Прокурорым и нэIэ тетынущРеспубликэм и прокурор Хабаров Николайрэ Сабийм и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ Лъынэ Светланэрэ щэкIуэгъуэм и 7-м цIыхухэм щаIущIащ Зеикъуэ къуажэм дэт, сабий зеиншэхэмрэ адэ-анэм я нэIэм щIэмыту къэна цIыкIухэмрэ я школ-интернат №5-м и хэщIапIэм. ЦIыхухэм зыкъыхуагъэзащ сабий ныкъуэдыкъуэр гъащIэм хэзэгъэным, сымаджэ цIыкIухэр хущхъуэ лъапсейхэмкIэ къызэгъэпэщыным, балигъ мыхъуам зыпащIэным теухуауэ судым игъэува хабзэр зэрамыгъэзащIэм, нэгъуэщIхэми ехьэлIауэ. КъБР-м и прокуратурэм Iуэхур зэхигъэкIа нэужь, ныкъуэдыкъуэхэр зыхуэныкъуэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэрагъэпэщащ. Прокуратурэм цIыхухэм зэрызыхуагъэзам тету къипщытащ ныкъуэдыкъуэхэм я хуитыныгъэр хъумэнымкIэ хабзэр зэрагъэзащIэр.
Поделиться:
Читать также:
16.05.2024 - 11:14 →
Ди щIыналъэри йозэгъ
15.05.2024 - 15:58 →
Хэку зауэшхуэм и фэеплъхэр
15.05.2024 - 15:00 →
Лэжьыгъэхэр зэпыуркъым
15.05.2024 - 13:39 →
БыдапIэ лъэщ
15.05.2024 - 13:00 →
Ветераным ехъуэхъуащ
|