Гъэр бэвагъкIэ къахуэупсащБахъсэн щIыналъэм щыхаса гъавэ гектар мин 23,5-м щыщу гектар мин 19-м нэблагъэр кIэрыхуншэу Iуахыжаж. Абы къытрахащ тонн мини 123-рэ. Мэкъумэш хозяйствэмрэ ерыскъыпхъэхэмкIэ щIыналъэ Управленэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, псом хуэмыдэу бжьыхьэсэ гуэдзыр яхуэбэгъуащ - хаса гектар 3700-м нэблагъэм зы гектарым хуэзэу центнер 55-м нэс, бжьыхьэсэ хьэпцIий гектар 1085-м центнер 50, гъатхасэм центнер 45-рэ къытрахащ. Нартыхури кIэрыхуншэу кърахьэлIэж. Зы гектарым хуэзэу къытрахар центнер 75-80-м ноблагъэ. Иужьрей илъэсхэм Бахъсэн щIыналъэм гулъытэ щигъуэту хуежьащ нартыху IэфIымрэ джэш щхъуантIэмрэ. Япэм щыщу тонн мин 15, етIуанэм щыщу тонн мини 4-м щIигъу Iуахыжащ. Мыбдежым къыхэгъэщыпхъэщ - ерыскъыхэкIхэм елэжь IуэхущIапIэхэм я деж абыхэм щIэупщIэшхуэ щаIэщ шхыныгъуэ куэдым зэрыхалъхьэм къыхэкIыу.
Поделиться:
Читать также:
18.05.2024 - 10:48 →
Унагъуэращ Хэкур къыщежьэр
17.05.2024 - 17:37 →
ЗыплъыхьакIуэм и еплъыкIэ
17.05.2024 - 15:35 →
Мазищым кърикIуахэр
17.05.2024 - 12:26 →
КъэкIыгъэхэм я нэIэ тетщ
16.05.2024 - 19:35 →
ГукъэкIыжхэр гъащIэм щыщу
|