3 - 5-хэм щекIуэкIащ «Вкусы Эльбруса» щэнхабзэ фестивалыр. Ар къызэригъэпэщащ Кавказ.РФ. IуэхущIапIэм.

Япэу ирагъэкIуэкIа мы фестивалыр щIымахуэ зыгъэпсэхугъуэм и пэ къихуэу гъэ къэс къызэрагъэпэщыну я мурадщ. Мы зэм абы хэтащ ди зыгъэпсэхупIэхэм щыIэ хьэщIэхэр. Хьэуар къабзэрэ щIыуэпсым и дахагъэр щIэншэу, Кавказым щыпсэу лъэпкъхэм я шхыныгъуэхэр зэблахыу - хэт абы димыхьэхынур?! ЛыхэкI, пхъэщхьэмыщхьэ, хадэхэкI жыпIэми, шхыныгъуэхэр къызыхэщIыкIа ерыскъыпхъэхэр зыхуэдэр къапщытащ. Псори зэхэту къапщтэмэ, «Вкусы Эльбруса» фестивалым шхыныгъуипщI щагъэлъэгъуащ. Фестивалым хэтахэм саугъэтхэр тыгъэ хуащIащ. ХьэщIэхэр кIэлъыплъащ пщафIэхэм шхыныгъуэхэр зэрагъэхьэзырымрэ ахэр зэрапщэфIынумрэ. КъищынэмыщIауэ, абдеж Iэмал щаIащ цIыху IэпщIэлъапщIэхэм я лэжьыгъэхэми еплъыну.

Фестивалыр ягъэдэхащ уэрэджыIакIуэ-къэфакIуэхэм. Абы насыпырыхь джэгуи щыIащ. Зи кIэн къикIахэм зыгъэпсэхупIэм къытрагъэзэжыну Iэмал яриту. Къыхэгъэщыпхъэщ: дзэ Iуэху хэхам хэт щIалэхэм я унагъуэхэм гулъытэ щхьэхуэу зэрыхуащIар.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: