Нэхугъэм гъащIэр хуэзуунэтI

Зи лэжьыгъэм гурэ псэкIэ бгъэдэт, зи IэщIагъэм хуэпэж егъэджакIуэ нэс Жамбэч (КхъуэIуфэ) Рабия си тхыгъэ цIыкIумкIэ фэзгъэцIыхуну сыхуейт. Абы ди Алътуд курыт еджапIэм 2005 гъэ лъандэрэ адыгэбзэмрэ адыгэ литературэмрэ щрегъэдж. ЩIэныгъэ нэхъыщхьэ КъБКъУ-м и филологие факультетым и адыгэбзэ къудамэм щызэригъэгъуэтащ. 
Рабия и лэжьыгъэм зэрыпэрыувэ махуэрэ а IэщIагъэм къызэрыхуигъэщIар псоми я фIэщ ищIыфу мэлажьэ. А егъэджакIуэ телъыджэм теухуауэ псалъэфI куэд схужыIэнущ. Ар и дерс тыкIэкIи, и лэжьыгъэм хуиIэ лъагъуныгъэкIи, еджакIуэхэм къахуигъуэт бзэ зэхуэмыдэхэмкIи, езым щIэныгъэшхуэ зэрыбгъэдэлъымкIи куэдым къащхьэщокI. И бзэ дахащэр-щэ?! Абы апхуэдизкIэ адыгэбзэр егъэшэрыуэ, акъылышхуэ хилъхьэу мэпсалъэри, уеблэмэ урегъэхъуапсэ и лэжьыгъэм хуиIэ бгъэдыхьэкIэм. Рабия икIи психологщ, икIи философщ. Куэдым, куэд дыдэм ущыхурегъасэ абы и дерсхэм. 
 Нобэрей зэманым — компьютерымрэ интернетымрэ я хъым псори щихуам — еджакIуэхэр художественнэ тхыгъэ щIаджыкIыу ебгъэсэжыныр, библиотекэхэм епшэлIэжыныр Iуэху тыншкъым. Рабия къохъулIэ а Iуэхугъуэр. И гъэсэнхэм художественнэ тхылъ ямыIыгъыу куэдрэ плъагъуркъым. Абы иригъаджэ дэтхэнэми еупщIи, ар фIыуэ зымылъагъу, пщIэ хуэзымыщI зыри яхэткъым. Езыми пщIэшхуэ яхуищIу ябгъэдэтщ и гъэсэнхэм. ФIымрэ Iеймрэ гъащIэм щахузэхэгъэкIыу ирегъасэ, еджэнымкIэ къыкIэрыхухэм нэхъыфIу еджэхэр ядэIэпыкъуным хуеущий, дэтхэнэ и зы урокри щIэщыгъуэу, еджакIуэхэм къахуэмыгъэсу апхуэдэщ. Си щхьэкIэ сыкъапщтэмэ, си анэр щабэу, гуапэу, гъэсэныгъэ къысхилъхьэу къызэрызэпсалъэм хуэдэущ Рабия и бзэ дахэр сигу къызэринар. Апхуэдэщ Рабия — езым и щIэныгъэр псоми яхуегуэш, псоми абыкIэ яхуоупсэ. Ар къызыгурыIуэу къэзыпхъуатэм и насыпщ. 
  Рабия куэдрэ къызэрегъэпэщ литературэ пшыхьхэр, классщIыб лэжьыгъэхэр. 
  Ди къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм абы мызэ-мытIэу апхуэдэ зэхуэсхэр щызэхиублащ. А зэхыхьэхэм кърегъэблагъэ тхакIуэхэр, усакIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, къуажэдэс нэхъыжьхэр. 
  Апхуэдэу Рабия и гъэсэнхэр Налшык къалэ дэт ЩоджэнцIыкIу Алий и унэ-музейм ешэ, радиом ирагъэблагъэурэ къыщагъэпсалъэ, еджакIуэхэм я усэ цIыкIухэр «Нур» журналым къытрырегъадзэ. 
 ЕгъэджакIуэу зэрыщытым къыдэкIуэу Рабия икIи тхакIуэщ, усакIуэщ. Езым зэрыжиIэмкIэ, абы и япэ усэр еянэ классым щIэсу итхащ. Ауэ и IэдакъэщIэкIхэр дунейм къытехьэу щыщIидзар еджапIэ нэхъыщхьэм щIэтIысхьа нэужьщ. «Хуабжьу си нэ къыхуикIыу сызыщIэтIысхьа адыгэбзэ къудамэм сыщезыгъэджа егъэджакIуэ гъуэзэджэхэм я фIыгъэщ нобэкIэ зыIэ-рызгъэхьа ехъулIэныгъэ мащIэхэр. Си бзэм хузиIэ лъагъуныгъэм нэхъри хагъэхъуащ Урыс Хьэтэлий, Тау Хьэзешэ, ХьэкIуащэ Андрей, Абазэ Албэч сымэ. Егъэджэныгъэ лэжьыгъэм зыгуэркIэ сыхэзэгъэххэмэ, абыхэм я дежщ фIыщIэр щыслъагъур. Тхэным, художественнэ тхыгъэ къэгъэщIыным гурэ псэкIэ сыхэзышар,  зыми пэзмыщI Хьэх Сэфарбийщ», — жеIэ Рабия. 
  «Рабия нэхъ зыхуэIэзэр убзыхугъуейщ.  И рассказхэм ущеджэкIэ, шэч къытепхьэркъым зэрыпрозаикым. Ауэ и усэхэр плъагъумэ, моуэ жыбоIэж: Хьэуэ, дауи ирехъуи, мыр усакIуэщ!» — щитхащ Хьэх Сэфарбий «Шыхулъагъуэм и вагъуэхэр» тхылъым и хэзыгъэгъуазэ Iыхьэм. 
  Сэ сызэреплъымкIэ, Рабия икIи тхакIуэщ, икIи усакIуэщ, икIи егъэджакIуэщ. Абы езым и IэдакъэщIэкI «ЕгъэджакIуэ» усэр щыхьэт тохъуэж мы си псалъэхэм: 
 
 ЩIэныгъэм нуру хэтэджыкIыу 
 IэщIагъэу гугъэ псэм хуэхъуж. 
 Усхуэхъуэжынкъым узгъэикIэу, 
 УIэгъэу згъуэтыр зыдэхъуж. 
 Уэ уи цIэр фIыкIэ бэм къаIэтыр, 
 Щытхъупсыр гуащIэкIэ къохьыж. 
 ЗыхуэпщIыжауэ уи сурэтыр, 
 Уи напэр, фащэр къозэуж. 
 Егъэджэныгъэм пыщIа псори 
 Гу къуэпсхэм мывэу хэжыхьам, 
 Уи кIэн къикIащи, жьыри щIэри 
 ЗыщIэхъуэпс гъуэгум утехьам, 
 КъикIуэт умыщIэу кIуэ, ебакъуэ — 
 Лъэпощхьэпохэр къызэнэкI. 
 УхуимыкIуэт зы гугъуехь закъуэ, 
 Нэхугъэм гъащIэр хуегъэзэкI! 
IутI Iэминат, Алътуд курыт еджапIэ №I.
Поделиться: