Адыгэ къэкIыгъэцIэхэр

Бад – Ладанник крымский. Гъурц лIэужьыгъуэщ, и лъагагъыр см 40-60-м нос. Бадым и тхьэмпэхэр хъурей-кIыхьхэщ. Гъатхэм гъэгъа пшэплъыфэхэр см 2 я инагъыу къыпедзэ. Гъурцым ипкъхэр занщIэу докIей, лъабжьэшхуэ ещI. Нэхъыбэу къыщокI мэз лъапэхэм, джабэхэм, гуэрэну зэхэту ухуозэ. КъэкIыгъэр, и дахагъэм папщIэ, паркхэми щагъэкI. 
БадзэгъалIэ – Валериана лекарственная. БажэкIэ – Мышей сизый, щетинник сизий. Зы гъэкIэ къэкI удз лIэужьыгъуэщ. Ипкъ занщIэу дэкIейм и лъагагъыр см 40-60 мэхъу. И бзийхэр бгъузэ-кIыхьщ. БажэкIэм, лъыхъцым ещхьу, лъабжьэ псыгъуэ кIыхь куэд ещI. Пкъыхэм я щхьэкIэхэм, щхьэмыжым ещхьу зэхэт, цы гъуэплъыфэ зыпыт гъэгъахэр къапедзэ гъэмахуэм. ГъэмахуэкIэм, бжьыхьэпэм, хум ещхьу, бажэкIэ жылэхэр мэхъу. Хадэхэм, хьэсэхэм, губгъуэхэм, жыг хадэхэм, зэран къахьу, куэду къыщокI. 
Псом хуэмыдэу бажэкIэм зыщеубгъу пщIэгъуэ зэманым удзыжьхэм зэщIащтэ нартыху, сэхуран, жэгундэ хьэсэхэм. БажэкIэр Iэщым фIыуэ яшх, мэкъууи пыбупщI мэхъу. 
БажэкIэцIынэ – Куриное просо. Зы гъэкIэ къэкI удз лIэужьыгъуэщ, и лъагагъыр см 60-100 хъууэ. И бзийхэр кIыхьщ, бгъузэщ. Удзым ипкъхэр занщIэу докIей, лъабжьэ ищIхэр псыгъуэ-кIыхьхэщ, куэдщ, лъахъцым ещхьщ. Гъэмахуэкум щыщIедзэри пкъыхэм я щхьэкIэм гъашэ къыпедзэ. Жылэхэр гъэмахуэкIэм, бжьыхьэм мэхъу, гъуабжафэщ, хум ещхьщ. БажэкIэцIынэр щхъуантIэу щытщ, жэп къехын щIидзэху. Губгъуэхэм, нартыху щIагъхэм, сэхуран, кIэртIоф, жэгундэ хьэсэхэм, хадэхэкI щащIэхэм, жыг хадэхэм, зэран къахьу, куэду къыщокI. Iэщым фIы дыдэу яшх, силосу иралъхьэ. Адыгэхэм бажэкIэцIынэр куэд щIауэ мэкъуу паупщI. 
Балией, балийжыг – Вишня обыкновенная, вишня садовая. ЦIыхухэм куэд щIауэ къагъэкI жыг лIэужьыгъуэщ. И лъагагъыр м 4-6 мэхъу, пхъафэм плъыжьыфэ мащIэ къыщIолъадэ, жьы щыхъукIэ – щхъуэ-фIыцIафэщ. Балиейм и лъабжьэм гъэ къэс жыгыщIэ цIыкIу куэд къыкIэщIож. Тхьэмпэхэм цы ятеткъым, см 5-7 я кIыхьагъщ, см 3-4 я бгъуагъщ. Гъатхэм, тхьэмпэхэр къыпидзэн щIидза нэужь, хужь дахэу мэгъагъэ. Гъэгъахэр кIы кIыхь яIэу, 2-4-уэ зэгъусэу къыпедзэ, бжьэхэм абыхэм фо къыпах. Балией тхьэмпэр адыгэхэм фIэIугъэхэми шейми халъхьэ. Балиейм тумэ къэхъукIэ иIэщ, мэз шэдыгъуеймрэ губгъуэ шэдыгъуеймрэ я кум къыдэкIащ. ЩIэныгъэлIхэм хуагъэфащэ ар ижь-ижьыж (лъэхъэнэщIэм и пэ къихуэ лIэщIыгъуэхэм) ди хэкуэгъухэм Днепр и Iэгъуэблагъэхэм, Македонием и щIыналъэ щхьэхуэхэм Iэрысэ щащIауэ. 
Тхыдэтх Плиний щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, Урым консул Лукулл Митридат текIуэн и пэкIэ а щIыпIэм (иджы «Италие» жыхуэтIэм) балией щыIакъым, ар Понтым къришу Урымым къэзышар Лукуллщ. Нэхъ иужьыIуэкIэщ балий жыгыр нэгъуэщI къэралхэм щыщызэлъащIысар.
Балий – Плод вишни садовой. Балий жыгым къыпыкIэ пхъэщхьэмыщхьэрщ, хъуа нэужь плъыжь-фIыцIафэщ. Балийм шхыныгъуэ хьэлэмэтхэр къыхащIыкI. 
БалийIэрысей – Черешня (культурная), вишня птичья (культурная). ЦIыхухэм куэд щIауэ къагъэкI пхъэщхьэмыщхьэ жыгщ, и лъагагъыр м 10-15-м нос. И пхъафэр щхъуэ-гъуабжафэщ. Гъатхэм пасэу, тхьэмпэхэр къыпимыдзэ щIыкIэ, жыгыр хужь дахэу мэгъагъэ. Цы зытемыт тхьэмпэхэм см 10-12 я кIыхьагъщ, см 5-6 я бгъуагъщ. Гъэгъахэм см 3 я инагъщ, пхъэщхьэмыщхьэ къыпыкIэр мэкъуауэгъуэм мэхъу. 
БалийIэрысэ – Плод черешни (культурной). Жыгым къыпыкIэ пхъэщхьэмыщхьэрщ. ЦIыхухэм жыг лIэужьыгъуэ куэд къагъэкI. Абыхэм языныкъуэм къапыкIэ пхъэщхьэмыщхьэр гъуэжьыфэщ, адрейхэр плъыжьыфэщ, плъыжьыфэ-фIыцIафэщ. БалийIэрысэм шхыныгъуэ куэд къыхащIыкI. 
Балыджэ – Редиска, редис. ЦIыхум куэд щIауэ къагъэкI хадэхэкIщ. И тхьэмпэхэм цы ятеткъым, хуэкIыхь щIыкIэщ, лэдэх мащIэ яIэщ. Балыджащхьэр хъуа нэужь, гъэмахуэм см 20-30 зи лъагагъ пкъыхэр къыдедз, я щхьэкIэм гъэгъа хужьхэр е мащIэу шакъафэхэр къапедзэ. И жылэ хъурей фIыцIафэхэр е гъуэжьыфэхэр гъэмахуэкIэм, бжьыхьэм ирихьэлIэу мэхъу. Балыджэм цIыхур зыхуэныкъуэ витамин зэмылIэужьыгъуэ куэд хэлъщ. 
Балыджэплъыжь – Редиска, редис. Адыгэхэм, нэгъуэщI лъэпкъхэм къагъэкI балыджэ лIэужьыгъуэщ. КъэкIыгъэм и лъабжьэр (балыджащхьэр) зэрыплъыжьращ и фIэщыгъэр къызытекIар. 
Балыджэхужь – Редиска, редис. Зи лъабжьэр (балыджащхьэр) хужь балыджэ лIэужьыгъуэщ. Унагъуэ хадэхэм къыщагъэкI. 
Балыджэхъу – Редиска, редис. Зи гугъу тщIа балыджэм щыщ къэкIыгъэщ. Балыджащхьэ нэхъ ин зыщI зырызхэр хадэ цIыкIухэм щыгъагъэу жылэ ищIыхукIэ къыханэ, жылапхъэ зэхуахьэсын папщIэ. Апхуэдэ къэкIыгъэхэм балыджэхъукIэ йоджэ. 
БалыджэфIыцIэ – Редька. ГъитIкIэ къэкI хадэхэкIщ. Къудамэ зыщI и пкъыр см 50-70-кIэ докIей. ИщIагъкIэ къыпидзэ тхьэмпэхэр инщ, хуэкIыхь щIыкIэщ, лэдэх мащIэ иIэщ. КъэкIыгъэм япэрей гъэм лъабжьэ гъум (балыджащхьэ) ещI, етIуанэм – и пкъыр къыдож, къудамэ щхьэкIэхэм гъэгъа хужьыфэхэр е плъыфэ къызыщIэлъадэхэр гъэмахуэпэм къыпедзэ. Лъабжьэ ищIа нэужь, зы гъэм и кIуэцIкIэ и пкъыр къыдидзу, гъэмахуэкум е гъэмахуэкIэм ирихьэлIэу къыщыгъагъи къохъу. И жылэхэр балыджэм ейм ещхьщ, ауэ нэхъ инщ. ЦIыхухэм куэд щIауэ къагъэкI, витамин хэлъщ, хущхъуэ зэмылIэужьыгъуэхэр къыхащIыкI. 
Банэдэгу – Дурнишник зобовидный. Ди щIыпIэхэм дэнэ дежи узыщрихьэлIэ, зы гъэкIэ фIэкI къэмыкI удзыжьщ. И пкъыр см 50-70-кIэ докIей, къудамэ ещI. И тхьэмпэхэр хуэхъурей щIыкIэщ, кIы кIыхь яIэщ, лъабжьэ гъум быдэ ещI. ЗыкъыпкIэрызыщIэ банэ зытет, 1 см хуэдиз зи инагъ жылэ хъурейкIыхьхэр гъэмахуэкIэм – бжьыхьэпэм мэхъу. Банэдэгур щIы бгыныжахэм куэду къыщокI. Апхуэдэ щIыпIэхэм мэл щыбгъэхъу хъуркъым, сыту жыпIэмэ банэ зытет жылэхэр къыкIэрынэурэ, цым и фIагъыр мэкIуэд. Медицинэм хущхъуэу къыщигъэсэбэп къохъу. 

 

Хьэкъун Барэсбий.
Поделиться: