Абы иIэщ зыми ямыIэ

ЩIы хъурейм псэ зыIуту тетым езым и плIанэпэ хэха яIэжу къегъэщI, щыIэм я нэхъ цIыкIу дыдэр къащти, ар хэкIуэдыкIмэ, дунейр зытет мардэ ухуахэр мэкъутэри, зэхъуэкIыныгъэхэр кърокIуэ. 
Псоми яхуэмыхь аргъуейхэм сыт я сэбэпынагъ жаIэнущ, цIыхур  псэлъамэ. Ауэ абы и дунейри и гъащIэри къэзытIэщIа щIэныгъэлIхэм я Iуэху еплъыкIэр нэгъуэщIщ. Дегупсысагъэххи ахэр щIэвум, абыхэм я дзэкъапIэхэр щIэшхэм, хьэмэрэ гъэмахуэ псом псы Iуфэхэм, шэдылъэхэм уэру щызэхэсахэр щIымахуэм здэкIуэм?
Апхуэдиз зи цIыкIунитIагъхэм я Iэпкълъэпкъыр телъыджэу зэгъэкIуащ. Абыхэм яIэщ зыми ямыIэ - жэщым я нэхъ кIыфIми я нитIым псори хуиту ялъагъу, сыту жыпIэмэ, ахэр «инфракраснэщ», щэхурылажьэ тIасхъэщIэххэм я нэрыплъэхэм ещхьу. 
Аргъуейхэм я дамэр зы мэскъалым къриубыдэу 500-рэ щIаупскIэфынущ, аращ бжэр е щхьэгъубжэр щыIутхкIэ, напIэзыпIэм, зэрыхъуар дымыщIэу, унэм зыкъыщIыщIадзэфыр - зэрызагъазэ  псыншIагъым елъытащ я шхыныгъуэри. Псом нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэну зэхэлъщ абыхэм я пащIэр, гъуэгугъэлъагъуэ къалэнри зыгъэзащIэр. АбыхэмкIэ тыншу зэхах хьэуам хэт макъхэм ямызакъуэу, псы щIагъым къыщыIухэри. КъищынэмыщIауэ, а къэзылъэтыхь псэущхьэ цIыкIухэм я пащIэхэр пэи яхуохъу.
Аргъуейхэм я жьэ папцIэ кIыхьыр тIурытIурэ щыуэ гуэшауэ зэхэтщ,  я дэтхэнэри щIэуфауэ, зыри зэран къыхуэмыхъун хуэдэу.  ИбгъуитIымкIэ Iутхэм цы пхъашэ цIыкIу ятетщ, курытитIыр кугъуанэщ - языхэзымкIэ лъыр къыщIафыкI, адреймкIэ щхъухь хакIэ. Апхуэдэу абыхэм япытщ дэнэ дежи тыншу кIэрызыIыгъэ лъэбжьанэ нэрымылъагъухэр. Абыхэм я сэбэпкIэ я тхыцIэр къыдэгъэзеяуэ унащхьэхэм щыкIэрысым дежи, псоми хуиту якIэлъоплъ.
Иджыпсту дуней псом ущрохьэлIэ аргъуей лIэужьыгъуэ 3500-м. Ахэр зэхуэдэкъым я теплъэкIи, я инагъкIи, я плъыфэкIи. Ди щIыналъэм щыIэр аргъуей вуужь цIыкIухэрщ. Ахэр инкъым, къаIэрыхьэм йодзакъэ, псыIагъ здэщыIэ щIыпIэхэм щыкуэдщ, унэхэми макIуэ. Лъыифыр нэхъыбэрэ зэщакIуэр сабийхэрщ, абыхэм я щIыфэ цIыкIухэр зэрынэхъщабэм, къызэрамыукIыфым къыхэкIыу.
Псом нэхърэ нэхъ шынагъуэу къалъытэ «анофелес» аргъуей лIэужьыгъуэр. Абыхэм зэрахьэ техьэгъуэ (малярие) уз зэрыцIалэр. Ахэр адрейхэм я теплъэкIэ къазэрыщхьэщыкIыр я япэ лъакъуитIыр нэхъ зэрыкIыхьырщ. Абы щIыналъэ гъущэхэр ифIэфIкъым. Апхуэдэу шынагъуэщ Азием цIыху здэщымыIэ и тропик щIыпIэхэр зи псэупIэ «къаплъэн» аргъуейри. Абыхэм зэрахьэ, техьэгъуэм имызакъуэу, Зикэ и вирускIэ зэджэ, тиф узыфэхэри. Ахэр езыхэр зэрыпсэур тхьэмахуитIым къыщыщIэдзауэ зы мазэм нэсщ.
Ди щIыналъэм щыпсэухэри лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэхедз. Аргъуей «лъакъуэ кIыхьхэм» щIыпIэ щIыIэпсхэр нэхъ къащтэ икIи абыхэм уащрохьэлIэ псы Iуфэхэм, псыпцIэхэм, шэдылъэхэм. Ахэр нэхъ зэрыпIащэми емылъытауэ цIыхухэмкIэ шынагъуэншэщ, нэхъыбэу зэрыпсэур гъэгъахэмрэ щхъуантIагъэхэмрэ къыщIафыкIырщ. АрщхьэкIэ абыхэм я шырхэр апхуэдизкIэ шхэрейщи, жыгхэм, къэкIыгъэхэм я къудамэ цIынэхэм щыщ къыханэркъым. 
«ЩIымахуэ аргъуейхэр» дунейр щыщIыIэм нэхъ жанщ. Ахэр тыншу уэс щIыIум щызокIуэ. Абыхэм шынагъэ зыхащIэмэ, дунейр уае къэхъумэ уэс щIагъым зыщагъэпщкIу. ЩIымахуэ аргъуейхэм дамэ ятеткъым, абы къыхэкIыу ахэр бэдж цIыкIухэм щыхагъэгъуащэ къохъу. Абыхэм я жьэр шхэным хуэщIакъым, щIэжьей къызэранэкIынырщ я гъащIэ кIэщI тIэкIур зытеухуар.
«Уэзджынауэ» аргъуейхэр псыпцIэ Iуфэхэм къыщыкI къуацэ Iувхэм щопсэу. Абыхэм я дамэхэр зы дакъикъэм хуэдэу I000-рэ ягъэкIэрахъуэ, аращ я цIэр къызытехъукIыжари. Ахэр я теплъэкIэ адрейхэм ещхьщ, ауэ гъуэжь-удзыфэуи, морафэуи уарохьэлIэ, я пащIэр нэхъ кIыхьщ, зэрыпсэури махуитху къудейщ. А зэманым къриубыдэу ахэр зэи шхэркъым.
КъэкIыгъэ щхъуантIэхэр зи шхыныгъуэ «губгъуэ» аргъуейхэри цIыхумкIэ шынагъуэкъым. Ахэр адрейхэм къахэфцIыхукIынущ я лъакъуэ кIыхьхэмкIэ. «ЩIымахуэ» аргъуейхэм къищынэмыщIа, дунейр щIыIэ къыщыхъум адрейхэр мэжей гъатхэм техьэху. 

 

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться: